КъБР-м ПечатымкIэ и унэм щызэхэтащ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм къызэригъэпэща «Журналист ныбжьыщIэм и еджапIэ» мазищым щIигъукIэ щрагъэджахэр щызэхуашэса зэIущIэ.
Зэхыхьэм хэтащ республикэм лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулат, «КъБР Медиа» IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Холлаев Тамерлан, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч, «Заман», «Советская молодёжь» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Конаков Хьэсэнрэ Суано-вэ Залинэрэ, зи гугъу тщIы еджапIэм иригъэкIуэкIа дерсхэм пхыкIа ныбжьыщIэхэмрэ абы-хэм я лэжьэкIэм кIэлъыплъахэмрэ.
ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIар Жыласэ Заурбэчщ.
- Ди къалэныр зыхуэгъэзар еджапIэм къекIуалIэхэр журналистикэр зищIысым, абы и щэхухэм щыгъуазэ фыхуэтщIынырт, а лъэныкъуэмкIэ фи зэфIэкIыр, и пэщIэдзэ нэхъ мыхъуми, фэ езыхэм зэхэвгъэкIынырт. Си гугъэщ мыбдежым щывгъэкIуа зэманыр фэркIи дэркIи пщIэншэ мыхъуауэ, дерсхэм едэIуахэр а Iуэхум нэхъ гъунэгъу фызэхуищIауэ, фщыщ дэтхэнэми журналистикэм и «хъуаскIэ» къыфхидзауэ. Фызыхуедгъэджа-фызыхуедгъэсахэр адэкIи къызэрывгъэсэбэпынур зэлъытэжар, дауи, фэ езыр а Iуэхум фызэрыбгъэдыхьэрщ.
Согугъэ дэ иджыри дызэIущIэну. Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм деж зэпыу имыIэу щыдгъэлэжьэну ди мурадщ «Журналист ныбжьыщIэм и еджапIэ» зыфIэтщар. КъыдэхъулIэмэ, еджапIэ цIыкIум и етIуанэ, ещанэ, еплIанэ зэхэшэгъуэхэри зэдгъэуIунущ. Адрейхэр нэхъри нэхъ гъэхуауэ едгъэкIуэкIыну ди мурадщ. Алъандэрэ еджэныгъэм нэхъ тедгъэщIамэ, иджы дерсхэм къекIуалIэхэр цIыхухэм зэрадэлажьэми дыкIэлъыплъынущ. КъызэрытлъытэмкIи, а бгъэдыхьэкIэрщ фэ нэхъ фызыпсыхьынур, лэжьыгъэм нэхъ хуэIэзэ фызыщIынур. Фщыщ гуэрхэри, газетхэм зэрыхуэтхэм къинэмыщIауэ, радио-теленэтынхэми зрапщытыфынущ. Абы папщIэ дэри тлъэкI къэдгъэнэнукъым.
Ди лэжьыгъэр зэтегъэувэнымкIи ипэкIэ кIуэтэнымкIи дэ дэIэпыкъуэгъуфI къытхуэхъуащ республикэм Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэр. ФIыщIэ яхуэфащэщ Iуэхум зыкъыщIэзыгъэкъуахэу, «Заман», «Советская молодёжь» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Конаков Хьэсэнрэ Суано-вэ Залинэрэ, «Адыгэ псалъэ» газетым щылажьэхэу Дол Маринэрэ Хьэхъужь Иринэрэ. ЕджапIэм мы иджырей зэхэшэгъуэм текIуэда мылъкум и зэгъэзэхуэкIэм кIэлъыплъар Хьэхъужь Иринэщ. Нэхъри, ди деж щыяпэу, къэдгъэсэбэпар ахъшэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ къэунэхуа IэмалыщIэхэм ящыщ электрон бгъэдыхьэкIэрщ, - жиIащ Жыласэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Медиа» IуэхущIапIэмрэ дэрэ тлъэкIащ Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэр къэдгъэщIэрэщIэжын. Абы мы зэманым хузэфIокI зи IэнатIэр фIыуэ зылъагъу, зи лэжьыгъэм хуэIэижьхэр зэришэлIэн, - жиIащ Гергоков Джамбулат. - «Журналист ныбжьыщIэм и еджапIэ» зыфIащам къекIуэлIахэр я ныбжькIи зыпэрыт IэнатIэкIи фызэтехуэркъым. Аракъым, дауи, нэхъыщхьэр, атIэ мы проектым псори фызэрызэришэлIарщ. Журналист IэщIагъэм фIы дыдэу хэпщIыкI ухъун папщIэ, а Iуэхум уи гъащIэ псор тебгъэкIуадэми иримыкъун хуэдизщ. АтIэми дэ къыдолъытэ мыбдежым щекIуэкIа дерсхэр а IэщIагъэм и пэщIэдзэ дэкIуеипIэу щытауэ. Дызэрыт зэманым тетщIыхьынщи, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр дяпэкIи хуэныкъуэнущ зи къэухьыр лъагэ, зыпэрыува Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIхэм. А псом къыхэкIыуи догугъэ, нэгъуэщI мыхъуми, фщыщ гуэр- хэр журналистикэм фыдихьэхыу, фи щIэныгъэм, фи Iэзагъэм нэхъри зэрыхэвгъэхъуэным фыхущIэкъуну. НэгъуэщI лэжьыгъэ фыпэрыхьэми, мыбдежым щызэхэфхар щхьэпэнущ ди къэралым, республикэм къыщекIуэкIхэр Iэзагъэ хэлъу, пэжыгъэм фытемыкIыу Интернет напэкIуэцIхэм къыщывгъэлъэгъуэнымкIи.
- Журналистхэм я зэгухьэныгъэм лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI. Мы IэнатIэр республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. НыбжьыщIэхэр мазэ бжыгъэкIэ фезыгъэджахэри дэри догугъэ фызыпэрыхьэну IэнатIэр къыщыхэфхкIэ, мыбдежым фызыщыпхыкIа дерсхэр щхьэпэ фхуэхъуну, - къыхигъэщащ Холлаев Тамерлан.
Конаков Хьэсэни къыщыпсэлъащ зэIущIэм.
- Япэрауэ, сынывохъуэхъу «Журналист ныбжьыщIэм и еджапIэр» ехъулIэныгъэ фиIэу къызэрывухамкIэ! Мыбдежым щывгъэкIуа зэманым къриубыдэу фэ IэщIагъэм и щэху псори, дауи, фхузэгъэщIэнутэкъым. Ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, журналистикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр зыхуэдэм щыгъуазэ фыщыхуэхъуагъэнущ, - къыхигъэщащ Конаковым. - Сыхуейт, республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм фадэлэжьэфын хуэдэу, фи щIэныгъэм адэкIи хэвгъэхъуэну, дерсхэм къыщыпытщэну къыкIэлъыкIуэ пIалъэр къэсыху фыщымысу фыкъыддэлэжьэну, республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къыщаIэт-къыщрахьэжьэ Iуэхухэм теухуауэ фыкъытхуэтхэну, радио-телевиденэми фыкъыщыпсэлъэну.
КъыкIэлъыкIуэу псалъэ зрата Суановэ Залинэ жиIащ:
- Шэч хэлъкъым дерсхэм пхыкIа псори фызэрыгуащIафIэм - псоми лэжьыгъэшхуэ евгъэкIуэкIащ. Уеблэмэ, и и щIэдзапIэм фызэрыщытар тлъэгъуати, ди фIэщ хъунтэкъым дерсхэр и кIэм щынэблагъэм апхуэдизу фыкъызэрыкIыну! ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм фазэрыдэлэжьэным зытевухуэми нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ вгъазэми, си фIэщ мэхъу мыбдежым къыщыфщIахэр адэкIи къызэрыфхуэгъэсэбэпынур.
«Журналист ныбжьыщIэм и еджапIэр» къэзыухахэм ящыщхэми я Iуэху еплъыкIэр къыщагъэлъэгъуащ зэхуэсым. Къуэгъуэлъкъуей (Урыху) къуажэдэс Хьэту Астемыр жиIащ:
- Ди гъэсакIуэ лъапIэхэ! Тхьэгъэпсэу вжыдоIэ журналистикэм щIэдзапIэ хуэхъуну дерсхэр гъэщIэгъуэныщэу, удихьэхыу зэрытхуевгъэкIуэкIам папщIэ. Ди еджэныр и кIэм зэрынэблэгъар тIэкIуи ди жагъуэ мыхъуу къанэркъым. Ди гъэсакIуэхэу Жыласэ Заурбэч, Конаков Хьэсэн, Суановэ Залинэ сымэ фIыщIэ ин фхудощI, журналистикэм япэ лъэбакъуэ хыдэзыгъачэ, щыгъуазэ дыхуэзыщI щIэныгъэ къызэрыдэфтам щхьэкIэ. Си щхьэкIэ сыхущIегъуэжакъым дерсхэм сызэрыпхыкIам.
Холлаев Тамерлан Хьэту Астемыр щытхъуащ.
- Журналистикэм зэрызыхуигъасэм нэмыщI, Астемыр жылагъуэ гъащIэми щыжыджэрщ, псапащIэ Iуэхухэри ирегъэкIуэкI, зи узыншагъэкIэ хуэмыщIахэм ахъшэ яхузэхуэзыхьэсхэми яхэтщ. Ди деж щIэх-щIэхыурэ къопсалъэри, щыгъуазэ дещI цIыхухэм я гукъеуэхэм.
Гергоков Джамбулэт еджапIэр къэзыухахэм защыхуигъазэм жиIащ:
- Дерсхэр къызэрыфщыхъуам теухуауэ мыбдежым щызэхэдвгъэхар я щыхьэтщ дгъэзэщIа лэжьыгъэр къызэрыдэхъулIам, Журналистхэм я зэгухьэныгъэм ди республикэм лэжьыгъэ щхьэпэ зэрыщригъэкIуэкIым, зи яужь дит проектхэм гъуэгу зэрагъуэтым. 2025 гъэм мы Iуэхум ехьэлIауэ проектыщIэ щызэхэтлъхьэкIэ, дэ къэдгъэсэбэпынущ фызыпхыкIа мы иджырейм къриубыдэу вгъэхьэзыра лэжьыгъэхэри иджыпсту жыфIахэри.
«Журналист ныбжьыщIэм и еджапIэм» и япэ зэхэшэгъуэр къэзыухахэм а Iуэхум щыхьэт техъуэ сертификатхэр иратащ.
Сурэтыр Къарей Элинэ ейщ.