УпщIэ щIэщхъукъымЩIалэгъуалэр мы зэманым «къыщоудж» Интернетым. Хэти сэбэп пылъу, нэхъыбэм - я зэманыр ауэ сытми щагъакIуэу… Иужьрейхэм къащхьэщыкIыу, Ует Заремэ мазитIым щIигъуауэ адыгэбзэкIэ тхыгъэ напэкIуэцIитI нэхъ мыхъуми махуэ къэс къызэреджэным иужь итщ икIи «Тхыгъэхэм сыкъыщеджэм сызыщымыгъуазэу къыхэстхыкIа псалъэхэр» жери, абыхэм къикIыр щIыгъуу, и напэкIуэцIым кърелъхьэж. Къыхэгъэщыпхъэщ, хъыджэбзым ищIэ лэжьыгъэм цIыху мини 4-м щIигъу зэрыкIэлъыплъыр. Заремэ Зеикъуэ щыщщ. Къыщалъхуа къуажэр апхуэдизкIэ фIыуэ елъагъури, Москва къалэм къикIыжу къуажэм щыдыхьэжкIэ и гур мэпсэхуж. «Сыту насыпышхуэ мы щIыпIэ дахэм сыкъызэрыщыхъуар!» - жыдоIэ. Хэкум пэхъун зыри щыIэкъым, абы уи щхьэр нэхъ лъагэу уегъэIэт», - жеIэ хъыджэбзым. Заремэ щоджэ Сеченов И. М. и цIэр зезыхьэ Япэ къэрал медицинэ университет Москва дэтым, еханэ курсым сыщIэсщ. Анэдэлъхубзэр хъума зэрыхъуну зы Iэмалу къилъытэу, Интернетым къыщызэIуиха напэкIуэцIым адыгэбзэкIэ кърилъхьэ тхыгъэхэмрэ гупсысэхэмрэ цIыхухэр дихьэхауэ йоплъ, абы теухуауи дэтхэнэми и Iуэху еплъыкIэр хуетх. Сыт-тIэ а Iуэхум и гур къыхуэзыгъэушар? Абы дыщегъэгъуазэ: «Сэ къызэрысщыхъумкIэ, унагъуэм псори къыщожьэ: бзэри гъэсэныгъэри. Унагъуэм къыпхелъхьэ лъэпкъ хабзэм пщIэ хуэпщIынри Хэкур фIыуэ плъагъунри. Ущысабийм ахэр уи гъащIэм щыщ гуэрущ къызэрыпщыхъур, я мыхьэнэр нэсу къыщыбгурыIуэр иужькIэщ. Сэри сыкъыщалъхуа лъахэм пэжыжьэ сыхуэхъуа нэужьщ абыхэм сыщегупсысар. СыкъызыхэкIа лъэпкъым нэхъ пэгъунэгъу сыхъуауэ къызолъытэ Шорэ Анзор и «Черкесия» ансамблым кIуэн щыщIэздзам. Абдеж щегъэжьауэ адыгэм и щэнхабзэм сыдихьэхащ. Адыгэ къафэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ зэхэухуэнауэ къысщохъу, зыр бджыху адрейми ухелъасэ. А тIур нэсу «къыпхуэхутэнукъым» адыгэбзэр умыщIэу. Ар къызгурыIуа нэужь, си анэдэлъхубзэр нэхъ шэрыуэ сщIыну сыхуейуэ мурад сщIащ махуэ къэс напэкIуэцI зыбжанэ нэхъ мыхъуми седжэну. Ар сэ езым къалэн зыщысщIыжа Iуэхут, си гупсысэхэр Интернетым исхэм яхуэсIуэтэн муради сиIатэкъым. Ауэ тхылъхэм сыздеджэм, сфIэгъэщIэгъуэн хъуа псалъэхэмрэ жыIэгъуэхэмкIэ цIыхухэм садэгуашэу сыхуежьэри, ягу зэрырихьыр щыслъагъум, ди адыгэ литературэр зыхуэдэр къащIэнымкIэ IэмалыфIу ар къэслъытащ. И блогыр къызэрыригъажьэрэ, Уетым тхылъитI еджэн нигъэсащ: ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и «ЛъыщIэжымрэ» Гъут Iэдэм и «Жэбагъымрэ». Нэхъыбэу «ЛъыщIэжым» щыщ пычыгъуэхэр, абы хэт псалъэ щхьэхуэхэр (нэхъ гъэщIэгъуэн щыхъуахэр, уеблэмэ нэхъ и пэкIэ зи мыхьэнэр имыщIэу щытахэр) егъэлъагъуэ. ЦIыхухэм «Мыр сыту тхылъ гъэщIэгъэгъуэн, Iэмал имыIэу седжэн хуейщ», - жаIэн хуэдэу, пычыгъуэ нэхъ хьэлэмэтхэр абыхэм къыхех. «Щапхъэу къэсхьыфынущ «фэлъыркъэб», «сырэ» псалъэхэр. Нарт лIыхъужьхэм я хъыбархэм седжэу, фэлъыркъэб псалъэм сыщрихьэлIэжам, си гур «къигуфIыкIащ», хуабагъэ гуэр зыхызигъащIэу. Хэт ищIэрэ, сыщысабийм ар къэзгъэсэбэпу щытагъэнущ, абы щыгъуэм къэбым хьэпшып гуэрхэр къыхэщIыкIыным дыдихьэхыу щытати. «Сырэ» псалъэм япэу сыкъыщеджам, зэми спэгъунэгъу хуэдэу, ауэ къысхуэмыщIэжу мащIэрэ сыгупсысащ. Иужьым сигу къэкIыжащ ди унагъуэм «сырэ цIыкIу» жытIэу (дэлъхьапIэ къикIыу) ар къэдгъэсэбэпу зэрыщытари. Тхыгъэхэм псалъэ куэдым сащрохьэлIэ сыщыцIыкIум си анэшхуэм жиIэу зэхэсхауэ щытауэ. Псалъэм папщIэ, «шындэбзий», «къулъшыкъу», нэгъуэщIхэри», - жеIэ абы. Заремэ и напэкIуэцIым езым ищIауэ «Си лъынтхуэхэм псынэпс щызокIуэ» зыфIища зы сурэтми гу щылъыттащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, хъыджэбзыр медицинэм хуеджэми, творчествэми къызэрымыкIуэу дехьэх. ЗэрыжытIауэ, сурэт ещI, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр ед, зэман-зэманкIэрэ уси етх. Ахэр ди щэнхабзэм псори епхауэ ещI. Псалъэм папщIэ, фэилъхьэгъуэ гуэр щидкIэ, фащэм и теплъэ иIэу е и пкъыгъуэ гуэрхэр къытещу ещI. Сурэту щытмэ - адыгэхэм ди щыIэкIэ-псэукIэм трегъащIэ. Иджыпсту и анэдэлъхубзэр шэрыуэ зэрыхъуным йолэжь, усэхэр адыгэбзэкIи къехъулIэну щIохъуэпсри. Шэч хэмылъу, Заремэ адэкIи и напэкIуэцIыр жыджэру иригъэкIуэкIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Езым жеIэ: «Гу лъызотэ «си блогым» еплъхэм ар сэбэп зэрахуэхъум. Срогушхуэ зыгуэрым си чэнджэщкIэ адыгэбзэкIэ еджэн зэрыщIидзар къыщызжиIэкIэ. Адыгэм ди зэхуэдэ Iуэхум тепсэлъыхьын зэрыщIэздзэрэ, адыгэбзэр фIыуэ зылъагъу куэди къэсцIыхуащ. Сэри абыхэм щапхъэ зэратесхыным сыхущIокъу. ТхылъыфI щыIэхэм, сызэдаIуэ хъуну лъэпкъ уэрэдыжьхэм езыхэми сыщагъэгъуазэри, нэхъыбэж къызэрысщIэнум иужь ситынущ. КъызгуроIуэ мыр щIэдзапIэ къудейуэ зэрыарар. Сэ цIыхухэм сащыдэгуашэ щыIэщ зи мыхьэнэр нэхъ и пэкIэ сымыщIа псалъэхэмкIи (къарыкIыр и гъусэу къызолъхьэ). Языныкъуэхэм ягъэщIагъуэу къысхуатх: «А псалъэхэм къикIыр умыщIэу арат?» - жаIэу. Ауэ, сэ сызэрегупсысымкIэ, зыгуэр умыщIэну емыкIукъым, емыкIур зэбгъэщIэну ухуэмеинырщ. УпщIэ щIэщхъукъым, жаIэ». БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 15:00 →
Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
18.02.2025 - 15:00 →
Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ
18.02.2025 - 14:00 →
Монголиер къахохьэ
17.02.2025 - 18:56 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
17.02.2025 - 17:08 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
|