Зэчий зыбгъэдэлъ цIыхум и лэжьыгъэр гъэщIэгъуэн куэду уи пащхьэ кърехьэф. Апхуэдэщ «Адыгэ псалъэ» газетым и сурэттех Къарей Элинэ.
2025 гъэм и пэщIэдзэм абы къыдигъэкIащ щхъуэкIэплъыкIэ дахэу зэхэлъ, блыным фIадзэ махуэгъэпс. Абы и напэкIуэцI 12-м ихуащ Элинэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щытриха сурэтхэр. Газет лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ди IуэхущIэгъур дэзыхьэхщ жьы хъуа бжэхэм, щхьэгъубжэхэм сурэт техыныр.
«Хамэ къэралхэм зыплъыхьакIуэ сыщыкIуэхэм деж гу лъызотэ цIыхухэмрэ щIыпIэхэмрэ зыгуэркIэ зэрызэпыщIам. Къалэм и щыIэкIэ-псэукIэр хыболъагъуэ абы и архитектурэм. Псалъэм папщIэ, КъуэкIыпIэм щыIэ къэралхэм я теплъэр бжащхьэ хъурейхэм къагъэлъагъуэ, Европэм щыIэхэр нэхъ зэщIэкъуащ, Ипщэ щIыпIэхэм щыплъагъур лэч зэмыфэгъухэмкIэ ла бжэхэрщ. Абыхэм я зэхуэмыдэныгъэм къегъэлъагъуэ ар зыхэлъ унэхэм щыпсэу цIыхухэм я шыфэлIыфэр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, бжэ къэс гъащIэ щхьэхуэм и щыхьэтщ. Я плъыфэкIи, щIыкIэкIи, теплъэкIи зэмыщхь бжэхэм цIыхур дэнэ щIыпIэ щымыпсэуми зэпащIэ, сэ сызэреплъымкIэ. Псори къыхузоджэ я архитектурэр яхъумэну, бжэхэм хуэсакъыну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм яхъумэ ди блэкIари, ди нобэри», - жеIэ Элинэ.
Махуэгъэпсым ихуа сурэтхэр Къарейм щытрихащ Истамбыл, Бодрум (Тырку), Лондон (Великобритание), Рим (Италие), Тбилиси (Куржы), Сыхъум (Абхъаз).
Ди лэжьэгъу пщащэр сурэттех къудейкъым, атIэ сыт хуэдэ художникми хуэдэу, хьэпшыпхэм, щIыуэпсым, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм езым и еплъыкIэ яхуиIэщи, зэпеуэхэм, фестивалхэм ирагъэблагъэ, апхуэдэу ар мызэ-мытIэу щыIащ ди гъунэгъу хэгъэгухэм, хамэ къэралхэм къыщызэрагъэпэща зэхыхьэ инхэм.
Абы и IэдакъэщIэкIхэр плъэгъуа нэужь, къыбгуроIуэ пасэрейм пщIэ хуэщIын, ар нобэ щыIэ дахагъэхэм дебгъэкIун зэрыхуейр сурэтхэмкIэ къызэрыджиIэр.
Cурэтыр Къарей Элинэ трихащ.