Бэдынокъуэ и хъыбархэм ящыщщНарт лIыхъужьхэм ящыщу Бэдынокъуэ лIыгъэрэ къарукIэ нэхъ лъэщ дыдэу къыхощ IуэрыIуатэм. Адрей лIыхъужьхэм я щэным хэлъщ пэщIэщIэгъухэм ятекIуэн папщIэ къахуэсэбэп гуэрхэр. Псалъэм папщIэ, Сосрыкъуэ и лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ дэщIыгъущ псэзэпылъхьэпIэм къызэрыпекIуэкIыф хьилагъэ. Ашэмэз иIэщ дыщэ бжьамий телъыджэ. Бэдынокъуэ теухуа хъыбархэм ящыщу куэдым нэхъ ящIэж абы нартхэм къахилъхьа хабзэфIыр къызыхэщыр. Хъыбарым къэIуэтэжыкIэ зыбжанэ иIэу къокIуэ. НАЛО Ахьмэдхъан зэритхыжам дыкъевгъаджэт. Бэдын дадэ (Нарт хъыбар) Нартхэм хабзэу яхэлъащ жьы хъуар бгым щадзыжу. Бэдынокъуэ и адэ Бэдын жьы хъуати, зэи тIэуи къыхуаIуэхуащ нарт хабзэр игъэзэщIэну. Щымыхъужым, ещанэу лIыкIуэ къыхуагъэкIуащ: «Е ди хабзэ гъэзащIэ, е тхэкI», - жаIэу. Iэмалыншэ щыхъум, Бэдынокъуэ мэзым кIуэщ, чы гулъэ къишэри тажьджэ ихуу пэрыувэжащ. Махуэ ныкъуэ лэжьыгъэр тхьэмахуэкIэ зэпишри, тажьджэр иуха нэужь, мывэ шэрхъиплIи щIигъэувэжащ. Тажьджэр хьэзыр щыхъупэм щIалэр и адэм бгъэдыхьэри ещхьэкIуащ: - Ди адэ, мы къалэн мыгъуэр уэ нэхърэ нэхъ къызохьэлъэкI, ауэ, хабзэр хабзэщи, ар сымыгъэзащIэмэ, уэр дыдэм губгъэн къысхуэпщIынщ. - ЫІы-ы, тIу, ыIы-ы! Хабзэр - жьы хъурэ убзэ щыхъу зэманыр къэзыщIэф цIыху нартым къахэкIыу щIидзэмэ, нартхэри абы кIэлъыкIуэнщ. Иджы Жьыгъэибг (бгым и цIэщ) дыкIуэн ди къалэнщи, дыкIуэнщ - ар къэзыублар тхьэм ещIэ, щызыгъэтыжынури уи нэ фIыкIэ илъагъу!.. Зэадэзэкъуэр Жьыгъэибг нэсщ, зэкIэлъхьэужьу дэкIри пэнтхым къытеуващ. ТэлайкIэ къуакIэм дэплъэу щыта нэужь, щIалэм жиIащ: - ИІэ, ди адэ, итIысхьэ. Бэдын зыри жимыIэу тажьджэм итIысхьащ. Бэдынокъуэ тажьджэр щыхупIэм щхьэщилъафэри еIунщIащ. Тажьджэм и мывэ шэрхъиплIыр хуэмурэ ежьэри, кIуэтэху нэхъ псынщIэ хъуурэ, ежэхыу щIидзащ. ПсынщIэ дыдэ щыхъум, Бэдын натIэкIэ чийм еуэу тажьджэр зэщIэувыIыкIащ. Еплъмэ: тажьджэм и пхэ шэрхъитIыр жыг лъабжьэжь гуэрым фIэнауэ адрей шэрхъитIыр кIэрахъуэу жьым хэту елъагъу Бэдын. «Уа, ди тхьэ, ущыIэр пэжщ!» - жиIэри къэхъунум пэплъэу тIысыжащ. И къуэр бжьэпэм къехщ, тажьджэм къыбгъэдыхьэри шэрхъыр лъабжьэм къыфIихыжу щIидзащ. Къуэр, а лэжьыгъэм гугъу зэрыдехьыр щилъагъум, Бэдын къыпыгуфIыкIащ. Бэдынокъуэ абы гу лъитэри и адэм еупщIащ: - Сыт, ди адэ, узыщыгуфIыкIыр? - жиIэри. - Сыт си гуфIэгъуэ сэ! Ауэ... сщIэркъым сигу къыщIилъэдар: «уи къуэм уэ мыбы ущридзыхыжкIэ уи тажьджэри мы жыг лъабжьэм фIэнэу укъызэтригъэувыIэну піэрэ?» - жысIэу. Бэдынокъуэ и лэжьыгъэр игъэувыIэри, тIэкIу гупсыса нэужь, и адэр тажьджэм кърихыжащ. - Нартхэ я хабзэр згъэзэщIащ: бгым ущыздзын си къалэнти, ущыздзащ, уэ тхьэм укъигъэувыIамэ, сэ тхьэм сыпэувыну гуэныхьщ. Нартхэм саукIами, тIэу ущыздзынкъым. Тажьджэ нэщIыр жыг лъабжьэм къыфIихыжщ, бгым ириутIыпщхьэхри, зэадэзэкъуэр мэзым щIыхьэжащ. Мэзыр щIащыкIыурэ, бгъуэнщIагъ гъущэ гуэр къагъуэтри, ар Бэдын егъэзыпIэ хуищIащ. Бэдынокъуэ унэм кIуэжащ, къыкIэлъыплъыну къигъэгугъэри. Бэдын бгым щадзыжа фIэкI ямыщIэу, Бэдынокъуи и адэм гъуэмылэ хуихьурэ куэдрэ кIуащ... Зэгуэрым и къуэм къыхуихьа гъуэмылэм щынэл зэрыхэмылъым Бэдын гу лъитэри къеупщIащ: - Щынэлым щхьэ уефыгъуэжа, щIалэ, а къыфхуэзгъэнар уэри уи щIэблэми къывдэхуэжынти? - Нарт хэкум тIылIэ къихьэри ихьащ: ди хъушэхэри бгъэуэ гъатхэ техьати, щIэжьеиншэ хъуащ, гуартэм щынэ хэтыжкъым. - АтIэ абы Іэмал иIэщ, щIалэ! Гуартэхэр Амыщ и чэтыпIэжьым тевгъэт бжьыхьэм. Абы зыгуэр къыфхуихьынщ. Нартхэр Бэдынокъуэ жиIэм едаIуэри я мэлыр псэф хъуащ, икIи зы мэлым щынитI-щы щIэсу гъатхэ техьащ. Ауэрэ кIуэурэ, зэгуэрым Бэдынокъуэ ихьа гъуэмылэм хьэтыкъ хэмылъу къыщIэкIащ. - Гъавэм ущысхьыжаи-тIэ, щIалэ? - Нарт хэку псом зы ху тэбакъ илъыжкъым, гъаблэ хъуащи, щIыр бгъэуэ гъэ техьэнущ, трасэн ху жылэ яIэкъым... - Ари Іэмалыншэкъым, щIалэ. Тхьэгъэлэдж и гъэсашэ гъуэгужьыр ввэи абы фи гъавэр дэбэгъуэжынщ. Бэдынокъуэ аргуэру нартхэм чэнджэщ яхилъхьэри я гъавэр зэфIэувэжащ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, Бэдын гу лъитащ хуахьа гъуэмылэм мыIэрысэ зэрыхэмылъым. - Мыр сыт, щIалэ, мыIэрысэ къысхуэпхьакъыми?! - МыIэрысейуэ хэкум итыр игъукIащи, сабий гъымэ ІэщIалъхьэну зы мыIэрысэ телъыжкъым дунейм, ди адэ. - Мы мэзымкIэ ущIэкIыжу ущехыжкIэ, уафэм удэплъейуэрэ ехи, зыгуэр плъагъунщ. Бэдынокъуэ и адэм гъуэмылэ зэрыхуихьа хъуржын нэщIыр къищтэжри уаф эм дэплъейуэ мэзымкIэ ехыжу щIидзащ. Куэдрэ мыкIуэу мыIэрысищ жыг щхьэкIэм пыту къилъагъури дэкIуейри къыпичащ, игъэзэжри и адэм хуихьащ. - Мыр сэ сшхымэ, жылэр зыгуэркIэ пфIэкIуэдынщ, зэрыпсоууэ хьыи и жылэр хэфсэ. А мыIэрысищым нартхэ я мыIэрысэ хадэ цIэрыIуэр къытехъукIыжащ. Апхуэдэурэ куэдрэ екIуэкIыну къыщIэкIынт, ауэ зы губзыгъэ гуэрым гу лъитэри щIэупщIащ: - Уа, дэ дымыщIэу, Бэдынокъуэ дэнэ щищIэрэ мы Іущыгъэ къомыр: ди мэлыр игъэбэгъуэжащ, ди гъавэр игъэбэвыжащ, ди жыг хадэр къигъэщIэрэщIэжащ - мыр дауэ? Нартхэр зэхуэсри Бэдынокъуэ ираджащ. КъыджеIэ Іуэхур зытетыр, жаIэу къыщыпаубыдым, яжриIащ: - Тезыр къыстевмылъхьэну сыкъэвгъэгугъэмэ, вжесIэнщ, сыкъэвмыгъэгугъэмэ, вжесIэркъым. - Птетлъхьэнкъым зыри! - ФыкъэдаIуэ тIэ! Фэ нэхърэ сынэхъ Іущкъым, ауэ дэ псом нэхърэ Бэдын нэхъ Іущщ. Бэдын бгым щыздзыжакъым, абы а псори къызжиIащ. - Уа, ди тхьэ, сыту щыуагъэшхуэ тщIэуэ дытета иджыри къэс мы дунейм! - жаIэри зэрынарт жылэу ежьэри Бэдын я дамэм тесу къахьыжащ. Абдежым нартхэм зыханащ я хабзэ бзаджэр - жьы хъуахэр бгым щадзыжыныр. Зыгъэхьэзырар ГЪУЭТ Синэщ.
Поделиться:
Читать также:
05.08.2026 - 16:23 →
Сабийхэм къахуэщхьэпэн защIэщ
03.08.2026 - 19:28 →
Уэрэд
30.07.2026 - 15:08 →
Тхьэпэлъытэ Iуащхьэмахуэ
30.07.2026 - 12:36 →
ЗЫ ТХЫБЗЭ ДИIЭНУ ДЫХУЕЙМЭ
29.07.2026 - 13:27 →
ЛIэщIыгъуэкIэрэ зэIэпахырт
| ||




