Анэдэлъхубзэр зи гупсэ

 «Адыгэ псалъэ» газетым зи макъ къиIукI ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм, ди гуапэ зэрыхъунщи, хэхъуэ зэпытщ. Къытхыхьэ щIалэгъуалэр жанщ икIи жыджэрщ, я зэфIэкIым зэрыхагъэхъуэным, я тхэкIэр зэрырагъэ­фIэкIуэным, утыку кърахьэ гупсысэр шэ­рыуэу зэрызэпагъэувэным иужь итщ, лэ­жьыгъэми гурэ псэкIэ етащ. Адыгэ гъащIэм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр къызэ­щIэ­зыгъэ­хьэ, абыхэм набдзэгубдзаплъэу якIэ­лъыплърэ зэгъэкIуауэ лъэпкъым и пащхьэ къизылъхьэж щIалэгъуалэм ящыщщ «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм гунэс ящыхъуа, зи хъэтI зиIэж, газетым и корреспондент Табыщ Мурат.

Ди лэжьэгъум и цIэр адыгэ дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм кIэлъыплъ дэтхэнэми зэрызэхихам шэч хэлъкъым. НыбжькIэ щIалэми, ар къыщащIэ ди щIыналъэм и мызакъуэу, адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэми. Зи гъащIэр лъэпкъ Iуэхум езыпха Табыщ Мурат газетым къэкIуэн ипэкIэ дунейр зригъэлъэгъуащ, жыпIэми щыуагъэ хъуну къыщIэкIынкъым. Аращ илъэгъуар зи гупсысэ шыбзэм щIэзыгъэкIыж щIалэм ­къедаIуэхэм яжриIэн щIигъуэтри, и тхыгъэхэм къеджэхэм я деж нихьэс гупсысэр хьэ­лэмэту зэIуезыгъащэри.
Табыщыр Зеикъуэ къуажэм 1980 гъэм щIышылэм и 8-м къыщалъхуащ. Абы дэт курыт еджапIэр хъарзынэу къиухри, Табыщыр щIэтIысхьащ КъБКъУ-м урысыбзэмрэ адыгэбзэмкIэ и къудамэм. Мурат еджэ­ным фIы дыдэу хэзэгъащ, тхылъ плъыжькIи къиухащ. ЕджапIэр къызэриу­хыу Мурат Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и аспирантурэм щIэтIысхьащ, а зэреджэм хуэдэурэ адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм лэжьэн щыщIидзащ. Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ЦIыпIынэ Аслъэн и щIэныгъэ унафэм щIэту абы адыгэ хъуэхъужьхэм теухуа къэхутэныгъэ зыбжанэ иригъэкIуэ­кIащ, кандидат лэжьыгъэри игъэхьэзыращ.
Мурат хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм щIэныгъэ гуращэкIэ япэ дыдэу щахыхьар 2009 гъэращ. ЩIалэщIэр абы лъандэрэ япыщIащ хамэщI щыIэ ди лъэпкъэгъухэм. Илъэс куэд лъандэрэ абыхэм Мурат анэ­дэлъхубзэмкIэ курсхэр ядрегъэкIуэкI. Аращ хамэ къэрал щыпсэухэм адыгэбзэр зэры­зэрагъэщIэну тхылъыр япэ дыдэу зэхэзыгъэувари.
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и зэхэшакIуэщ Мурат, илъэсипщIым щIигъуауэ лажьэ а гупыр еунэтI. Адыгэбзэ Хасэм ирегъэкIуэкI анэ­дэлъхубзэм и пщIэр къэIэтыным хуэунэтIа зэпеуэхэр, зэхьэзэхуэхэр, щIэнIуатэхэр, Iэнэ хъурейхэр. Къыхэгъэщын хуейщ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и жэрдэмкIэ къыдэкI «Гъуазэ» журналым и редакцэ гупым Мурат гуащIафIэу зэрыхэтыр, абы егъ­э­­джакIуэхэм яхуэщхьэпэну тхыгъэхэр къы­хэхынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIихыр.
Бгъэдэлъ апхуэдэ зэфIэкIхэр къалъы­тэри, Табыщыр КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм 2014 гъэм ирагъэблэгъащ, лъэпкъ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и пашэуи ягъэуващ, илъэси 5-м нэскIи а ­къулыкъур къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ. Мурат лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ, анэ­дэлъ­хубзэмкIэ егъэджакIуэхэр зэшэлIэ­ным, абыхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэр методи­кэ и лъэныкъуэкIэ нэхъри егъэфIэкIуэным хуэгъэпсауэ.
2019 гъэм къыщыщIэдзауэ Табыщыр «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэщ. ЖыпIэнурамэ, абдежми щIалэм щIэрыщIэу зыкъыщызэкъуихащ. Мурат и къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэр хьэлэмэтщ, купщIа­фIэщ, абыхэм ящыщ куэдым я лъабжьэщ илъэс зыбжанэкIэ зэхуихьэса IуэрыIуатэр, щыкуэдщ бзэм хэкIуэдыкIыжу хуежьа псалъэхэр, адыгэбзэм и жыпхъэм иригъэува псалъэщIэхэр. Аращ ахэр газетым и щIэджыкIакIуэхэм гунэс щIащыхъури.
Журналист лэжьыгъэм хъарзынэу хэзэгъа Мурат цIыху хэтыкIэ дахи иIэщ. Ар гупцIанэщ, щабэщ, гумащIэщ, хэти щIэгъэкъуэн хуэхъуну хьэзырщ. Нэхъыщхьэращи, пэжагъ хэлъщ, утыку укъринэнукъым. Зи щытыкIэр зэпIэзэрыт Мурат лэжьэгъу­хэм яхэзэгъащ, фIыуэ къалъагъу. Зи IэнатIэр екIуу езыхьэкI щIалэм и унагъуэри дахэщ, хабзэрэ зэгурыIуэрэ илъщ, нэхъыжьыфIхэр къыщхьэщытщ.

Тамбий Линэ.
Поделиться: