Спорт хъыбархэр

Владикавказ зыкъыщагъэлъагъуэ

Владикавказ къалэм дзюдомкIэ щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 11-м я спортсмен 220-рэ, 2000 -2007 гъэхэм къалъхуауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщIэр яIэту бэнакIуи 8 абы щыIати, блым медаль зэхуэмыдэхэр къыщахьащ. Килограмми I00 зи хьэлъагъхэм я деж зыкъыщызыгъэлъагъуэ Мырзэбэч Iиляс япэ увыпIэр иубыдащ, Нэгъуей Темыр килограмм 66-м етIуанэ щыхъуащ.

Iэрыпщэ Къантемыр (кг 60), Пщыбий Амир (кг 60), КIуж Темырлан (кг 66-рэ), Жэмыхъуэ Марат (кг 73-рэ), Мамий Аскэр (кг 90) сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ.

Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Джэданэ Залым, Куп Эдуард, Махуэ Олег сымэ.

Челябински зыкъыщрагъэцIыху

«Локодзюдо» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ «А» серием хыхьэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэхуэсат къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 21-м я бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр, 2011 - 2012, 2013 - 2014 гъэхэм къалъхуахэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы щыIащ бэнакIуи 10 икIи абыхэм щыщу 7-м медалхэр къахьащ. Япэ хъуахэщ Щокъуий Ренат (кг 38-рэ), Срыкъуэ Ахьмэд (кг 50), Ацкъан Албэч (кг 55-рэ) сымэ. Шишхов Инвер (кг 38-рэ), Къэжэр Самир (кг 42-рэ), Абазэ Сэлим (кг 46-рэ), Чыржын Астемыр (кг 50) сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ.

Командэм и тренерхэр Джэданэ Залымрэ Бэгъуэт Мухьэмэдрэщ.

БАТОКЪУЭ Албэч.
Поделиться: