Лъэпкъхэр нэхъри зэкъуэгъэувэн мурадкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр лэжьы­гъэ IуэхукIэ хуэзащ республи­-кэм лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ди къэралым Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъур гъэлъэпIэнымрэ Хэкум и ХъумакIуэм и илъэсыр егъэкIуэкIынымрэ зыхуэ­гъэхьэзырыным хуэгъэзауэ жылагъуэ зэгу­хьэ­ныгъэхэм защIэгъэкъуэным пыщIа къалэнхэм, ахэр зэфIэгъэкIа зэрыхъунум. Абыхэм ящыщхэр Iэмал имыIэу хагъэхьэнущ республикэпсо планым.
Хэхауэ къытеувыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм къэрал лъэпкъ политикэр зэрыщып­хагъэкI щIыкIэм пыщIа Iуэхухэм, илъэс блэкIам зэфIагъэкIыну зыхунэсахэм.
Президент грантхэмкIэ фондым дэлэжьэнми пащэ. Фейдэ къегъэщIыным зи лэжьыгъэр пы­мыщIа IуэхущIапIэхэм я проектхэу социальнэ мы­хьэнэ зиIэхэр зэрагъэзэщIэну субсидиехэр къы­дэхыныр «Электроннэ бюджет» къэрал сис­те­мэм­кIэ пхызыгъэкIыфар Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и закъуэщ. Мы илъэсым къыщыщIэдзауэ а мардэм къэрал псор техьэн хуейщ.
Зэрыщыту къапщтэмэ, грант проекту 30 псори зэхэту ягъэзэщIащ, абыхэм республикэ бюд­же­тым и хьэкъкIэ зэфIагъэкIахэри яхэту. Ахэр хуэу­нэтIащ хэкупсэ гъэсэныгъэм, лъэпкъхэм, дин зэмыщхь зезыхьэхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, хьэл мыхъумыщIэхэм зыщадзеи­ным цIыхухэр къыхуеджэным, сабийхэмрэ щIа­лэгъуалэмрэ гупым хэзагъэу, гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу къэгъэтэджыным, нэгъуэщI куэдми.
Проект нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэхэм ящыщ хъуащ Яндекс-зэдзэкIакIуэм жэрдэм минищэ зэрыз адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ хэгъэхьэным теу­хуауэ щытар. Абы хэтащ республикэм и муни­ципальнэ щIыналъэ псоми щыщ жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэм я лIыкIуэхэмрэ анэдэлъхубзэр езы­гъэджхэмрэ.
Мыхьэнэ хэха зиIэ нэгъуэщI зы унэтIыныгъи къы­хагъэщащ - ар дин IуэхущIапIэхэм зэрапы­щIар нэхъри егъэфIэкIуэнырщ. Мыбдежым нэ­хъыщхьэу иджыри къыщагъэсэбэпыр жылагъуэм епсэлъэн Iэмалырщ. Абы ипкъ иткIэ ира­гъэ­кIуэкIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, щIа­лэ­гъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, дзэ Iуэху хэ­хам хэта ветеранхэр къызрихьэлIа зэIущIэхэр, стIол хъурейхэр, нэгъуэщI зэхыхьэхэр.
Жылагъуэ лэжьыгъэ псори хуэунэтIащ Уры­сейм и лъэпкъхэр нэхъри зэкъуэгъэувэным, уры­сей цIыхубэм я зэхуэдэ хабзэхэм тетыным, дэтхэ­нэ лъэпкъми и щхьэхуэныгъэхэр, зэгъунэгъуфI зэхущытыкIэхэр лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым хъума щыхъуным.

Поделиться:

Читать также: