Мэкъумэш вузхэм я егъэджакIуэхэм папщIэ мэкъумэш, уней IуэхущIапIэхэм яухуа унэхэм трагъэкIуэдам и Iыхьэ ныкъуэм щIигъу къэралым къаритыжынущ.
Мы хабзэр зыхуэгъэзар УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ «Рыболовство», «Россельхознадзор» IуэхущIапIэхэмрэ япыщIауэ лажьэ мэкъумэш университетхэмрэ институтхэмрэ я егъэджакIуэхэрщ. Апхуэдэу щыхъукIи, егъэджакIуэхэм иужькIэ Iэмал яIэнущ илъэситху пIалъэ зэрыдэкIыу щIыналъэм къыщекIуэкI уасэхэм ятещIыхьауэ, худэчых хэлъу, зыщыпсэуа псэупIэхэр къащэхужыну.
«Къэбгъэлъагъуэмэ, къэрал бюджетым къыхэкIа ахъшэмкIэ яухуа псэупIэхэм трагъэкIуэда мылъкум и процент 30-м къыщыщIэдзауэ 90-м нэсыху хуапшыныжынущ. Мы гъэм а Iуэхугъуэхэм хухэтхынущ сом меларди 6,5-м щIигъу», - щыжиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил и къуэдзэхэм иджыблагъэ ядригъэкIуэкIа зэIущIэм.
Дызыхыхьа илъэсым щегъэжьауэ мэкъумэш IуэхущIапIэхэм хуапшыныжынущ я ахъшэкIэ еджапIэ ягъэкIуа студентхэм трагъэкIуэдам щыщ Iыхьэ. Абы нэмыщI, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм практикэ щезыхьэкIа студентхэм я лэжьапщIэмрэ я фэтэрыпщIэмрэ и Iыхьэ гуэрхэри къэралым яритыжынущ. Апхуэдэ унафэм иджыблагъэ Iэ щIидзащ Мишустин Михаил.
Апхуэдэуи УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэм къалэн ящищIащ къэралым и мэкъумэш-промышленнэ комплексыр IэщIагъэлIхэмкIэ нэсу къызэгъэпэщыным теухуауэ Урысей Федерацэм и Президентым къахуищIа унафэр нэхъ жыджэру ягъэзэщIэну, сыту жыпIэмэ, мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIым и куэдагъым зэрыхэхъуэнум и мызакъуэу абы и фIыгъэкIэ къуажэдэсхэм IэнатIэщIэхэр къыщыхузэIуахынущ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, УФ-м и Правительствэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр мэкъумэш IэнатIэм ирет, абы и нэIэ тригъэт зэпытщ икIи УФ-м и Президент Путин Владимир къахуищIа унафэм тету, мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьыным хуэлажьэ къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр иратынущ.
Псалъэм папщIэ, мэкъумэш еджапIэ нэхъыщхьэхэм я егъэджакIуэхэр лэжьыгъэм тезыгъэгушхуэ, нэхъри езыгъэгугъу ахъшэхэр хухахынущ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, а егъэджакIуэхэмрэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм щылажьэ щIэныгъэлIэхэмрэ, псом хуэмыдэу иджырей мэкъумэш технологие ехьэжьахэр зэхэлъхьэным елэжьхэм мазэ къэс сом мин 40 иратынущ. Абы нэмыщI, къуажэ школхэм агротехнологие классхэр щызыIыгъ егъэджакIуэхэми сом мин 30 мазэ къэс къахьынущ.