19-нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм зи тхыгъэхэр дунейм къытехьэу щIэзыдза тхакIуэ КIашэ Адыл-Джэрий къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэхэм гуапэу зэрахущытыр и тхыгъэхэм зэи щибзыщIакъым, ахэрщ абы и тхыгъэм щигъэлъапIэр, хьэл-щэн нэхъыфIхэр задилъагъур, лъэпкъым зэригъэпэща хъугъуэфIыгъуэ псори зи фIыгъэр, зэзыгъэпэщар. Я IэпкълъэпкъкIэ, теплъэкIэ, щыгъынкIэ ахэр зиусхьэнхэм къащхьэщокI, ауэ я акъыл, цIыхугъэ, пэжагъ яхэлъ и лъэныкъуэкIэ куэдкIэ пщыжь-уэркъыжьхэм йофIэкI. Очеркым зэрыщытхамкIэ, «…Iуащхьэтесхэм я нэхъыбэр цIыху зэтетхэщ, хьэщIэщщIэсхэм яхуэмыдэу, абыхэм я деж щхьэщытхъугъэмрэ пцIымрэ щIыхьышхуэ щаIэкъым. Ята псалъэр Iуащхьэм нэхъ щагъэпэж, фитIнагъымрэ укIытафэ зытегъэуэнымрэ абы уащыхуэзэркъым». А илъэсхэм бгырыс лъэпкъхэр нэхъ зыгъэпIейтейуэ щытахэм КIашэр куууэ щыгъуазэу, щыуагъэншэу ахэр къихутэфу, имыбзыщIу, щIимыуфэу ахэр и тхыгъэхэм къыщиIэтыфу зэрыщытар наIуэ къыпщащI лъэпкъхэм, пыухыкIауэ жыпIэмэ, адыгэхэмрэ урысхэмрэ я зэхущытыкIэхэр тэмэму абы къызэригъэлъэгъуами.
Лъыгъажэ мыухыжым лIэщIыгъуэм щIигъукIэ хэта бгырыс лъэпкъхэм я дежкIэ тынштэкъым зи жьауэ щIэува къэралыгъуэм гуапагъэ хуищI хъунри, занщIэу пыщIэныгъэ нэс я кум къыдэхъуэнри. Апхуэдэу щыт пэтми, гъащIэр гъащIэщ, блэкIар щэ лъахъэу лъакъуэм илъу упсэу хъунутэкъым. А гупсысэм и пэжыр къызыгурыIуэжа лъэпкъхэри мащIэ-мащIэурэ зэгъунэгъу мэхъу, сатум зэпещIэ, Иуаныкъуэхэм я фIыгъэкIэ бгырысхэм я псэукIэр хэпщIыкIыу йофIакIуэ, пасэм ахэр зыщымыгъуазэ хьэпшып, Iэмэпсымэ Iэджэ къагъэсэбэпу щIадзэ, я IэщIагъэм, щIэныгъэм заужь. Урысхэм дащI сатум и фIыгъэкIэ бгырыс цIыхубзхэм хэхъуэ гуэрхэр яIэ мэхъу, я зэфIэкI, къарухэр къагуроIуэж. Iуащхьэтесхэм я нэхъыбэр, тхакIуэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, урысхэм я лъэныкъуэ хъуныр абы къыхэкIащ. Бгырыс лъэпкъхэр а зэманым зыхэта кIыфIыгъэр тхакIуэм и тхыгъэ псоми къыщеIэт, а Iуэхум къытригъэзэжурэ топсэлъыхь, ахэр щIэныгъэм и гъуэгум теша зэрыхъуным, абы и пхыгъэкIыкIэ, и лэжьыкIэ хъунухэм куэдрэ я гугъу щещI. Ахэм ар зэманыфIкIэ зэрегупсысам и щыхьэту, и очеркым тхакIуэм щитхыгъащ: «КъызыхэкIа и лъэпкъыр сыт хуэдизу мылъахъшэми, щIэныгъэ зэзыгъэгъуэта цIыхум къыдалъхуахэм пэIэщIэ зищIын хуейкъым, щIэныгъэ зиIэм къызыхэкIахэм нэхъ быдэу зыпищIэ мыхъумэ. ЩIэныгъэ мащIэ фIэкI зыIэрызмыгъэхьа шэрджэсыр къызэрыгуэкI и лъэпкъыгъуищэм нэхърэ нэхъ шэрджэсыфIу щытщ, щытыни хуейщ». КIашэм и очеркым и пщIэр зыщылъагъупхъэр къызэрыгуэкI лэжьакIуэм и образым щIыпIэ ин абы зэрыщиубыдырщ, лIыхъужь нэхъыщхьэ япэ дыдэ ахэр абы зэрыщыщIарщ, яхуэфащэу гулъытэ лъагэ ахэм а тхыгъэм зэращылъигъэсарщ. КъызыщIэзыкъуэ къару ящIэлъу, языхэзри цIыху щхьэхуэу, гукъинэжу зэрыщызэфIэгъэувам и щIыIужкIэ, тхакIуэм ибзыщIыркъым ахэм зэрателъхьэр, ахэр игу, и псэ нэхъ зэрыдыхьэр, я зиусхьэнхэм сыт и лъэныкъуэкIи ахэр зэрефIэкIыр. Апхуэдэ лъагъуныгъэ къабзэ зэрыхуиIэрщ тхакIуэм Iэзагъышхуэ хэлъу ахэр къигъэлъэгъуэныр къыщIехъулIари.
МэкъумэшыщIэхэм я образхэу «Iуащхьэ щыгум» хэтыр куэд мэхъу, нэхъ гъэщIэгъуэныращи, абыхэм языхэзри псэууэ, зи псалъэкIи зи теплъи зиIэж цIыху пыухыкIауэ уи пащхьэ къоувэ. ЩIэныгъэ имыIэми, гум къонэ, акъыл жан бгъэдэлъщ, КIэрашэ Тембот къигъэщIа Хьэлахъуэ и образым ехьэ-ехуэу, дунейм къыщыхъу-щекIуэкI псори зэригъэщIэным хуэнэхъуеиншэ, зи анэдэлъхубзэр Iэзэу зыгъэбзэрабзэ, тхакIуэм филсуф зыфIища Солмэн. УнэIут къызэрыгуэкIым и зэфIэкIым и лъэщагъыр, щхьэхуитыныгъэм къаруущIэ абы къызэрыхилъхьэр, лъагъумыхъуныгъэ и зиусхьэным абы хуиIэр, апхуэдэу щытми, зытеплъэ мыхъум абы зэрызыщIигъакъуэр тхакIуэм хьэлэмэту Исмел и образымкIэ къигъэлъэгъуащ. Абы и щIыхьыр и къуажэм апхуэдизу щылъагэщи, а жылагъуэм зы Iуэху къыщаIэтыркъым, щекIуэкIыркъым абы и псалъэ, и чэнджэщ хэмылъу. ПсэукIэм хуэIэзэ а лIыжьым лъагъуныгъэ къабзэкIэ къыбгъэдэтщ хьэблэдэсхэри, езым ахэри зришэлIэжауэ зэгъусэу зэдолажьэ, зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ сытым щыгъуи ахэм защIегъакъуэ, ядоIэпыкъу. ПщылIыпIэр трахыным ипэIуэкIэ адыгэ обществэр мащIэ-мащIэурэ зэрызэщхьэщыкIыр, лъэпкъ псэукIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къызэрыщыхъур тхакIуэм пэжагъ нэс хэлъу къигъэлъэгъуащ Иляс и образымкIэ. Ар къызыхэкIар уэркъ унагъуэщ, ауэ къулейсыз щыхъум, хэкIыпIэ щимыгъуэтыжым, ар IэмалыншагъэкIэ мэкъумэш лэжьыгъэм пэрыувэн хуей мэхъу, Iуащхьэтесхэм къахохутэ. Ауэ «къупщхьэ хужьым» къызэрыхэкIар зи напщIэ телъ уэркъыр къызыхыхьахэми яхэзагъэркъым, къимылэжь, хуэмыфащэ пщIэ лей зыхуригъэщIыну хэтщ, ауэ и ныбжьэгъущIэхэм ар абы хуагъэдахэркъым, къыхуадэркъым. Очеркым куууэ щызэфIэгъэуващ Хуцэ, Бечорэ, Хьэнтхъупс, Теувэж сымэ я образхэри. И лIыхъужьхэм я теплъэхэр, псэлъэкIэр, зэхущытыкIэхэр пэжу къызэригъэлъагъуэм къыдэкIуэу, тхакIуэм къехъулIащ ахэр зыгъэпIейтей гупсысэхэр, я Iуэху еплъыкIэхэр, гурылъ-гурыщIэхэр ди пащхьэ куууэ кърилъхьэнри. Пэжщ, нэхъыбэми ахэр я махуэкъэс псэуныгъэм, ныбэм и гурыгъузым епхауэ къыпщыхъу щхьэкIэ, ахэм щIагъыбзэ куу ящIэлъщ, лъэпкъым и цIыхухэр а зэманым зыгъэпIейтей Iуэхухэр къытхузэIуах, къызэтрагъэнащ.
«МазитIкIэ къуажэм» щызэфIэгъэуващ адыгэ пщащэ телъыджэм и образ уардэ. Гъэсэныгъэ, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэрелIэлIэшхуа щымыIэу къыпщыхъу щхьэкIэ, Залихъэ гъащIэм фIыуэ щыгъуазэщ, набдзэгубдзаплъэщ, куэдым йогупсыс, ягъэпIейтей. Ар нэхъыбэуи гуныкъуэгъуэм хэзмыгъэкIыр, шыгъушыпсыпIэм хэзыгъэлъыр бгырыс цIыхубзым щхьэхуитыныгъэ зэримыIэрщ, абы и щхьэ и унафэ зэрырамыгъэщIыжырщ, хьэпшып хуэдэ, къаубыду игу иримыхьым, имыцIыхуххэм, уасэ нэхъыбэ къезытым псалъэмакъыншэу зэрыращэрщ. Адрей бзылъхугъэ къызэрыгуэкIхэм къащхьэщыкIыу, а пщащэм сыт сшхын, щыстIэгъэн жиIэркъым, хуэмыщIэн лэжьыгъи зыми къыпиубыдыркъым, ауэ ари насыпыншэщ, и щхьэ хуиткъым, хабзэ мыхъумыщIэ гущIэгъуншэхэм я зэранкIэ ар лIы жагъуэм, езым нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьым, ират, и гъащIэр гурыфIыгъуэншэу, дэгъэзеигъуэ зэфэзэщу лIыжь кхъахэм дихьын хуей мэхъу. А бзылъхугъэ насыпыншэм и закъуэкъым зи насып якъутэр, лъагъуныгъэр зэпаудыр, бэлыхь, хьэзаб мыухыжхэм хагъэтыр – бгырыс цIыхубзхэм я нэхъыбэм аращ къапэщытыр, я натIэ хъур. Дэкъузэныгъэ шынагъуэ ахэр зыдэтым игъэхыщIэ тхакIуэм и рассказым и кIэухым мыр щитхыгъащ: «УзыхэкIыжа насыпым къигъэзэж хабзэкъым, армыратэмэ псори насыпыфIэ хъунт. Залихъэ тхьэмыщкIэм нэхъ дунеифI хуэфащэт, абы и псэ къабзэм дэтхэнэ цIыхубзри дахэ щIэхъукIынт, арщхьэкIэ кIуапIэ щигъуэтакъым мы гъащIэм. Залихъэ и закъуэкъым. Цыхубз дапщэ IэщIэкIуэда ар зыхалъхуа мы дуней дыджыжьым».
ИджыкIэ нэсу зэхэгъэкIауэ щыткъым игурэ и псэрэ хуэкъабзэу тхакIуэ IэщIагъэр къыхэзыха, тхыгъэ хьэлэмэтхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэ гъуэзэджэ куэд зыхуэлэжьэну щытам тхэн занщIэу щIыщигъэтари, щхьэусыгъуэ абы хуэхъуари. Адыгэ просветительскэ литературэм хэлъхьэныгъэ телъыджэхэр хуэзыщIа лъэпкъ тхакIуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыщ КIашэ Адыл-Джэрий. И къалэм жанымкIэ ар и псэ емыблэжу хуэлэжьащ псэуэ илъагъу и лъэпкъым. Апхуэдэ къалэн хьэлэмэтхэр зыхуищIа и лъэпкъэгъухэми аращ абы и цIэ лъапIэр я гум щIыщагъафIэр, адыгэ литературэм и тхыдэм увыпIэ лъагэ щIыщиубыдыр.