ПщIэрэ щIыхьрэ зыхуэфащэхэм я фэеплъуБлэкIар зыщыгъупщэм къэкIуэнур къызэрегуэуэжынур гъащIэм мызэ-мытIэу къигъэлъэгъуащ. ЩIэблэр зыщIапIыкI псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ тхыдэр: абы уеущий, уеунэтI, щыIэныгъэм ехьэлIа дерс купщIафIэхэр къыует. БлэкIам ухуеплъэкIыжыныр хэт дежкIи хьэкъщ, абы къыщыхъуа щыуагъэхэм къытрамыгъэзэжын, къэкIуэну лъэхъэнэхэм щхьэ бзыгъэкIэ ухэплъэфын щхьэкIэ. Арагъэнущ ди япэ итахэм тхыдэм мыхьэнэшхуэ ирату, абыхэм щIэх-щIэх къыхуагъэзэжурэ тепсэлъыхьыжу, хъыбарыжьхэмрэ тхыдэжьхэмрэ траIуэтыкIыу, щIэблэр абы щIагъэдэIуу къыщIекIуэкIар. НэхъапэкIэ къэхъуа Iуэхугъуэхэм я къэIуэтэкIэмрэ щIэблэм зэрыбгъэдалъхьэу щыта щIыкIэхэмрэ лъэхъэнэ-лъэхъэнэкIэрэ зэтекIми, зыхуэгъэпсар курыхыу зэщхьщ – щIалэгъуалэм гъуэгу захуэ тегъэувэнырщ, нэхъыжьым и фэеплъыр яхъумэкIэрэ, мамыр гъащIэм нэхъыфI зэрыщымыIэм ешIэлIэнырщ.
Апхуэдэ гуращэ лъагэт зыхуагъэувыжар Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIахыжрэ илъэс 82-рэ щрикъум ирихьэлIэу Курп Ипщэ (Ислъэмей) къуажэм щызэхэта пэкIум и къызэгъэпэщакIуэхэм. «ТекIуэныгъэм и гъуэгухэр» щIыналъэ псэкупсэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ зэхаша Iуэхугъуэ дахэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэр, ДОСААФ-м и щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэхэр, Тэрч щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр, дзэ-псэкупсэ хасэхэм хэт щIалэгъуалэр, къуажэдэсхэр.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 15:00 →
Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
18.02.2025 - 15:00 →
Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ
16.02.2025 - 12:06 →
Адэ шыпхъум сригъэхъуапсэри…
15.02.2025 - 10:26 →
Жылагъуэ советым и къалэныщIэхэр
14.02.2025 - 16:32 →
Сом меларди 9-м щIигъу
|