«ЩIэныгъэ» урысей зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм 2024 гъэм илэжьахэр къыщапщытэжащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым жылагъуэ жэрдэмхэмкIэ и пэшым. Абы теухуауэ къызэрагъэпэща зэIущIэм зыкърагъэхьэлIащ зэгухьэныгъэм хэтхэм, Iуэху къадэзыщIэхэм.
Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ географие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Шагин Сергей. Зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр илъэс кIуам зыхунэсахэм тепсэлъыхьащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дыкъынэ Андзор.
- ЩIэныгъэр сыт щыгъуи япэкIэ укIуэтэну Iэмал лъэщ къозытщ, щIэщыгъуэхэр къыпхузэIузыхщ. Мы гъэм ди зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа апхуэдэ Iуэху куэдым республикэм и цIыхухэр къыпэджэжащ, я гум зэрыдыхьар къыхагъэщу. Ди гупсысэ зэтхьэлIэу дызэрызэдэлажьэм, дэрэгъухэр дызэриIэм, зэфIэкI зиIэ лекторхэр ди деж зэрыщыIэм и фIыгъэкIэ, зэгухьэныгъэм лъэщу зеужь. АдэкIи хэдгъэхъуэну ди мурадщ, - жиIащ Дыкъынэм.
2024 гъэм «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщащ щIыналъэ, федеральнэ проект щхьэхуэхэр. Апхуэдэу, зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм лэжьыгъэшхуэ ирищIылIащ «Шаг в карьеру» проектым, «Знание. Герои» хэкупсэ гъэсэныгъэ Iуэхум, нэгъуэщIхэми.
Зэгухьэныгъэм республикэм щиIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр жыджэру хэтащ «Знание. Первые.», «Знание. Премия.», «Знание. Лектор.» урысейпсо Iуэхухэм, ЩIалэгъуалэм я дунейпсо фестивалым и щIыналъэ Iыхьэм. Лекторхэр щыIащ зэгухьэныгъэм и программэхэу «Мэшыкъуэ» щIэныгъэ центрым къыщызэрагъэпэщхэм.
КъБКъУ-м щекIуэкIа зэIущIэм щIыхь тхылъхэр щратащ «ЩIэныгъэ» урысей зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм жыджэру хэт IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм: КъБР-м и федеральнэ казначействэм и IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Ахъсор Мухьэмэдрэ Урысейм и социальнэ фондым республикэм щиIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Жылокъуэ ФатIимэрэ. Апхуэдэу, къыхагъэщащ зэгухьэныгъэм жыджэру къыдэлажьэ IуэхущIапIэхэр: КъБКъУ-м IэщIагъэм хэгъэхъуэнымкIэ, щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ, гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и управленэхэр, сабийхэм я узыншагъэр щызэфIагъэувэж «Радуга» центрыр, «Академия ТОП» IуэхущIапIэр, нэгъуэщIхэри.
Илъэс кIуам зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм щекIуэкIащ цIыху мини 7 зыщIэса лекцэ 400 хуэдиз.
«ЩIэныгъэ» урысей зэгухьэныгъэм и тхыдэр къыщожьэ 1947 гъэм политикэ, щIэныгъэ жэрдэмхэр пхыгъэкIынымкIэ совет интеллигенцэм къызэрагъэпэщауэ щыта союзпсо зэгухьэныгъэм и деж. 1963 гъэм абы фIащыжащ «ЩIэныгъэ» союзпсо зэгухьэныгъэ, 1991 гъэм щегъэжьауэ «Урысейм и щIэныгъэ» фIэщыгъэр зэрехьэ. Зэгухьэныгъэм хэтхэм щIэныгъэ Iуэхур ягъэкIуатэрт, промышленностым, мэкъумэш IуэхухэмкIэ ехъулIэныгъэ зиIэхэм тепсэлъыхьырт. 2016 гъэм «Урысейм и щIэныгъэ» зэгухьэныгъэм фIащыжащ «ЩIэныгъэ» урысейпсо жылагъуэ къэрал зэгухьэныгъэ. 2021 гъэм УФ-м и Президент Путин Владимир УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыхигъэщащ зэгухьэныгъэр бжыгъэхэр зи лъабжьэ иджырей платформэм и мардэм тету къэгъэщIэрэщIэжын зэрыхуейр.