Къапэщыт къалэнхэр яубзыху![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къалэ, район администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэт «щIыналъэ сыхьэт» зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Тепсэлъыхьащ къэрал программэхэм, лъэпкъ проектыщIэхэм хэту ягъэзэщIэну къалэн нэхъыщхьэхэм. «ЩIыналъэ унафэщIхэм мы илъэсым къыфпэщылъ къалэнхэр зэфIэхыным егугъуу зыхуэвгъэзэрахьауэ щытыпхъэщ. КъищынэмыщIауэ, илъэситIым къриубыдэу яухуэн хуейуэ кърагъэжьа объектхэр и чэзум хьэзыр щIыныр ткIийуэ фи нэIэ щIэтын хуейщ. Мы илъэсым дгъэзэщIэнущ егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным, сабий зиIэ унагъуэхэр дэIыгъыным, кхъахэ хъуа унэхэм щыпсэухэр гъэIэпхъуэным, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр къэгъэщIэрэщIэжыным епха проектхэр», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм дэтхэнэ зы унэтIыныгъэмкIи ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэр нэхъ псынщIэу зэфIэха хъунымкIэ хэкIыпIэхэр къалъыхъуэну пщэрылъ ящищIащ.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 15:00 →
Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
18.02.2025 - 15:00 →
Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ
16.02.2025 - 12:06 →
Адэ шыпхъум сригъэхъуапсэри…
15.02.2025 - 10:26 →
Жылагъуэ советым и къалэныщIэхэр
14.02.2025 - 16:32 →
Сом меларди 9-м щIигъу
|