Си Iуэху зыхэмылъым сыхэIэбакъым

 Зэгуэрым Лэкъумэн цIыхухэр къепщIауэ зэхэтт. Ар журт гуэрым къилъагъури ябгъэдыхьащ. «Сыт мыбдеж къыщыхъуар?» - жиIэу щыщIэупщIэм, «Лэкъумэн едаIуэу аращ» къыжраIащ. Езыри кIуэцIрыкIщ, цIыхухэм яхыхьэри, Лэкъумэн нэхъ пасэм илъэгъуауэ зэрыщытар къищIэжри къицIыхужащ. «Уа Лэкъумэн! Уэракъэ мыпхуэдэ зэманым, мыпхуэдэ щIыпIэм, мыпхуэдэм и мэлхэр зыгъэхъу и пщылIу щытар?» - жиIэри еупщIащ. «Сэращ», - къритащ жэуап. «НтIэ, дауэ мыпхуэдэ увыпIэм узэрынэсар?» - жиIэу щеупщIым, жэуап къритащ: «СыщыпсалъэкIэ пэж фIэкIа жысIакъым. Дзыхь къысхуащIам сепцIыжакъым. Си Iуэху зыхэмылъым зэи сыхэIэбакъым». 

ПцIымрэ пэжымрэ

Лэкъумэн нэхърэ нэхъ пщылI Iэсэрэ жыIэщIэрэ иIэтэкъым ар зейм. Зэгуэрым унафэщIым Лэкъумэн адрей пщылIхэм я гъусэу хадэм пхъэщхьэмыщхьэ къихьыну игъэкIуащ. Псоми я Iыхьэр яIыгъыу къыщагъэзэжым, кърахьэжьа пхъэщхьэмыщхьэхэр яIэщIэшхыхьащ. Лэкъумэн пцIы тралъхьэри, псори абы ишха хуэдэу унафэщIым жраIащ. Ар зи жагъуэ хъуа Лэкъумэн унафэщIым чэнджэщ иритащ псори псы пщтыр иригъэфэну. УнафэщIыр арэзы хъури, пщылI псори псы пщтыр иригъэфащ, арати, псоми яшха пхъэщхьэмыщхьэхэр къажьыжащ, Лэкъумэн нэмыщI. Апхуэдэу унафэщIым Лэкъумэн зэрыцIыху пэжыр къищIащ, дзыхь зыхуэпщI мыхъуну и пщылIхэри къицIыхуащ. 

IэфIымрэ дыджымрэ

Зэгуэрым Лэкъумэн зей тхьэмадэм унафэ къыхуищIащ мэл иукIыу, абы нэхъ IэфI дыдэу хэлъ IыхьитIыр хуихьыну. Лэкъумэн унафэщIым бзэгумрэ гумрэ хуихьащ, мы тIум нэхърэ нэхъ IэфI щыIэкъым жиIэри. ЕтIуанэ гъуэгу унафэщIым мэлылым нэхъ дыджу хэлъ IыхьитIыр къыхуихьыну унафэ къыхуищIащ. Лэкъумэн аргуэрым бзэгумрэ гумрэ хуихьащ. «Дауэ а Iыхьэ дыдэхэр нэхъ IэфIу икIи нэхъ дыджу къызэрыщIэкIынкIи хъунур?» - игъэщIагъуэу щIэупщIащ тхьэмадэр. «А тIур фIымэ, абыхэм нэхърэ нэхъыфI щыIэкъым. А тIур дыджмэ, нэхъ Iеи бгъуэтынукъым», - иритащ жэуап Лэкъумэн. 

ЧэнджэщыфIхэр

 - Тхьэшынагъэ зэвгъэкIуэкI [хьэпшыпым и пIэкIэ], итIанэ зэи фыхилъэфэнукъым. ФымыщэIауи хэхъуэ фиIэнущ. 
 - ДыуэщIхэм фыкIуэ, лIэныгъэр фщыгъупщэнкъым. 
 - Нысашэ кIуэнкIэ фымыерыщ, дунеягъэм фимытхьэкъун щхьэкIэ. 
 - Пщэдджыжьым адакъэр Iуэуэ зэхэфхмэ, фыкъэтэдж, абы нэхърэ нэхъ хуэмыхуу фыщымыт.
 - Тобэр пщэдейм фымыгъэIэпхъуэ, лIэныгъэр къыфкIэлъысмэ, зэман къыфхуэнэжынукъым. 
 - ЩIэныгъэлI зэхуэсхэм фыкIуэ, цIыху Iущхэм федэIуэн Iэмалыр зыIэщIэвмыгъэкI, сыту жыпIэмэ, Iущыгъэм и нурым гум псэ къыхелъхьэж, щIы гъущIар уэшхым къызэригъэпсэужым хуэдэу. 
 - ЗэвгъэщIар хьэлу зыхэвмылъхьауэ, нэгъуэщI къэфщIэным фыхущIэмыкъу. 
 - Дунеягъэр цIыху куэд зыщIилъэфа хыщ. Фыкъелыну фыхуеймэ, тхьэшынагъэ зыхэфлъхьэ. 
 - Алыхьыр ягу къагъэкIыжыну цIыхухэр зэхуэсауэ флъагъумэ, фабгъэдэмыкIыж, фахыхьэ, Алыхьышхуэм и нэфIым щыщу фэри фи Iыхьэр къыфлъысын папщIэ. Алыхьыр зыщыгъупща гупым фахэмыхьэ, армыхъумэ фи щIэныгъэншагъэр бэгъуэнщи, фигухэр быдэ хъунщ, а цIыхухэм нэлатыр къатехуэмэ, фэри абы фыIэщIэкIынукъым. 
 - Фи ерыскъыр Алыхьым фIэлIыкIхэм фIэкIа яIуремыхуэ. Iуэху къыдэфхамэ, дин щIэныгъэлIхэм фечэнджэщ. «Ялыхь, къысхуэгъэгъу», - псалъэхэм фи бзэгухэр евгъасэ. 
 - Мы дунейм хьэлъэу къыщезмылъэфэкIа къэнакъым, гъущIи мыви яхэтуи, гъунэгъу Iейм нэхърэ нэхъ шэчыгъуей срихьэлIакъым. Мы дунейм и дыджым щыщу сIумыхуа къэнакъыми, факъырагъым нэхърэ нэхъ егъэхыгъуей зыхэсщIакъым. 
 - Iущыгъэм тхьэмыщкIэр пащтыхьхэм ябгъурегъэтIысхьэ. 
 - Уи гур гъуэщамэ, цIыхухэм пщIэ зыхуебгъэщIын щхьэкIэ Алыхьым ущышынэу фэ зытумыгъауэ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: