Къабзагъэр япэ иригъэщуКъэбэрдей-Балъкъэрым къыщыщIагъэкI тхылъымпIэмрэ абы къыхэщIыкIа хьэпшыпхэмрэ я куэдагъым илъэс къэс хэхъуэ зэпытщ. Дызэрыт илъэсым къриубыдэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 77,8-рэ къыщIагъэкIащ. Ар процент 30-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Республикэм къыщыщIагъэкI тхылъымпIэмрэ абы къыхэщIыкIахэмрэ я нэхъыбэр къылъос Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ инхэм ящыщу Аруан щIыналъэм щыIэ «Эрпак» IуэхущIапIэм. Ар йолэжьыж тхылъымпIэ Iув къагъэсэбэпахэм икIи абыхэм къыхещIыкI картонхэмрэ гофрэхэмрэ. «Эрпак»-р зэрылажьэр Италием, Франджым, Германием щащIа техникэ нэхъыфI дыдэхэмкIэщ икIи и продукцэхэм фIагъ лъагэр яIэщ, экологие и лъэныкъуэкIи къабзэщ. Мазэм къриубыдэу IуэхущIапIэм зэрегъэкIуэкI тхылъымпIэжьу тонн мини 5-м нэблагъэ, кIэрыхубжьэрыху хэмыту, и зэран дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсми иримыгъэкIыу. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
20.01.2026 - 16:56 →
Къэдмыгъэсэбэпыж хабзэхэр
20.01.2026 - 13:15 →
Адыгэбзэм дэни сынехьэс!
20.01.2026 - 10:01 →
ПэхуэщIэхэр мэлажьэ
19.01.2026 - 20:04 →
Тутыныр зэранщ
19.01.2026 - 19:01 →
Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу
| ||




