Орёл макIуэ![]() Владикавказ къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм IэпщэкIэ зэпекъунымкIэ (армрестлинг) и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щыIащ спортсмен ныбжьыщIэу, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 300-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14 - 22-хэм къриубыдэу икIи ахэр гуп 30-у гуэшауэ щытащ. Къызэрыхах зэхьэзэхуэу Остетие Ищхъэрэ – Аланием и къалащхьэм щекIуэкIа зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен 14 икIи абыхэм ящыщу 11-м Iэмал ягъуэтащ Урысей Федерацэм армрестлингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм гъатхэпэм Орёл къалэм щекIуэкIыну зэIущIэм хэтыну.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 14:46 →
Псынэдахэр япэ итщ, Алътудыр абы къыкIэлъокIуэ
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
01.07.2026 - 11:44 →
Спортсмен цIэрыIуэм и щIыхькIэ
29.06.2026 - 13:21 →
Къудей Беслъэн япэщ
28.06.2026 - 13:30 →
ЕхъулIэныгъэхэр яIэу къагъэзэж
| ||





