Хэхъуэхэр яIэу![]() Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ зэхэту къалэжьащ лырэ джэдкъазылу (псэууэ шэчауэ) тонн мин 28-м нэблагъэ. Ар процент 15,8-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ. Республикэм псори зэхэту лырэ джэдкъазылу къыщалъэщым и Iыхьэ плIанэм щIигъур абыхэм къалъос. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 гъэм и мазэ пщыкIузым къриубыдэу мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту лырэ джэдкъазылу къалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн мини 108,4-рэ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
20.01.2026 - 16:56 →
Къэдмыгъэсэбэпыж хабзэхэр
20.01.2026 - 13:15 →
Адыгэбзэм дэни сынехьэс!
20.01.2026 - 10:01 →
ПэхуэщIэхэр мэлажьэ
19.01.2026 - 20:04 →
Тутыныр зэранщ
19.01.2026 - 19:01 →
Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу
| ||





