Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказЦIыхубэм я узыншагъэр гъэбыдэным ехьэлIа IуэхухэмкIэ ведомствэ зэхуаку зэзыгъэуIу советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 12-м къыдигъэкIа Указ №12-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ 1. ЦIыхубэм я узыншагъэр гъэбыдэным ехьэлIа IуэхухэмкIэ ведомствэ зэхуаку зэзыгъэуIу советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 12-м «ЦIыхубэм я узыншагъэр гъэбыдэным ехьэлIа IуэхухэмкIэ ведомствэ зэхуаку зэзыгъэуIу советым и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №12-УГ-м мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) Советым мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн: Бозий А. Р. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министрыр Дэхъушокъуэ И. И. – Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету) Кожухов К. В. - Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету) Ломов М. С. - Прохладнэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету) Отаров М. М. - Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету) ЛIыжьыкъуэ Хь. Хь. - Аруан муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету) Тогузаев Т. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министрыр Хъубий М. Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр; б) Бэрбэч Д. Б. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу тхын: «медицинэ лэжьыгъэм и фIагъымрэ шынагъуэншагъэмрэ лицензэ хуэгъэувынымрэ ведомствэ кIэлъыплъыныгъэм щIэгъэтынымкIэ къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр»; в) Журавлев А. И. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу тхын: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр; г) Крючков В. Г. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу тхын: къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэр (зэрызэгурыIуам тету); д) Хъущт А. А. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ Тэрч муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)»; е) Советым къыхэгъэкIыжын Ажий В. Хь., Архангельский В. Н., Асанов А. О., Бэрбэч А. Хь., Джатэ Р. Хь., Соттаев В. С. сымэ. 2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Налшык къалэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м №156-УГ
«КъыхэкIыпIэ зэIухахэм къикI хъыбархэм ядэлэжьэныр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м къыдигъэкIа Указ №137-УГ-м и 2-нэ пунктымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм щытыкIэм кIэлъыплъынымкIэ и центрым и лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №126-УГ-м и 2-нэ пунктымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ 1. «КъыхэкIыпIэ зэIухахэм къикI хъыбархэм ядэлэжьэныр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м къыдигъэкIа Указ №137-УГ-м и 2-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн «в» пункт къуэдзэм «бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ» псалъэхэр «бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIауэ. 2. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм щытыкIэм кIэлъыплъынымкIэ и центрым и лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №126-УГ-м и 2-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн и япэ абзацым «бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ» псалъэхэр «бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Налшык къалэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м №162-УГ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ 1. «Урысей Федерацэм и законхэр, нэгъуэщI хабзэ дэфтэрхэр «Правовой информацэм и официальнэ интернет-порталым (www.pravo.gov.ru) къызэрытрадзэ щIыкIэм теухуауэ» Урысей Федерацэм и Президентым 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 2-м къыдигъэкIа Указ №I98-р гъэзэщIэн и лъэныкъуэкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2014 гъэм шыщхьэуIум и 6-м къыдигъэкIа унафэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн 1-нэ, 2-нэ, 2.1-нэ пунктхэмрэ 2.2-нэ пунктым и япэ абзацымрэ «бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ» псалъэхэр «бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIауэ. 2. 2023-2025 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэпеуэм зыщегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъуным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIыпхъэхэм я Плану («гъуэгу картэу») Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №211-РГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн I Iыхьэм и 8-нэ пунктым и 8.5-нэ пункт къуэдзэм II Iыхьэм и 32-нэ пунктымрэ «бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ» псалъэхэр «бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIауэ. 3. Электрокъарур (лъэщагъхэр) къэзыгъэсэбэпхэм, экономикэм, экологием, е псэуныгъэм ехьэлIа Iэужьхэр къэзышэнкIэ хъуну электрокъарур къэгъэсэбэпыным мардэ яхуэгъэувынымкIэ ялэжьынухэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2024 гъэм мэкъуауэгъуэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №73-РГ-мкIэ щIэгъэбыдам и 79-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн «бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ» псалъэхэр «бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ», псалъэхэмкIэ зэхъуэкIауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Налшык къалэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м №191-РГ
Поделиться:
Читать также:
19.01.2026 - 11:30 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
14.01.2026 - 14:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
13.01.2026 - 09:30 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
12.01.2026 - 12:36 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
| ||




