Къэбэрдей-Балъкъэрым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщри, Налшык Печатым и унэм щылэжьащ Журналист ныбжьыщIэм и еджапIэ. Егъэджэныгъэм хэтащ ди республикэм и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм къикIа цIыху 20-м щIигъу - школакIуэхэри, студентхэри, IэнатIэ щхьэхуэхэм пэрытхэри.
ЩIалэгъуалэм ядэлэжьащ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, IэщIагъэлIхэр. ЕджапIэм къекIуэлIахэр хагъэгъуэзащ журналист IэщIагъэм и Iэзагъэхэм, хъыбарыщIэхэр цIыхубэм я деж зэрынэпхьэсынум, иджырей технологиехэмрэ медиа-Iэмалхэмрэ къэбгъэсэбэпурэ лэжьыгъэр зэребгъэфIэкIуэну щIыкIэхэм. Апхуэдэу абыхэм я нэгу щIэкIащ редакцэхэм щекIуэкI лэжьыгъэхэр. Егъэджэныгъэ программэм хыхьэу, курсыр къэзыухахэм иратыжащ IэщIагъэм зэрыхуеджам щыхьэт техъуэ тхылъхэр.
Журналист щIалэгъуалэм я еджапIэр къазэрыхуэщхьэпам, ар къазэрыщыхъуам теухуауэ абы къекIуэлIахэм ящыщхэм къытхуагъэхьа тхыгъэхэм щыгъуазэ фыдощI.
Куэд къыщысщIащ
«Журналист щIалэгъуалэм я еджапIэ» проектыр КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэмрэ «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэмрэ и дэIэпыкъуэгъуу. Ди еджэныгъэм дерс 16 хухахащ, абы хыхьэрт журналист цIэрыIуэхэмрэ цIыху гъэщIэгъуэнхэмрэ зыхэт зэIущIэхэр.
ЖурналистикэмкIэ школым сэ куэд къыщысщIащ, цIыху гъэщIэгъуэнхэр къэсцIыхуащ. КъищынэмыщIауэ, си тхыгъэр газетым къытрадзащ. Сэ журналист сымыхъунри хэлъщ, сыщылажьэр нэгъуэщI унэтIыныгъэщи, ауэ, шэч зыхэмылъыжращи, а еджапIэм сызэрыкIуам зэи сыхущIегъуэжынукъым.
ЕджапIэр дэIэпыкъуэгъу мэхъу IэщIагъэр зыхуэдэр нэхъ гъунэгъуу къэпщIэнымкIэ, апхуэдэуи Iэмал къует ар бгъэунэхуну. Дэ дыщагъэгъуэзащ тхылъымпIэм тетуи, электрон жыпхъэм итуи газетхэр зэрагъэхьэзырым. ДыщыIащ газетхэм я компьютер IэнатIэхэм. Апхуэ-дэу IКъБР телерадиокомпанием и лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр зэдгъэлъэгъуащ. Псори тфIэгъэщIэгъуэнт!
Дэ дахуэзащ щIыпIэ телевиденэм и журналистхэм. Аттаев Азнор къытхутепсэлъыхьащ хъыбарегъащIэ агентствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм, журналистым зыпэрыт Iуэхум ехъулIэныгъэ щиIэн папщIэ хэлъын хуей хьэл нэхъыщхьэхэми я гугъу къытхуищIащ. Гулъытэ нэхъ ириту къытеувыIащ журналист этикэм. Бжьахъуэ Лолэрэ Бирсовэ Ахузатрэ телевиденэм теухуа дерс ирагъэкIуэкIащ, тележурналистым и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым дыщагъэгъуазэу.
Нэхъапэм журналист лэжьыгъэр нэгъуэщIут си нэгу къызэрыщIэзгъэхьэр. Иджы къызгурыIуащ абы теухуауэ куэдкIэ сыщыуэу зэрыщытар. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар лэжьыгъэ гугъущ, тыншкъым зыхуей хуэгъэзауэ тхыгъэ птхыныр, хъыбар гъэщIэгъуэн къэбгъуэтыныр. Куэд пщIэн икIи пхузэфIэкIын хуейщ, нэгъэсауэ Iуэхур къохъулIэн папщIэ лэжьыгъэшхуэ егъэкIуэкIыпхъэщ!
Пэжыр жысIэнщи, еджапIэм си гъащIэм мыхьэнэшхуэ щигъэзэщIащ, пщIэншэу зэманыр щызгъэкIуауэ схужыIэнукъым. Иджыпсту, шэчыншэу, схужыIэнущ журналист сыхъуну сызэрыхуейр.
ФIыщIэ яхузощI Журналист щIалэгъуалэм я еджапIэм и егъэджакIуэхэу Жыласэ Заурбэч, Суановэ Залинэ, Конаков Хьэсэн сымэ шыIэныгъэ яхэлъу къызэрыддэлэжьам, гуапэу къызэрытхущытам папщIэ. Иджы хамэу зыкъыщызмылъытэж IэщIагъэм и зэхэлъыкIэ псори къызгурыIуэнымкIэ ахэр икъукIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ къысхуэхъуащ.
Къущхьэ Iэсият.
Си еплъыкIэм зихъуэжащ
Журналист щIалэгъуалэм я еджапIэр къызэрызухам икъукIэ сыщогуфIыкI. Си студентыгъуэм апхуэдэ Iэмал сызэримыIар тIэкIуи си жагъуэ мэхъуж. Ауэ, зэрыжаIэщи, псоми езым и чэзу иIэжщ.
Сыт сэ а еджапIэм къыщIэсхар: си гупсысэр гъэхуауэ къэсIуэтэфу зезгъэсащ, сигурэ си щхьэрэ нэхъ зэтелъ сыхъуащ, тхэным и Iэмал гуэрхэм сыхэгъуэзащ, хъыбарегъащIэ къыдэкIыгъуэхэм я редакторхэр зэзгъэцIыхуащ.
КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща еджапIэм журналистикэм хузиIэ еплъыкIэм зригъэхъуэжащ. Сэ къэсщIащ тхыгъэр псалъэ дахэ защIэкIэ зэрызэхэмытыр. Журналистым и къалэн нэхъыщхьэр мыхьэнэ зиIэ хъыбарыр цIыхухэм я деж нэхьэсынырщ. Иджыпсту сэ схужыIэнущ журналистикэр егъэлеяуэ IэщIагъэ гугъуу зэрыщытыр, абы щыгъуэми къызэрымыкIуэу зэрыгъэщIэгъуэныр. Ар си гъащIэм къызэрыхыхьам сэ зыкIи сыхущIегъуэжыркъым.
IэщIагъэм теухуа чэнджэщ щхьэпэхэр къыдэзыта, еджапIэм щыдгъэкIуа зэманыр щызу къытхузэзыгъэпэща Жыласэ Заурбэч, Конаков Хьэсэн, Суановэ Залинэ фIыщIэ яхузощI. Проектыр гъэзэщIэнымкIэ адэкIи ехъулIэныгъэхэр яIэну си гуапэщ!
КIуащ Зуридэ.
Дуней гъэщIэгъуэн
Япэ дерсым щегъэжьауэ сэ къызгурыIуащ дуней гъэщIэгъуэн сызэрыхэхуар, абдеж дэтхэнэми и еплъыкIэр къыщиIуэтэфынут, и гупсысэр утыку къыщрихьэфынут, зыщымыгъуазэхэм теухуа упщIэхэр щигъэIуфынут.
Дэ зэдгъэщIащ журналистикэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэр, псалъэм папщIэ интервью, репортаж зэрагъэхьэзырыр. Дерсхэм дэ щызэпкърытхащ тхыгъэр нэщIыса хъунымкIэ Iэмал зэхуэмыдэхэр, щыуагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэпкърытхащ. Сэ къызгурыIуащ цIыхум удекIуэкIыфын папщIэ бгъэдыхьэкIэ тэмэм къыхуэбгъуэтыным и мыхьэнэр, упщIэм и гъэувыкIэм куэд зэрелъытар, къыбжаIэр зэхэпщIыкIын папщIэ абы уедэIуэфу щытын зэрыхуейр. Абыхэм псэлъэкIэ, цIыху хэтыкIэ уагъэщIэ къудейкъым, атIэ дыкъэзыухъуреихь дунейр нэхъ куууэ зыхэпщIэнымкIэ сэбэп мэхъу.
Языныкъуэ дерсхэм республикэм и цIыху цIэрыIуэхэр къытхуеблэгъащ, абыхэми хъыбар гъэщIэгъуэнхэм драгъэдэIуащ. Псом хуэмыдэу сэ сигу къинэжащ сурэтыщI цIэрыIуэ Пащты Герман.
Апхуэдэу дэ дыхэтащ «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Кабардино-Балкарская правда» республикэ газетхэр илъэси 100 зэрырикъум иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм. КъищынэмыщIауэ, дэ дыщыIащ республикэм и телерадикомпанием, абы IуэхугъуэщIэ куэд къыщытщIащ.
Къарэжь Алинэ.