Адыгэ унагъуэ псоми къаIэрыхьапхъэщ

«Адыгэ псалъэ» газетыр илъэси 100 зэрырикъуар лъэпкъым дежкIэ махуэ­шхуэу къелъытэ и тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI, Джэрмэншык къуажэм и нэхъыжьыфI ЛIуп Нурхьэлий. Сыт щхьэкIэ жы­пIэмэ, адыгэ­хэм нэхъапэм газети, тхы­лъи диIакъым, диIэми, еджэфынур мащIэ дыдэт.

Октябрь революцэм лъэпкъ мащIэхэм къытхуихьащ ди еджэнри, тхыгъэри. Пэжщ, апхуэдэу жы­пIэмэ, иджы зи жагъуэ ­хъухэри щыIэщ. Сэ къызэ­рыслъытэмкIэ, революцэм и ужькIэ адыгэм ди щэн­хабзэм, щIэныгъэм, гъэ­сэныгъэм, экономикэм заужьынымкIэ лэжьыгъэ ин иригъэкIуэкIащ дэ фIыуэ тлъагъу ди адыгэ газетым.
Сэ си щхьэр къэсщтэнщи, гъащIэм си еплъыкIэр куэдкIэ ­нэхъыфI ищIурэ илъэс 50-м щIигъуауэ къыздо­гъуэгурыкIуэ мы газетыр. Абы япэ дыдэ сыщрихьэлIар Хэку ­зауэшхуэр щекIуэкI лъэхъэнэрт. Жэщри махуэри я зэхуэдэу колхозхэтхэр губ­гъуэм итт: вэрт, сэрт, пщIэрт, гъавэ Iуахыжырт, мэкъумылэ ягъэ­хьэ­зырхэрт.
НэхъыщIэхэри абыхэм дэIэпыкъуэгъу дахуэхъурт: псы ­къахуэтхьырт, щIэпыр культивацэ щащIкIэ, гъавэ къыщрашкIэ шы, вы IумпIэ тIыгът, щывэкIэ выщхьэтесу, прицепщикыу дылажьэрт, комбайным гуэдз щыIуихыжкIэ хьэуазэ къигъэдзу дыщытт, гъавэр элеваторым шыгукIэ, выгукIэ тшэрт.
А зэман гугъум шэджагъуэ зыгъэпсэхугъуэ къэс «Къэбэр­-дей пэж» газетым зауэм теухуауэ тет хъыбархэм, республи­-кэм, къэралым щекIуэкI Iуэхугъуэхэм бригадэ учётчикыу лажьэхэу Къардэн Башир, ЛIуп Хьэжысмел, Балъкъыз Хьэ­кIашэ сымэ къахуеджэрт лэжьакIуэхэм. Ахэр теухуат ди Дзэ Плъыжьыр ипэкIэ кIуэтэн, ди текIуэныгъэр къэблэгъэн пап­щIэ лэжьыгъэ екIуэкIхэм, зауэм Iут ди лIыхъужьхэм мэкъумэшы­щIэ­хэм зэрызыкъыхуагъазэ псалъэмакъхэм.
А зэманым телевизор щыIэтэкъым, радиор нэмыцэ зэрып­хъуакIуэхэм зэхакъутауэ лажьэртэкъым. Къэралым, респуб­ликэм щекIуэкI Iуэхур кърипщIэну щыIэр газетырт. Дэ фIыуэ тлъагъу абы тет къыхуеджэныгъэхэм едаIуэ лэжьакIуэхэм ­къаруущIэ къыздикIар ямыщIэу, лэжьыгъэм щIадзэжхэрт. Ди колхозхэтхэм я лэжьыгъэфIым теухуауэ сэри си тхыгъэ цIыкIу газетым къытехуауэ щытащ икIи алъандэрэ зэныбжьэгъуфIу дыкъызэдокIуэкI. Абы къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым сэ къызогъэхь адыгэ газетыр.
Зауэ лъэхъэнэм, абы иужькIэ пощтзехьэу лэжьахэу Джыназ Дзадзырэ, Фокъуэ Жилэ (я хьэдрыхэ фIы Тхьэм ищI) сымэ ­шуууэ районым, япэщIыкIэ Вольнэ Аул, итIанэ Нартан кIуэурэ уэшх къешхми, уэс къесми къамыгъанэу, и чэзум газетхэр, ­письмохэр къытIэрагъэхьэу щытащ.
1956 - 1957 гъэхэм ди институтым и студентхэр гъэмахуэ ­зыгъэпсэхугъуэхэм Къэзахъстаным щIыщIэ къаIэтым ды­щы­лэжьащ. Абы дэнэ къикIынт адыгэ газетыр, ауэ дыкъэкIуэжа иужь институтым и читальнэ залым сыщIэтIысхьэрти, ма­хуитI-щыкIэ сыщIэст номерхэр щIэзджыкIыжу. Иджыри сыкъэтыну зыщIыпIэ сыкIуамэ, унэм исхэм я къалэнщ зы ­газет мычэму сыкъэкIуэжыху схуахъумэну.
А къомыр къыщIезгъэкIуэкIыр уи бзэкIэ къыдэкI газетыр уи гум къызэрыдыхьэм хуэдэу зы газети пхуэхъунукъым. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ар унагъуэ мащIэ дыдэщ зэрыхьэр. Иджыпсту «Адыгэ псалъэ» газетым и тиражыр зэрыхъур ­мащIэщ. Ар ди адыгэ лъэпкъым и дежкIэ сфIэемыкIущ.
УщрихьэлIэ щыIэщ, къулыкъуфI яIыгъыу, ахъшэфIи къахьу, ауэ я бзэкIэ къыдэкI газетыр къызыIэрымыхьэ. Щхьэ «Адыгэ псалъэ» газетыр къыумыгъэхьрэ жыпIэмэ, «Сэ адыгэбзэкIэ ­къеджэкIэ сщIэркъым», - жаIэ. Сэ слъэкIамэ, зи бзэкIэ къе­мы­джэфым къулыкъуфIи естынтэкъым. ИтIанэ уащрихьэлIэ щыIэщ лэжьапIэм кърагъэхь газетымкIэ зи Iуэху зэфIэзыгъэкIхэми. Ар емыкIущ.
«Адыгэ псалъэм» мы зэманым, сэ сызэреплъымкIэ, лэ­жьакIуэфIхэр иIэщ, си гугъэщ абыхэм куэд яхузэфIэкIыну. Ар илъэсищэ зэрырикъум теухуауэ хъуэхъуу къыхужаIар а га­зетым и лэжьакIуэхэм, япэм щылэжьахэм Тхьэм къалъигъэс, адыгэ лъэпкъыр абы щигъэгуфIыкI!
«Адыгэ псалъэ» газетым адыгэ унагъуэу щыIэм Iэ традзэмэ, абы и пщIэр нэхъри нэхъ лъагэ хъужынут. Хуабжьу си жагъуэ мэхъу ар къызыIэрыхьэр зэрымащIэр. Дэ адыгэхэм абы Iэ ­тедмыдзэмэ, нэгъуэщI лъэпкъым тридзэнукъым.
Сэ илъэс къэс си ахъшэкIэ цIыхуипщIым «Iуащхьэмахуэ» журналым Iэ яхутызодзэ. «Адыгэ псалъэ» газетыр лъапIэщи, си пенсэр апхуэдизым пэлъэщынукъым.

 

Зыгъэхьэзырар УЭРДОКЪУЭ Женящ.
Поделиться: