Дэтхэнэ адэ-анэм я дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ гъэсэныгъэ тэмэм зыхэлъ щIэблэ узыншэ къащIэхъуэным. Аращ абыхэм я дежкIэ насыпу щыIэм я нэхъыщхьэ дыдэр, сыту жыпIэмэ быным къыуит гушхуэныгъэм хуэдиз нэгъуэщI зыгуэрми къыпхилъхьэфынукъым. Апхуэдэ гурыфIыгъуэр адэ-анэм зыхащIэ, я быныр цIыху пэжу, зыхэтымкIи илэжьымкIи жэуаплыныгъэ хэлъу щалъагъукIэ. Къэзылъхуахэм апхуэдэ гупсэхугъуэ езыт, зыхэт гупми фIыкIэ къахэщ цIыхущ «Адыгэ псалъэ» газетым 2006 гъэ лъандэрэ щылажьэ Жыласэ Замир.
Жыласэхэ Заурбэчрэ Маритэрэ я бын пажэр Мэзкуу къалэм 1985 гъэм и щIышылэм и 11-м къыщалъхуащ. Ломоносов Михаил и цIэр зезыхьэ МКъУ-м IэщIагъэ щызэзыгъэгъуэт зэщхьэгъусэхэм я дежкIэ фIыгъуэ мылъытэт къащIэхъуэ щIалэ цIыкIур. 1987 гъэм Жыласэхэ я унагъуэм еджэныр къаухри, адэжь лъахэм къагъэзэжащ. Аруан щIыналъэм хиубыдэ Къэхъун жылэм дэт курыт еджапIэм щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Замир. Еджэным щыпэрыт ныбжьыщIэм тху защIэкIэ къиухащ ар икIи дыщэ медалыр и Iэрылъхьэу къыщIэкIащ. Адыгэбзэр зи псэм хэлъ щIалэщIэр егупсысакIэт зыхуеджэну IэщIагъэм: 2002 гъэм Замир щIэтIысхьащ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм, зригъэгъуэтыну щIэныгъэри и зэфIэкIри лъэпкъыбзэм хуиунэтIын мурадыр иIэу.
Апхуэдэуи хъуащ: КъБКъУ-р диплом плъыжькIэ къиухри, «Адыгэ псалъэм» уващ. ИужькIэ и зэфIэкIым щыхигъэхъуащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и аспирантурэми.
– Журналистикэм сызэрысабийрэ сыхэпщIауэ сыкъокIуэкI сэ, – пыгуфIыкIыу жеIэ Замир. – Иджыри сыцIыкIуу, зи кIэлындорхэмрэ аудиториехэмрэ куэдрэ къызэхэзжыхьа МКъУ-м и профессорхэм, студент куэдым я IэплIэ сыщагъэфIащ. «Ди деж ущеджэнумэ, ди бжэхэр зэIухащ», – къыздэгушыIэрт ахэр икIи Iэмал имыIэу журналист сыхъуну къызжаIэрт. Ди унагъуэми куэдрэ щызэхэсхырт а IэщIагъэм теухуа псалъэмакъхэр.
Редакцэм щылажьэ гупыр гуапэу къыIущIащ щIалэщIэм икIи IэщIагъэм хэзэгъэнымкIэ сэбэпышхуэ къыхуэхъуащ. Замир а IуэхущIапIэр и етIуанэ унэу къелъытэ икIи сыт щыгъуи гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ щегъуэт. Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ физкультурэмрэ спортымкIэ ди щIыналъэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм ехьэлIа репортажхэр, и мащIэкъым а IэнатIэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьа цIыху цIэрыIуэхэм ятеуха очеркхэр, интервьюхэр.
Зи IэнатIэм игури и псэри етауэ пэрыт щIалэм и цIыхугъэми удехьэх. Замир пэжу къыббгъэдэтщ, чэнджэщи къыуитыфыну, и ущиери зэхыуигъэхыфыну зэфIэкI бгъэдэлъщ. «Узэхэзыхым узыхещIэ», жаIэ. Ар дзыхь зыхуэпщI хъун щIалэщ, ущыхуэныкъуэм деж къыпкъуэувэн икIи уи Iуэхур игъэдахэу къыпкъуэтын цIыхущ. Щэн дахэ иIэщ Замир, куэдым я деж къыщыплъыхъуэу, ауэ щумыгъуэтыр нэхъыбэу: ущепсалъэкIэ, и кIэм нэс гупсэхуу къодаIуэ, епхьэлIэ гукъеуэм хэкIыпIэ къыхуилъыхъуэу къыпщыхъуу. ИкIи, пэжыр аращи, жэуап нэс абы деж щыбогъуэт. Гуп хыхьамэ, ар зыгъэгушхуэ, Iуэху къыкъуэкIамэ, ар екIуу зэфIэкIа хъун папщIэ етIысэх имыIэу абы иужь ит щIалэ гумызагъэщ Замир. ГушыIэ дахэ зыхэлъ, щытыкIэ зэпIэзэрыт зиIэ Жыласэр зыхэтым фIыуэ щIалъагъур, къыщIалъыхъуэр хэлъ Iэдэбырщ, гъэсэныгъэрщ.
Замир анэдэлъхубзэм хуиIэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ мащIэкъым Хэкум хуиIэ гурыщIэри. Ар зауэлIщ, щалъхуа лъахэм и щыжакIуэщ. Замир дзэ Iуэху хэхар къызэрежьэрэ хэтщ, адыгэлI нэсуи зыщигъэлъэгъуащ. Абы и щыхьэтщ Жыласэм къыхуагъэфэща «Кавказ Ищхъэрэм къулыкъу зэрыщрихьэкIым папщIэ», «Дзэ зэкъуэшыныгъэ», «ЗэуапIэм къыщигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ» медалхэр, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и дамыгъэр.
Хэкур, лъэпкъыр, анэбзэр фIыуэ зылъагъу щIалэм узыншэу къигъэзэжыну, и псэр зыхэлъ лэжьыгъэм пэрыувэжыну ди гуапэщ.