Оренбург зыхуагъэхьэзыр![]() Самбэ Черкесск къалэм щекIуэкIащ самбэмкIэ 9-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 22-м я бэнакIуэ ныбжьыщIэу 200-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ. Зэпеуэм щытекIуахэр хэтынущ Урысей Федерацэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм гъатхэпэм и 17 - 20-хэм Оренбург къалэм щызэхашэну зэхьэзэхуэм.
Ди гуапэ зэрыхъущи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медалибгъу Черкесск къалэм къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ щыхъуащ Къудей Беслъэн (кг 53-рэ), Ажахъуэ Iэмин (кг 58-рэ), Бийболатов Даниял (кг 79-рэ) сымэ.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





