Темболэт и зэфIэкIхэр![]() Урысейм и Олимп комитетым и «Олимп джэгухэм хэтыфыну узыщыгугъ хъуну сабийхэр» проектым ипкъ иткIэ зи ныбжьыр илъэс 16 иримыкъуахэм я деж Бакъей Темболэт спортсмен нэхъыфIу къыщалъытащ, къитащ Бахъсэн къалэм и администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм. Бахъсэн Олимп джэгухэм хэтыфыну, зэфIэкI зыбгъэдэлъ сабийхэр щагъэхьэзыр и спорт еджапIэм и гъэсэн щIалэм нэгъабэ хузэфIэкIащ Урысей Федерацэми Европэми бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэхэр къыщихьын. Ди къэралым зэпеуэр щызэхэтащ Осетие Ищхъэрэм и щыхьэр Владикавказ, европей зэIущIэр - Алыджым и Лутраки къалэм.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 14:46 →
Псынэдахэр япэ итщ, Алътудыр абы къыкIэлъокIуэ
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
01.07.2026 - 11:44 →
Спортсмен цIэрыIуэм и щIыхькIэ
29.06.2026 - 13:21 →
Къудей Беслъэн япэщ
28.06.2026 - 13:30 →
ЕхъулIэныгъэхэр яIэу къагъэзэж
| ||





