Лъагъуныгъэ![]() 5-нэ Iыхьэ Псори щым мэхъуж, Бланэ, си псалъэ нэужьым, нэхъ тоужри, йотIысэх. АдэкIэ Къазбэч къиIуэта хъыбархэм къахэщырт мухьэжырхэм псэкIэ дунеягъэм хьэзабышхуэ щашэчыр зыхуэдизыр – адэжь щIыналъэр ялъагъуныр я хъуэпсапIэ нэхъ ин, Iэрымыхьэ дыдэу зэрыщытыр, ар къызэмыхъулIэхэм гуIэгъуэшхуэр зэрателъыр. Си гугъакъым абыхэм апхуэдэ лъагъуныгъэ мыужьыхыжын я гъащIэм ямылъэгъуа щIыналъэм, зэ я лъэр щамыукъуэдия гъэхъунэхэм, зыIумыплъа къуршхэм хуаIэу! Ар гъэщIэгъуэнт. ИтIанэ сэ IупщIу къызгурыIуат зы Iуэхугъуэ – хьэрып къэралхэм щыпсэу адыгэхэмрэ дэрэ фIыуэ дызэщхьэщыкIырт хьэлкIи, дуней еплъыкIэкIи, гупсысэкIэкIи. Ари гурыIуэгъуэщ, дэ урысхэр къытхэсщ илъэсищэ бжыгъэ хъуауэ. Дыхуей-дыхуэмейми, абыхэм зыгуэрхэр къытхалъхьэ. Апхуэдэ дыдэу, ди лъахэгъухэри хьэрыпхэм яхэсщ, абыхэми я щытыкIэм «хьэрыпагъ» гуэр хэлъщ. КIэщIу жыпIэмэ, иджырей адыгэхэр «дыадыгэ къабзэжкъым» жысIэмэ, сыщымыуэну къысфIощI. Пэжкъэ-тIэ, ди хабзэхэми, бзыпхъэми, щэнми къыпхуэмыцIыхужыну зедгъэхъуэжащ. Арат ди адэжьхэм я щIэинри, тхуэхъумакъым. Ауэ гу лъыстат, Къэбэрдей адыгэхэм тфIэкIуэда щIытыкIэ дахэ хабзэ куэд, дэ нэхърэ нэхъыбэу, иджыри мухьэжырхэм зэрызэрахьэм. КIэщIу жысIэмэ, дэ зы нэгу диIэщ, мухьэжырхэм я нэгур нэгъуэщIщ. Абы къыхэкIыу, гупсысэ мыфэмыцхэм саукI – Умар сэрэ дызэрыгъуэтыжми, дызэзэгъыну пIэрэ? ЗэрыжаIэу, зи бзэ ныкъуэм гуныкъуэгъуэ ущигъащIэркъым. Зы щIыпIэ дыщапIатэмэ, ди Iуэхур куэдкIэ нэхъ тынш хъунут. Зи мыхъу, адыгэбзэ ищIатэмэ, абы нэхъ дызэрипхынт, зэщхь гуэр къытхилъхьэнт. Ауэ ар хьэрып адыгэщ, сэ сыурысей адыгэщ. Дауэ щытми, дыадыгэкъэ?! Гурэ гурэ зэрощIэ, жаIэ, бзэр ныкъуэми. СыкъищIэу пIэрэ Умар?! ЖысIэнури сщIэнури сымыщIэу сыкъэнауэ, сымыхъейуэ сыщысащ. - КхъыIэ, умыкIуэжу, ныжэбэ щыIэ, - къысхупогуфIыкI Сэтэней, сыкIуэжыну зыщызгъэхьэзырыжым. - Хьэуэ, хьэуэ! Сэ иджыри Iуэху гуэрхэр сиIэщ, хьэщIэщым сымыкIуэжу хъунукъым. - ТIэкIу щысыж! – мэлъаIуэ Дыгъэ. - Къанэ, дахэ, - къысхудоплъей Къазбэч. - Фи шхыныр убагъуэ, сывгъэтхъащ, зэи сигу икIыжынукъым фи гуапагъэр. Сыщыс хъунукъым, гуващ, сыкIуэжынщ, машинэ къезджэнщи… - Сыт машинэ?! Мис, Бланэ уишэжынщ! Сэ сыгузэвэнущ, таксикIэ уезгъэжьэжыфынукъым. Си гур псэхуну ухуеймэ, Бланэ и гъусэу кIуэжи нэхъыфIщ, - идэркъым Къазбэч. А уи Бланэ жыхуэпIэращ Iейуэ сызыщышынэр! Дыдыд, абы и нэщхъыр! Сыт сщIэнт, сыкIуэри, машинэм ситIысхьащ. ТэлайкIэ щыму дыкIуауэ, сыщымыгугъыххауэ, къопсалъэ: - Сэ сыцIыху гугъуу жаIэ. Пэжу къыщIэкIынщ ар. Къысхуэгъэгъу, ныщхьэбэ зэрызыпхуэсщIам щхьэкIэ, сыхуеякъым уи жагъуэ сщIыну. Ди адэм гъэсэныгъэшхуэ къытхилъхьащ, пщIэшхуэ зиIэ цIыхухэм ящыщщ, сыхуэфэщэнуи сыхущIокъу… Ауэ нобэ зысхуэшыIакъым. Сэри адрейхэм хуэдэу си псэр йоIэ хэкужьымкIэ. Адыгэбзэм нэхъ лъапIэ симыIэу собж икIи сощIэ, ауэ си гум губжь мащIэ илъщ, дыкъэрабгъэу зэрыжаIэм къыхэкIыу. Уи жыIауи, цIыхубэм и къуаншагъэ хэлъкъым лъэпкъыр зэкIэщIэча дызэрыхъуам, зэман куэдкIэ дызэлъэмыIэсыфу зэрыщытам. Ар псори политикэ Iуэхущ, дыщыпсэу къэралхэм зэгуэр яубзыхуауэ. Аращ дызыхуашэну зыхуеяри, дызыхуэкIуари. Иджы къызгурыIуащ Къэбэрдейм исхэр псори фызэрызэхуэмыдэр. Дауэ мыхъуами, дэ дылъэпкъщ. Дэнэ дыщымыпсэуми. Дызэрыгъуэтыну, дызэрыщIэну, дызэлъэIэсыну Iэмал щыщыIэкIэ, ар дгъэкIуэдыж хъунукъым. - Умыгузавэ, Бланэ, псори къызгуроIуэ. Зы цIыхукIэ лъэпкъ псор къыпхуэцIыхунукъым, жаIэ. - Уей, пэжым! Ди хэкужьыр слъагъуну си нэ къокI. Си фIэщ мэхъу а мурадыр нахуапIэ зэрысхуэщIынур, ауэ иджыпстукъым. ИтIанэ. - Бланэ щалъху йокIуэлIэж! Кавказым ущамылъхуами, уи псэр аращ зыщыщыр. Зэ мыхъуми зэ уи лъым уишэжынущ! Уэ нобэ узыгъэпсэлъар губжьырщ, ари птекIыжынущ, - си жагъуэ зэрымыхъуар къезгъэщIэну, нэхъ щабэу сопсалъэ. Зы щIыналъэ ис зэлъэпкъэгъухэри щызэмызэгъ къохъу, ауэ гъуэгуанэшхуэрэ зэманышхуэрэ зяку дэлъ зэлъэпкъэгъухэр зэгурыIуэныр нэхъ гугъуу къысщохъу. Зэщхьыххэкъым ахэр. Гугъу сыщехьат мы унагъуэм ныщхьэбэ, ауэ абы къыдэкIуэуи «си псыхуэлIэр» изгъэкIат – апхуэдизу сфIэхьэлэмэт хамэ къэрал щыпсэу си лъэпкъэгъухэм сепсэлъат, я гугъэхэмрэ я гукъеуэхэмрэ къызжаIэу, я ерыскъымрэ я хуабагъэмкIэ къыздэгуашэу. Ар гум ихунукъым. - УцIыхуфIщ уэ, Тамарэ. Си гуапэщ узэрысцIыхуар. Иджыри зэ сынолъэIу къысхуэбгъэгъуну, - нобэрей Бланэрауэ зэрыпщIэжын дунейм теттэкъым си псэлъэгъур. Хьэрыпхэр жыIэзэфIэщхэщ. Абыхэм яхэс адыгэхэри икъукIэ жыIэзэфIэщ хъуащ. Хьэмэрэ адыгэхэр псори апхуэдэу дыщытауэ, Кавказым къинахэм зытхъуэжауэ ара? Абы и жэуапыр сэ сщIэркъым. Си сэмэгурабгъум къыщыс щIалэщIэм адыгэлъщ щIэтыр, ауэ и щытыкIэр хьэрыпхэм нэхъ йокIуалIэ, сэ сызэса адыгэхэм хуэдэкъым. - Бланэ, уэ пцIыхурэ Умар? – псалъэмакъыр сэ сызыхуей лъэныкъуэмкIэ сошэ. - НтIэ, Iэгъу, соцIыху. Ар зымыцIыху щыIэ? Хъыджэбзхэри щхьэныкъуэ ирихъуауэ дэтщ, Умар и цIэм фIэкI къажьэдэмыкIыжу. ЗыхэсщIэу си лъыр къэкъуэлъат а псалъэхэр щызыхэсхам. Хъыджэбз гупым Умар къаухъуреихьауэ зэхэту си нэгу къыщIэзгъэхьэри, зэуэ си гугъэр хэсхыжат къызэрыдэсхьэхыжыным. - Сыт хуэдэ цIыху – тIэ ар? – соупщI Бланэ. - Уэлэхьи, мыцIыху Iей. Сыт ущIыщIэупщIэр? - Къэбэрдейм щыIащ ар илъэскIэ, еджакIуэ накIуэри. НэIуасэ дызэхуэхъуат, ауэ мыбы къэкIуэжри, дызэфIэкIуэдыжащ. Иджы, мыбы сыкъэкIуа щIыкIэ, зэ сыхуэзэжыну сыхуейуэ арат. Лей къылъысауэ къысщохъу. Сыщыуэрэ сыщымыуэрэ сщIэну сыхуейт, - си мурадхэм я пэжыпIэр жызоIэ, ауэ сылIэным хуэдэу фIыуэ зэрыслъагъур, дауи, къыхэзгъэщыхакъым. - Уэлэхьи, бжесIэнур сымыщIэ. Сэ Умар фIыуэ соцIыху, зэи – тIэуи Iэнэ дыздэщысащ. ЦIыхур къэпцIыхуну ухуеймэ, ефауэ зэгъэлъагъу, жаIэ. Уей, сэ къэсцIыхуар бжезмыIэн. Уэ езым уи нитIкIэ зэбгъэлъагъунщ, къэпцIыхунщ. ЩызбзыщIыну иужь ситами, Бланэ къыгурыIуа хуэдэт си мурадхэмрэ си гум илъымрэ. СыукIытэжри, си напIэхэр есхьэхащ, цIыплъ сыхъуауэ. - Хъунут, тхьэ, слъэгъуами! – жызоIэ, зэхэсхыр си фIэщ мыхъужу. - НтIэ, пщэдей зыхуэзгъэзэнщи, сыгурыIуэнщ. Тэмэмкъэ? Апхуэдизу уи нэ къыщикIкIэ, нэхъ тэмэму фызэрызгъэцIыхунщ, - пыгуфIыкIыурэ, къысхуоплъэкI Бланэ. АпхуэдизкIэ сыукIытэжати, зы псалъэ жысIэжыфыртэкъым. Насып сиIэти, абы хэту, хьэщIэщым дыкъэсыжат. - Хъунщ – тIэ, Бланэ, дызэрыщIэнщ. Упсэу, гугъуехьыншэ ухъу. - НэхулъэфI укъикI, Тамарэ. Пщэдджыжьым жьыуэ сыкъэтэджщ, шхапIэм тIэкIу сыщедзакъэри, зыплъыхьакIуэ сежьащ. ХьэщIэщым сыкъызэрыщIэкIыу, си нэр техуащ жыжьэу щыт щIалэм. Си фIэщ мыхъужу, си нэхэм сыщIэIуэтыхьащ, сыжейбащхъуэу пIэрэ, жысIэри. Ауэ щIалэр кIуэдыжтэкъым. Умар и гитарэр и щIыбым илъу щытт, зыщIыпIэкIэ плъэуэ. Хуэм дыдэу сыхуэкIуэу сежьащ, зызмыщIэжу. Сыбгъэдэлъадэу, сымис, Умар, сыкъэкIуащ, жысIэу и нэм сыщIэплъэну сыхуейт. СызрикIуэ уэрам цIыкIум сытемыхуэжу, гъуэгушхуэм сытелъэдащ. Абы хэту, си Умару плъагъум зы хъыджэбз дахэ гуэр къыбгъэдэлъадэри, и пщэм зридзащ. Мыдрейми, и фIэщыпэ хъужауэ, IэплIэ гуапэ дыдэ ирешэкI, и Iэпэр еубыдри, я щIыбыр къагъэзэж. Си лъэр зэщIэнащи, адэкIи-мыдэкIи сыкIуэжыфыркъым, си бзэр иубыдащи, зы псалъэ къызжьэдэкIыжыркъым. Си щхьэр мэву, си нэхэр щоункIыфIыкI, сиIури игъущIыкIащ. Нэсыпауэ дадэ малIэ, жыхуиIэм хуэдэт си Iуэхур. Си щIыбымкIэ машинэ шэрхъ лъэф макъ къыщызэхызох, жыжьэ дыдэу, адэ-адэ, нэгъуэщI дуней гуэрым. Зыри къысфIэIуэхужтэкъым, машинэм сиукIми, щIыр зэгуэхуу сыдэхуэми, щыблэ къызэуэрэ сиукIми. - Гъуэгум текI! - адыгэбзэ къабзэкIэ къэкIияIащ… …УадэшхуэкIэ си щхьэм зыгуэр къеуэ хуэдэ, сыхьэт лажьэм и макъ зэхэсхырт. АкъылкIэ къызгурыIуэрт апхуэдэ къэхъункIэ Iэмал зэрыщымыIэр, сыхьэт цIыкIум апхуэдэ макъ зэримыщIыфынур. МакIуэ! МакIуэ зэманыр! Дунейм сытет къыщIэкIынщ иджыри. Хьэршым зэман щымыIэу жаIэ. Сыпсэущ! СылIамэ, нэхъыфIт! Дауэ сыпсэуну, сэ фIыуэ слъагъум нэгъуэщI и гум илъу сщIэуэ?! Дэнэ сыздэщыIэр? Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
09.06.2025 - 15:18 →
Фалвар и тыгъэр
09.06.2025 - 14:08 →
БзэщIэныгъэри гъэсэпэтхыдэщ
05.06.2025 - 17:04 →
Усэхэр
03.06.2025 - 10:08 →
ЩыIэщ, ауэ я бзэр яIэщIэхуащ
02.06.2025 - 15:29 →
Хьэту Пётр и усэхэр
|