Къэбэрдейр Хэкум щисым щыгъуэ, Урысыр къезэуэн мурад ищIауэ щхьэусыгъуэ лъыхъуэт, жи.
Зэгуэрэм Урысым зы шыгу из къэнжал къригъэшащ Къэбэрдейм.
Къыригъашэри:
– Къэбэрдейхэр джэдыгу щIынкIэ фыIэзэщ, мыр схуэвгъэтэдж, схуэфIуэт, джэдыгу схуэфщIи, къысхуевгъэшэж. Iуащхьэмахуэ фи зы хакIуэ къыщыщыщам ди шыбз щийм щаригъэнэжащи, ар мыбыкIэ къысхуэфпшын, хьэуэ жыфIэмэ – абы и жэуапыр къэфт, – жери ар къапеубыд.
Къапиубыдщ аби, Хэкум лIыщхьэ-лIыфIу ису хъуар зэхуэсащ, «мыбы и жэуапыр даурэ та хъуну?», - жаIэрэ гузэвэгъуэ яIэу.
Къэзанокъуэ Жэбагъы а лъэхъэнэм щIалэ цIыкIуу чын игъэджэрэзу мылым тету мо гузэвэгъуэр щилъагъум, хуэмышэчу чыныр къытричри кIуащ зэхуэсахэм я деж.
– КхъыIэ гуп, фи гузэвэгъуэр сыт? Cэри зэ сыхэвгъэдэIухь, – жиIащ.
– ЩIэкI, ныбэузым имыхьын! ЛIо уэ ди гузэвэгъуэм хэпщIыкIынур? – жаIэри къыщIахужащ.
Ауэ щыхъум кIуэжщ, чыныр къищтэри, аргуэру мылым къытеувэжащ.
ХуэмышыIэу аргуэрыжьу кIуэри:
– КхъыIэ, гуп, сэри согузавэ, фи гукъеуэм зэ сыхэвгъэдэIухь, – щыжиIэм, зыкъомым «щIэкI» жаIами, зыкъомми «щывгъэIэ, мыр зи цIыкIуагъ гукъеуэ гуэр имыIатэмэ, къытригъэзэжу къэкIуэжынтэкъым, зэ жедывгъэгъэIэ жиIэнур, сэбэп мыхъуми, зэран хъункъым», - жаIащ.
– Ди гукъеуэр – «мы къэнжалыр схуэфIуэт, схуэвгъэтэдж, джэдыгу схуэфщIи къысхуевгъэшэж, Iуащхьэмахуэ къыщышыща фи хакIуэм ди шыбз щийм щригъэнэжащи мыр абыкIэ къысхуэфпшын, хьэуэ жыфIэмэ – абы и жэуап къэфт» жиIэри, Урысым къытхуигъэкIуащ, – жаIащ.
Жэбагъы:
– НтIэ, мыбы и жэуапыр сэ естмэ, сыт къысхуэфщIэн? Унагъуэу сывгъэтIысын? – жиIащ.
– Уэрей, удгъэтIысынмэ, – жаIэ.
Къэзанокъуэр щIалэ къулейсызти:
– Хъунщ нтIэ, ахэм я пщым и пащхьэм ислъхьэну зы фэилъхьэгъуэ сиIэн хуейщ, - щыжиIэм, хурагъэщIащ.
– Шыгу из балбэ мывэ щтауч сыхуейщ, - жиIащ.
Ари къыхуагъуэтащ.
– Намилэ фIыцIэ хэмыту зы ажэ сыхуейщ, хужьыбзэу, – жиIащ.
Ари къыхуагъуэтащ.
– Зы махъши сыхуейщ, шыгум и пхэм кIэрыщIауэ сшэну.
Къашащ.
– Сэ жысIэм фIэмыкIыну шу тIощIитI сыхуейщ, – жиIащ.
– Шу тIощIитIми шу тIощIитIщ, сыт тщIэн, хэгъуэгур къызэтенэн хуейщ зыдмыгъэкIуэду, – жаIэри, зыхуейхэр хуагъэхьэзыращ.
– ФынакIуэ иджы, – жиIэри, гупыр иришэжьащ.
Ежьэхэщ аби, Урысым нэсри, къалэм щыдыхьэнум деж:
– Иджы, лIа ирехъу, псэу ирехъу, мо хьэм феуэ жыхуэсIэм феуэ, – жиIащ.
КIуэурэ «мыбы феуэ, мобы феуэ, мыбы феуэ, мобы феуэ» жиIэурэ, зыхуэзэ хьэр яригъэукIащ.
Ауэрэ, бейтахътым, пщым и тIысыпIэм, нэсахэщ.
Нэсхэри, пщым и сэрейм хьэ джафитI Iутти, «феуэ!» жиIэри, тIури Жэбагъы иригъэукIащ.
ЩаригъэукIым, а напIэзыпIэм къакIуэщ, къаувыхьщ, къаубыдри, хьэпсым щIадзащ зы къэмынэу. Хьэпсым щIакIутэри, Жэбагъы зыгуэр къриджэри жриIащ:
– Фи пщым жефIэж, дэ дылIыкIуэщ, лIыкIуэр ямыгъэпсалъэу яукIыркъым. Зы жылэ дарилIыкIуэщи, жэуапыр дывгъэти, итIанэ укI къыттехуэмэ дывукI.
Я пщым и пащхьэ щрашэм Жэбагъы жеIэ:
– Ди хэгъуэгум лIыфIу-лIыщхьэу ису хъуам сэлам къыуахыжащ, сэлам нэужьым, «уи джэдыгур икIи тIуэтащ, икIи дгъэтэджащи, ириддыну Iуданэ жари сыкъагъэкIуащ».
– ЛIо фэ джэдыгухэр зэрывд Iуданэм и лажьэр? – жеIэ пщым.
– Уэрей, мыхъу дэ ди Iуданэр.
– НтIэ лIо тщIэнур?
– Iуданапхъэ къэсшащи, уи кIыщым къыщыщIэгъэкI.
– Дэнэ щыIэ къэпшар? – щыжиIэм, шыгум къригъэкъури, балбэ мывэ щтауч изт!
– Мыр Iуданэ хъун?
– Хъунщ, лIо щIэмыхъунур?
– Хъунукъым!
– Уэрей, къэнжалыр джэдыгу щыхъукIэ, мыри Iуданэ хъун хуейм, – жеIэ Жэбагъы.
– Ар жэуап хъуащ, - жи урысыпщым. - Ауэ, и пащIэ-жьакIэр хужьу, ныбжь иIэу, жиIэн-ищIэн ищIэу, хыхьэхэкI иIэу щхьэ зыгуэр лIыкIуэ къамыгъэкIуарэ?
– Апхуэдэ си гъусэщ, – жиIащ Къэзанокъуэм.
–Дэнэ щыIэ-тIэ?
– Фыкъекъу ажэм, хужьыгъэкIэ жэуап ятмэ, мыбы феупщI.
– Ари хъуащ, ауэ, моуэ бжьыфIэу, ину, лIышхуэу сыт зыгуэр къыщIамыгъэкIуар адыгэхэм?
– Уэрей, апхуэди си гъусэм.
– Дэнэ щыIэ?
– Фыкъекъу махъшэм, – жеIэ Жэбагъы.
– Абдежи укъысхурикъуащ. Ауэ иджы зы закъуэкIэ сыкъоупщIыжынущи, абыи жэуап къептмэ, илъэс тIощIищкIэ фи гугъу сымыщIынкIэ фыкъызогъэгугъэ, - псалъэ ет урысым.
– КъыжыIэ.
– Мы хьэхэр щхьэ букIынкIэ хъуа?
– Сэ тхьэ Iуа сиIэт мы фи жылагъуэ закъуэ мыхъуу, дэни ирехъу, сызыхуэзэ хьэр сымыукIыуэ сыблэмыкIыну. Сыкъулейсызу зы пщы гуэрым и мэл згъэхъуу Iуащхьэмахуэ сыкIэрыту, зы дыгъужь къысфIыхыхьати, сыгуоурэ схухэмыхужу мэлыр сфIиукIащ. Мыбы ныдэкIыу е ди лъэныкъуэкIэ никIыу зы хьэ нэкIуакъым. Абы лъандэрэ тхьэ сIуар сымыгъэпцIын папщIэ соукI, – жиIащ.
– Iэу! Iуащхьэмахуэрэ мыбырэ махуэ дапщэ я зэхуаку, ар мы дэ ди хьэхэм зэхахыну Iэмал иIэтэкъым.
– Iуащхьэмахуэ къыщыщыща хакIуэм фи шыбз щийм щыщанэжым щызэхахакIэ, сыту фи хьэхэм ар зэхамыхарэ? – жиIащ.
– Ари си къабылщ, – жиIащ урысым.
Абы иужьым, илъэс тIощIищкIэ Къэбэрдейм и гугъу къамыщIыну къигъэгугъэри кърагъэжьэжащ Къэзанокъуэр.
1978 гъэм Узуняйлэ щыпсэу адыгэхэм къаIуэтэжа хъыбар.