УсакIуэ гъуэзэджэт

УсакIуэ, тхакIуэ, журналист Къагъырмэс Борис Хьид и ­къуэр Лэскэн районым хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм 1935 гъэм щIышылэм и 6-м къы­щалъ­хуащ. 1953 гъэм къуажэ ку­рыт еджапIэр къеухри, зы илъэскIэ абы щолажьэ пэщIэ­дзэ классхэм я егъэджакIуэу. 1954 гъэм Къэбэрдей къэрал пед­­институтым (иджы КъБКъУ-м) и филологие факультетым щIотIысхьэри, 1959 гъэм ехъулIэныгъэкIэ ар къеух, урысыбзэмрэ литературэмрэ щIэблэм иригъэджыну къуажэ школым егъэзэж.

1960 - 1961 гъэхэм Борис щеджащ Комсомол школ нэхъыщ­хьэу Москва щыIам. 1961 - 1965 гъэхэм «Советская молодёжь» газетым и къудамэм и уна­фэщIщ. ИужькIэ ар щылэжьащ радиом, «Ленин гъуэгу» газетым и редакцэм. 1986 гъэм къы­щы­щIэдзауэ, пенсэм тIысыжыху, «Iуащхьэмахуэ» журналым про­зэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ. Къагъырмэсыр 1963 гъэм щегъэжьауэ Урысейм и Журналистхэм я союзым, 1972 гъэ лъандэрэ Урысейм и Тха­кIуэхэм я союзым хэтащ.
«Адыгэ псалъэ» газетым Борис къатхэу щыщIидзам абы зэ­реджэр «Къэбэрдей пэжт». Абы щыгъуэ ар 6 - 7-нэ классхэм ще­джэрт. Ар тетхыхьырт я къуажэм щыщ лэжьакIуэфIхэм икIи щы­гуфIыкIырт фIыуэ илъагъу га­зетым ахэр къызэрытехуэм, зы­тетхыхьхэми гуапэ зэращыхъум. 
Ар письмокIэ къапыщIа хъуат редакцэм и лэжьакIуэхэу ТIы­хъужь Зэмахърэ ТIажь Пётррэ. Курыт еджапIэр къиухыу университетым щIэтIысхьа нэужь, абы­хэм нэхъри трагъэгушхуащ тхэ­ным. Усэхэм, Iуэтэжхэм, очерк­хэм зрипщытащ абыхэм я фIыгъэкIэ. 
Университетыр къиухри, «Советская молодёжь» газетым илъэситхукIэ щылэжьащ, итIанэ «Ленин гъуэгу» газетым къащтащ жэуап зыхь секретарым и ­къуэдзэу. Ар IэнатIэ мытыншми, зэпымыууэ тхэрт. Борис зыхэхуа гупыр хуабжьу игу ирихьырт, езыри фIыуэ къалъагъурт.
Къагъырмэс Борис и япэ усэ­хэр газетхэмрэ журналхэмрэ къы­техуэу щIидзащ 1950 гъэхэм. И япэ усэ тхылъыр, «ФIэхъус апщий!» зыфIищар, 1962 гъэм къыдэкIащ. Абы къыкIэ­лъы­кIуащ и усыгъэхэмрэ и про­зэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ 25-рэ - «ГъащIэ лъэужьхэр», «ЛIэщIыгъуэ уардэ», «УафэхъуэпскI къудамэ», «Махуэм и макъ», «МахуэщIэ», «Гуапагъэ», «Шэджа­гъуэ», «Вагъуэбзэ», «Щыхьэт», «Гупыж», «Лэскэн пшыналъэ», уры­сыбзэкIэ зэдзэкIауэ Москва къыщыдэкIа «Ветка молнии», «След солнца», Налшык дэт «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къы­щыдэкIа «Быстрина», «Узлы», «Гостите у меня» сборникхэр, ­сабийхэм папщIэ итха усэхэр зэрыт «Дождевой телефон» тхы­лъыр, нэгъуэщIхэри. Зэрынэ­ры­лъагъущи, усыгъэм къыдэкIуэу Борис хуэIэкIуэлъакIуэт литературэм и адрей жанрхэми. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ зы сатыр, сатыритI фIэкIа мыхъу жыIэгъуэхэр, рассказхэр, басня кIэщIхэр, пародиехэр.
Лъэпкъ поэзием зи лъагъуэ щыпхызышыжа, ерыщу, и зэфIэ­кIым шэч къытримыхьэжу а лъагъуэм ирикIуа усакIуэщ Къа­гъырмэсыр. Ди зэманым и нагъыщэ нэхъыщхьэхэм, цIыхухэм я гурыгъу-гурыщIэхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ тхакIуэм гу зылъитахэр IупщIу къэзыIуатэ сатыр куэд ди пащхьэ кърилъ­хьащ. Ар зэрыусакIуэ нэгъэсар и гуащIэмкIэ белджылы ищIащ. Зэманым и жьы къабзэ зыщIихуа, лъэхъэнэм и дамыгъэ зы­телъ, езы усакIуэм и гурыщIэ нэхукIэ, и гупсысэ узыншэкIэ узэщIа усыгъэхэр ди литерату­рэм и зы IыхьэфIщ.
Борис и критикэ тхыгъэхэм къы­хощ ар лъэпкъ литературэм  и зыужьыкIэм щIэгупсысу, абы егъэщIылIа Iуэху­шхуэхэр IэкIуэ­лъакIуэу зэпкърихыу, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я литературэм фIыуэ щыгъуазэу, абы дерс тэмэмхэр къыхихыфу зэ­рыщытар.
Къагъырмэсыр икIи зэдзэ­кIакIуэ IэкIуэлъакIуэт. Абы адыгэ­бзэм къригъэзэгъащ усакIуэ цIэрыIуэхэу Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Шевченкэ Тарас, Петраркэ Франческэ, Мечиев Кязим, Хетагуров Коста, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр. Езым и гуащIэми апхуэдэ гулъытэ игъуэтащ, и усэхэр латыш, болгар, эстон, украинэ, осетин, белорус бзэхэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIи зэрадзэкIащ. 
Ди лъэпкъ литературэм и пащ­хьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ ­Къагъырмэс Борис къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и цIыхубэ усакIуэ» цIэ ­лъапIэр. Ар КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, ­КъБАССР-м и комсомолым и ­саугъэтым и лауреатщ.
И гъащIэ гъуэгуанэмрэ и IэдакъэщIэкI купщIафIэмрэ къадэ­кIуэу, Борис и дуней тетыкIэм, и цIыху щIыкIэм, и гуп хэтыкIэм ­теухуауэ куэд пхужыIэнущ. Пе­чатым и унэм щылэжьэхукIи, IукIыжауэ лъагъунлъагъу къы­щыкIуи ар гуапэу щытащ, ди тхыгъэхэм щыгуфIыкIыу, къыт­щIэупщIэу. АдэкIэ тыдодзэ Борис и усэ зыбжанэ.

Къагъырмэс Борис

Си адыгэбзэ

IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъыр,
Уи гуапагъэр
Куэд щIауэ псэкIэ зыхэсщIэу сопсэу.
СлъэкIамэ, ахэр минкIэ згъэбагъуэу,
Сыпхуэлэжьэнти, си бзэ, гъащIэ псом.
Уэрщ сытым щыгъуи си гур зыгъэнэхур,
СиIэту уэрщ сизыхьэр лIыгъэ уэгу.
Ди лъэпкъым щыщми,
УзыфIэмыIуэхум,
Адыгэу сыбжу симыплъэн и нэгу.
ФIокIуэдыр и пщIэр уи пщIэр зыгъэкIуэдым,
КъыпхужызыIэм: «Бзэ лъэрымыхь цIыкIущ…»
Уэ къыпхуэпэж уи бын гуащIафIэ куэдым
Я тхыгъэхэр ипхьащ дуней утыку.
Сэ уэ къыппэплъэм согупсысыр куэдрэ…
Сыхуейщ уи гъащIэр хъуну нэхъри кIыхь.
Насып иIэжкъым лъэпкъым, и бзэр кIуэдмэ, -
ЗауэлI Iэщэншэу, мэхъу ар лъэрымыхь.
Хуэблэжьыр лъэпкъым нэхъри уэ бгъэбагъуэу,
Ди адыгэбзэ, куэдрэ утхуэпсэу.
IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъым, уи гуапагъэм
Щыгъуазэ сщIынт, слъэкIамэ, дуней псор.

Си лъэужь

ЛIэщIыгъуэ тIощIрэ езанэм
Къыщызолъыхъуэ си лъэужь.
Зыхузогъазэри зэманым, 
ПIейтейуэ сигу, абы соупщI: 
«Зэман, уощIэжыр: сэ зэгуэрым 
ЛIэщIыгъуэ кIуам сыщыпсэуащ, 
Къару семыблэу, слъэкIыр псори
Си Хэкум уэрэ фхуэзлэжьащ. 
Гугъуехь мымащIэ фыщыхуэзэм - 
ЗысщIын сыщIэкъурт щIэгъэкъуэн, 
Сэ сфIэфIт сыфщIыгъуу, къэзмыгъазэу, 
Фи хьэлъэ схьыу сывдэбэкъуэн.
Ерыщу скIуами гъащIэ гъуэгур, 
Абы кIэ иIэу къыщIэкIащ. 
Фэ тIур: зэманыр, фIыу слъагъу Хэкур - 
Фи гъуэгу мыухт - фысщхьэщыкIащ…»
ЛIэщIыгъуэ тIощIрэ езанэм 
Къыщызолъыхъуэ си лъэужь. 
Ар щызмыгъуэтым си Хэку-анэм,
«ЛIэпащ» жыхуаIэр къызолэжь. 
Хьэуэ! Солъагъур си лъэужьыр,
Ар уи гъуэгу иным хэтщ, си Хэку, 
Ар щыщщ, Зэман, уэ уи Iэужьым, 
АбыкIи хъуащ мыух си гъуэгу!

Си Къэбэрдей

Си бгъэм сигу зэрилъым хуэдэу, 
Уилъщ уэ си гум, Къэбэрдей. 
Лъыуэ сщIэтыр зезыгъакIуэр
Уэрщ, си лъахэ, си дуней. 

Уэ узиIэу щымытамэ,
Куэд си гъащIэм хущыщIэнт.
УсIахамэ - псы гъужауэ, 
Гъуэгу бгынауэ сыкъэнэнт.

Сыт ухыгъэу симыIами - 
ФIы ирехъу, ирехъу ар Iей, 
Насып си бэу сэ слъытэнущ, 
УищI сытетмэ, Къэбэрдей. 

Уэрщ си къуэпсхэм я къежьапIэр, 
Жыгыу уи щIым сыкъыщокI. 
Уэ угуфIэм - сэ согъагъэ, 
Унэщхъейм - лъэкIын лIым слъокI. 

Уи хьэуакIэ сымыбауэм, 
СщIэуэ сохъур бауэкIэщI.
НэгъуэщI хэку сэ нэху щызгъэщым, 
СызэпщIыхьыр уэрщ, адэщI.

ЩIыпIэу щыIэм сахэгъадэ, 
КъэзгъэкIухь мы дищI хъурейр - 
Анэ бгъафэу, захуэздзынущ
Сэ уи къуршхэм, Къэбэрдей!

 

Зыгъэхьэзырар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
Поделиться: