Лъагъуныгъэ4-нэ Iыхьэ Мыдрейр, къызэрыгубжьыр къапщIэу, и макъым зригъэIэтурэ, зыгуэрхэр жеIэ хьэрыпыбзэкIэ. Сэтэней, гъыным хуэдэу, и нэгур зэIуоуэ. Сэри зэдэлъхузэшыпхъум зызэрызэхуащIыр си ягъэу сыбжыжауэ сыщысщ, сыкъызэрыкIуэххам сыхущIегъуэжауэ. Абы хэту зэлIзэфызыр къыщIохьэж. КъагурыIуа хуэдэт зэгурымыIуэныгъэ гуэрхэр зэрекIуэкIыр, тIури щыму Бланэ йоплъ. ЩIалэр къотэджри щIокI. - КхъыIэ, къысхуэвгъэгъу, сэращ зи ягъэр, – зыкъэсIэтыжыну иужь ситщ. - Хьэуэ, хьэуэ, уэлэхьи, зыкIи умыкъуаншэ. Бланэ хэкужьым щыпсэу адыгэхэр фIыщэу илъагъуркъым. Аращ ауэрэ зыкъыщIыпхуищIар. Тхьэм щхьэкIэ, къытхуэгъэгъу! – къэгузэвэжащ Къазбэч. - Хэкужьыр фIыуэ зымылъагъурэ щIэмыбэгрэ адыгэ дунейм тет? – согъэщIагъуэ. - Уей, темыт! Бланэ щIэмыбэг уи гугъэ?! - Ар хъыбар щхьэхуэщ, кхъыIэ, и гугъу дывмыгъэщI! – псалъэмакъыр нэгъуэщI щIыпIэкIэ ишэну иужь итщ Дыгъэ. УкъызгуроIуэ, Дыгъэ, ауэ мы хъыджэбзыр нобэ ди хьэщIэщ. Ди къуэм и зэранкIэ емыкIу къэтхь пэтащ. Абы къыхэкIыу, Iуэхум и пэжыпIэр хуэтIуатэмэ, нэхъыфIщ, - идэркъым Къазбэч. - Тхьэм щхьэкIэ, фымыгузавэ. ЗыкIи фызгъэкъуаншэркъым. СрихьэлIащ, Къэбэрдейр фыадыгэжкъым, жызыIа, - си напIэхэр изохьэхри, щэху сохъуж. - Ар мыра къыщыбжаIар? – псалъэмакъым къыхохьэ Сэтэней. - Хьэуэ, Къэбэрдейращ. Мыбы никIа щIалэщ жызыIар. - Хэт жызыIар? – жи Къазбэч. - ЕджакIуэ нэкIуауэ, щIалэ гуэр сцIыхуа хъуат. Къаугъэ къиIэтщ, зауэри, къыщIадзыжат еджапIэм. КъыщыкIуэжым, аращ къытхужиIэжар. - А, Умар хъунщ уэ жыхуэпIэр! – ину къыхопсэлъыкI Сэтэней. А цIэр зэрызэхэсхыу, бэуэкIэщI сыхъуащ, пщIэнтIэпс къызэкIуат, си гум хуилъыр къащIэмэ, жысIэри, сыгужьеят. - Хэт Умарыр? – йоупщI Къазбэч и пхъум. - УэрэджыIакIуэр, на!– игъэщIагъуэу и адэм йоплъ Сэтэней. - Уэлэхьи, къэсщIэжам. НтIэ, нтIэ, зэхэсхащ. Тобэ, абы зы уэрэджыIэкIэ иIэщи! Уей, икIи щIалэ пщтыр гуэрым! - Пщтыр дыдэщ! Мыст… - адэкIэ, адыгэбзэр хуримыкъуу къэувыIэжащ Сэтэней. Езыри плъыжь хъужащ, и адэ-анэри къыщодыхьэшх. ТIэкIу сыкъыпыгуфIыкIащ, гугъу сехьми. Сэтэней и адыгэбзэратэкъым сэ къысфIэIуэхур а дакъикъэм. Умар теухуауэ зыгуэр зэхэсхыну пIэрэ, жысIэу арат. Ауэ абы фIэкIа Умар и гугъу ящIыжакъым. Сэри, сыщIэупщIэн сыукIытэри, зызущэхужащ. Мы унагъуэм Умар яцIыху, нобэ мыхъумэ, пщэдей сыщIэупщIэнщ, иджыри тхьэмахуэ сиIэщ. Умар щыпсэур Амманщ, къэгъуэтыгъуей хъуну къыщIэкIынкъым. - Уей, Тамарэ, сэри гузэрыдзэ сэзыгъэщIа гуэр и гугъу пхуэсщIыну сыхуейтэм! – жи Къазбэч, нэщхъейуэ. - КхъыIэ, Къазбэч, ухуейкъым! Мы пщащэм ишхар къыIурыбгъэхужу! – пэроуэ абы Дыгъэ. - Умыгузавэ, Дыгъэ, ягъэ кIынкъым. СынодаIуэ, Къазбэч, нобэ гу лъыстат уэ зыгуэр уи гум къызэреуэм. ЖыIэ! - Си благъэ гуэрхэр щыпсэууэ зэхэсхат лъахэжьми, зэзгъэцIыхунщ, слъагъунхэщ, жысIэри, си гуфIэгъуэм гъуни нэзи имыIэжу Къэбэрдейм сынэкIуат илъэсих ипэкIэ. Си благъэ сызыхуэкIуэхэм саугъэтхэр яхуэзгъэхьэзырри, сахыхьащ. Къэбэрдейр япэу щыслъэгъуам, сымыукIытэжыххэу жысIэнщи, си нэпситIыр къещэщэхыу сыгъат. Уэ къыбгурымыIуэнкIи хъунущ ар, уи хэку ущалъхужащ, ауэ сэ абы щыгъуэ зыхэсщIар зыми схуегъэпщэнукъым, псалъэкIи схужыIэнукъым. А махуэм сылIэми здэнут, си адэжь щIыналъэр слъэгъуати. СыздэкIуахэм дунеягъэкIэ жэнэтыр сагъэлъэгъуат. Абы къызаха хьэщIагъэмрэ къуэшыгъэмрэ нэхъ лъапIэ дунейм темыту, нэхъ IэфI Тхьэм къимыгъэщIауэ къэзолъытэ, - Къазбэч и нэпсхэм къызэпажыхьащ. - КхъыIэ, апхуэдэу дыдэу ущымыт, Къазбэч! – и щхьэгъусэм и узыншагъэм зэрытегужьеикIар и нэгум кърех Дыгъэ. - Сэ псы тIэкIу къыпхуэсхьынщ, ди адэ, - Сэтэней щIожри псы стэчан къыщIехьэ. - Зэи си гугъэнтэкъым апхуэдизу фигу къеуэу ар! – Къазбэч и псэлъэкIэр си гум щIыхьауэ сыщысщ, си нэхэр къижу. - Мухьэжырхэр щIэпсэур аращ – ди адэжь щIыналъэр зэ мыхъуми, зэ ялъагъуну щогугъ. Сыт хуэдиз фIыгъуэрэ мылъкурэ мыбы щыдимыIэми, псори зырикIщ, Кавказым зэ ди лъэр нэмысмэ. Къэбэрдейм щыпсэу куэдым жаIэ, Урыс – Кавказ зауэм щыгъуэ фыхыфIэддзэу Тыркум дыIэпхъуауэ. Ди адэжьхэм сыт хуэдиз гуIэгъуэрэ нэщIэбжьэрэ ягъэвами, уэрэ сэрэ тщIэрэ? Хэт илъэгъуа хьэмэрэ зэхиха а зэманым къекIуэкIар?! Зи мыхъу, я хьэдэр Кавказым къыщанэмэ нэхъ къащтэурэ, дапщэм хы ФIыцIэм зыхадзэжа?! Адыгэр залымыгъэкIэ ирашауэ аращ, армыхъумэ, зауэм щыщтэу, щалъхуа щIыпIэр ябгынакъым. Iэмалыншагъэр и натIэт а зэманым адыгэм. Апхуэдизу гугъу ар къыбгурыIуэну?! Куэдым къагурыIуэркъыми, абы си гур екъутэ. Си жагъуэщ зи щIыналъэр зрагъэбгына ди адэжьхэм апхуэдэу щыхужаIэкIэ, - бампIэм къызэгуиудырт Къазбэч. - Ар къызыхэкIыр пщIэрэ, Къазбэч?! Уры -Кавказ зауэр яджкъым ди щIалэгъуалэм. Псалъэм папщIэ, сэ седжакъым курыт еджапIэм сыщыщIэсым. ЕджапIэ нэхъыщхьэми щызджакъым, езыр-езыру тхылъ къасщтэу щыгъуазэ зысщIа мыхъумэ. Абы и ужькIэ, урысхэм си гур зыгуэр яхуэхъуат. Аращ, ди щIэныгъэлIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ зыщышынэр, урысхэмрэ адыгэхэмрэ дызэрылъагъу мыхъуу щIэддзэрэ, дызэзэуэжмэ, жаIэри. Аращ мыпхуэдэ Iуэху къекIуэкIахэр щIрамыгъэджыр. Ар тэмэмкъым. Къуаншэкъым иджыпсту псэухэр илъэсищэрэ тхущIрэ япэкIэ къэхъуам щхьэкIэ. Ар блэкIа Iуэхущ. БлэкIами, лъэужьыфI къигъэнакъым. Мис, фэ фи гум щыщIэ къудейм къегъэлъагъуэ а гуауэм и инагъыр, а зауэм дыхэмытами. ЦIыху зырызурэ уабгъэдыхьэу зыми зыри къыгурыбгъэIуэфынукъым. ЦIыхухэм, игъуэ нэсрэ я щхьэ хуэкIуэмэ, къащтэу яджынкIэ хъунущ ди тхыдэр, ди блэкIар. Ямыджмэ, адрейхэм жаIэр дыжаIэу, дэ дызахуэу, фэ фыкъуаншэу фыкъыщIрагъэдзу псэунущ. Ар зыми и ягъэкъым. Мыр гъащIэщ. ГъащIэм куэд къыщохъу. ГъащIэм лъэпкъ псо дунейм трелъэсыкI, уи Iур дыдж ещIри, IэфIи къыпхуещIыж, уи нэкIур кърехулэкIри, уи щхьэфэм Iэ къыделъэж. Дэ ди къарум илъыр зыщ – дызэрымыгъэкIуэду, дызэрыIыгъыу, мы дунеишхуэм и куэщIым дыщикъухьами, зы лъэпкъыу дыкъэнэжу дыпсэунырщ! Дэращ ди пщэдейр зэлъытыжар! – сыбэяужыфыртэкъым. - Сыту дахэу упсалъэрэ, сыту куэд хэпщIыкIрэ гъащIэм! Сэ зыгуэркIэ сыноупщIынщи, и жэуапыр къызэтыж-тIэ! – алъандэрэ нэгъуэщI пэш щIэсу къэдэIуа Бланэ къыщIолъадэ, губжьарэ и макъым зригъэIэту. Иджы адыгэбзэкIэ псалъэр. Псори щым хъуауэ еплъырт, зы «Iым» жызыIэн къахэкIакъым унагъуэ сыкъыздэкIуам. Псори шына хуэдэ, я щIалэ къытщхьэщытым худоплъей. - СынодаIуэ! – кIэщI дыдэу, си гуи си щхьи зэтелъу, зыхузогъазэ Бланэ. - Уэ фи цIыхухэр икIи бгъэкъуаншэркъым, икIи уакъыщхьэщыжыркъым, бгъэкъуаншэр зэманымрэ гъащIэмрэщ, къызэрызгурыIуэмкIэ. - Бланэ, мыбы сыт къуаншагъэу дэплъэгъуар, щхьэ мы пщащэм зебдза? Щхьэ си напэр тепхрэ? Дауэ зыхуэпщIрэ хьэщIэм?! – къопсалъэ Къазбэч. - КхъыIэ, сынолъэIу, узыхущIегъуэжын псалъэ жумыIэ! – и Iэ цIыкIухэр и бгъэм телъу, щабэу жеIэ Дыгъэ. Сэтэней, шынарэ, зиущэхужауэ щысщ. – КхъыIэ, дахэ, уи жагъуэ умыщI! Ди щIалэр икъукIэ цIыху пщтырщ. СынолъэIу, уи гум щIумыгъэхьэ и псалъэхэр! – си Iэм гуапэу къытоIэбэ Дыгъэ. - Си лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэм тхыдэр зэрамыщIэр зи щыуагъэр мыращ, жысIэу бжесIэфынукъым икIи а щыуагъэмкIэ сэ жэуап уи пащхьэ щыстыну укъэзгъэгугъэркъым, Бланэ. Аращ сэ жысIам къизгъэкIар. Укъызэрыгубжьын гуэр къызжьэдэхуауэ ара? - Моуэ етIысэх, Бланэ! Куэдщ си напэр зэрытепхар, - хуэм дыдэу къопсалъэ Къазбэч. Сэтэней аргуэру щIожри, хущхъуэ гуэр къыщIехьэ, бжэмышх цIыкIу ирекIэри, ирегъафэ. Мэ къысIурыуамкIэ къызгурыIуат - Къазбэч гу уз хущхъуэ ирагъэфауэ арат. - КъохьэлъэкIмэ, дытумыгъэпсэлъыхь, Къазбэч! – сыкъэгузэвэжащ. - Хьэуэ, дытепсэлъыхьынщ, дахэ. Си гум илъыр сIуэтэну сыхуейуэ аращ. СощIэ, тхьэусыхэныр адыгэлIым и щэнкъым, ауэ мыбы щыIэ адыгэхэм псоми адэжь щIыналъэм теухуа хъуэпсапIэхэмрэ гурылъхэмкIэ щызщ ди гур. АбыкIэ сыбдэгуэшэну аращ. ЕмыкIу сыкъыумыщI!
Поделиться:
Читать также:
15.01.2025 - 19:22 →
Iуащхьэмахуэ къыщыщыща хакIуэ
28.12.2024 - 12:38 →
Жьапщэ
28.12.2024 - 10:31 →
Лъагъуныгъэ
23.12.2024 - 15:48 →
Лъагъуныгъэ
21.10.2024 - 15:02 →
Акъылыншэр гъунэжщ
|