«Адыгэм хьэщIэ и щIасэщ» жаIэ. Адыгэм хьэщIэм зэи лей къытрагъэхьэртэкъым, хуэфэщэн хабзэ кIэлъызэрахьэрт. ХьэщIэр цIыхухъууи цIыхубзуи щытынкIэ мэхъу. ЦIыхухъу хьэщIэр нэхъыбэрэ къызэрыкIуэр шууэт. ЦIыхубзыр гукIэт. Шу хьэщIэм и фащэр мырат: щIакIуэ-бащлъыкъ щыгът, дохъутейм илъу адыгэ фоч, щIакIуэм и щIыIукIэ пщIэхэлът. Къамэ, сэшхуэ, фочкIэщI кIэрыщIат. Шу хьэщIэр пщIантIэм зэрыдыхьэу, шы фIэдзапIэм екIуалIэрт. Шур емыпсых щIыкIэ бысымыр къэсырт. Шум сэлам къитырт. Бысымым сэламыр къыIихырти, шум и ижьырабгъумкIэ бгъурыхьэрт. Бысымым и Iэ ижьымкIэ хьэщIэм и шхуэмылакIэр иубыдырт, и Iэ сэмэгумкIэ лъэрыгъыпысыфэр иубыдырти, хьэщIэр къригъэпсыхырт. ХьэщIэм и шыр бысымым пхъэлъантхъуэм фIидзэрти, хьэщIэм и щIакIуэ, и бащлъыкъ, и фоч, и къамышыр къыIихырт, «еблагъэ» жиIэрти, бысымыр хьэщIэм и сэмэгурабгъумкIэ бгъурыувэрти иришажьэрт.
ХьэщIэр унагъуэм я Iыхьлы гуэру щымытмэ, хьэщIэщымкIэ иригъэблагъэрт. Ауэ хьэщIэр унагъуэм я Iыхьлыуэ щытмэ, «уэ ухьэщIэщ хьэщIэкъым», жиIэрти, унэм иригъэблагъэрт.
ХьэщIэр щрагъэблагъэкIэ, бысымым япэ унэм щIагъэхьэрт. Ауэ, унэм къыщыщIэкIыжкIэ, бысымыр япэ итт. Ахэр хабзэ щIащIар хьэщIэр и ужь итмэ, хьэр къыжьэхэмыпхъуэн, къыщыщIэкIыжкIэ, хьэщIэм бий иIэмэ, бысымыр япэ Iууэн щхьэкIэт.
ХьэщIэм и фочыр бысымым къыщыIрихам и деж къыщыщIэдзауэ ежьэжыху, и пщIантIэм дэкIыжыху, бысымыр хьэщIэм и хъумакIуэт. И пщIантIэм дэту хьэщIэм зыгуэр къыщыщIмэ, бысымым и напэр текIат, и лIыгъэри къутат.
А хабзэр икъукIэ зэман жыжьэм къыщожьэ. Мис абы щхьэкIэ Нэгумэ Шорэ итхыжар: «ХьэщIэкIэ адыгэхэр фIыуэ зэрыщытар хъыбарыжьхэм яхъумащ. ТхьэмыщкIагъэмрэ политикэ зэхъуэкIыныгъэ куэдхэмрэ щхьэкIэ къэмынэу, а хьэлыфIыр иджыри къамыгъэлэлауэ яхъумэ. Ди дежкIэ ди унэ бжэщхьэIум къебэкъуа гъуэгурыкIуэр псом нэхърэ нэхъ лъапIэ дыдэщ. Абы нэщхъыфIэу IуощIэ, гуапэу ягъэхьэщIэ, щIыхь ин хуащIу ирагъэжьэж, и щхьэр хъума хъун папщIэ зым адрейм Iэрылъхьэ хуещI. Хамэм и щхьэр хъумэнымкIэ унагъуэр зейр лъэпкъ псом и пащхьэм щыжэуаптакIуэт, икIи хэт и хьэщIэр мыгъуагъэм щимыхъумэфами, е ар дэнэ къэна, и жагъуэ ящIамэ, апхуэдэу зыщIам суд тращIыхьырт икIи хуагъэгъуртэкъым. ХьэщIэм и гъащIэр ихъумэн папщIэ, хуей хъууэ щытмэ, унагъуэр зейм и псэр щIитынут».
КъэкIуар фыз хьэщIэмэ, къызэрыкIуэнур выгут. Зэрыхабзэти, выгум гущхьэ телът, гущхьэм упщIэ теубгъуат, щIигъанэу, упщIэр щагъэ хужь бгъуэшхуэкIэ тепхат зэпрыдзауэрэ. ПщIантIэм къызэрыдыхьэу гум и IумпIэр бысымым иубыдырти, гур къыщыувыIэн хуейм и деж ишэрт.
Ауэ фыз хьэщIэр гум къишынри егъэблэгъэнри зи Iуэхур цIыхубзт. ЦIыхубзыр сыт хуэдэ хьэщIэми, хьэщIэщым ирагъэблагъэртэкъым. ЦIыхубзыр хамэми благъэми унэ хьэщIэт.
Хамэ цIыхухъур хьэщIэщым щIыщагъэхьэщIэр унагъуэм ис цIыхубзхэр щыукIытэн щхьэкIэт. Езы хьэщIэри цIыхубз зыщыIэбэ-зыщылъабэм щытынштэкъым, хуиту зыщигъэпсэхуртэкъым. ЦIыхухъумрээ цIыхубзымрэ яку илъ нэмысым теухуауэ хьэщIэщыр щагъэуври цIыхубзхэм я зекIуапIэу щымыт щIыпIэт.
ХьэщIэ зыхуэкIуэ зи хабзэ унагъуэр бэлэрыгъыртэкъым. Псом япэу махъсымэ зыщигъащIэртэкъым. Махъсымэр лIэужьыгъуэ куэд хъурт: махъсымэ къызэрыгуэкI, фо махъсымэ, махъсымэ пIащIэ, махъсымэ Iув, мэрэмэжьей. ХьэщIэ къахуеблэгъам зэрыхуэфащэкIэ абыхэм ящыщ Iэнэм къытрагъэувэрт.
Адыгэ гъэхьэщIэкIэм адыгэ шхыныр быдэу пыщIат. Къахуеблэгъар хьэщIэ хэгъэрейрэ я нэIуасэу щытмэ, джэдкъаз, кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ жаIэми абыхэмкIэ фIагъэкIырт. Ауэ нэхъ ягъэлъэпIэн хуей хамэ хьэщIэмэ, Iэмал имыIэу ныш хуаукIырт. Нышу нэхъыбэрэ яукIыр щынэт, «хьэщIэ ныш» жыхуаIэри арат.