Пшынэр зи Iэпэгъу

Пшынауэ, уэрэдуc, усакIуэ Дэвид Риммэ мы махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.

Анзорей къуажэм къыщалъ­хуа хъыджэбз цIыкIур илъэсищ фIэкIа мыхъуауэ и адэр дунейм ехыжати, и адэшхуэ Уэсмэн ­унагъуэр Къуэгъулъкъуей (Урыху) ­къуажэм, Риммэ и анэ­шым, ишэжащ. Аращ хъыджэбз цIыкIум и сабиигъуэри и щIалэ­гъуэри щигъэкIуар. 
Адэшхуэм и щIапIэм и ны­-къуэр и пхъум иритащ, унэ хури­щIыхьри, щIигъэтIысхьэжащ. ­Марусэ и пхъуитIыр и гуры­фIы­гъуэт, сабиитIыр зэрипIыным и гъащIэр теухуат. 
Уэсмэн и псэм макъамэр хэлът, и къэфэкIэми дэбгъуэн щымыIэу апхуэдэт. И щхьэгъусэ Къарэшаш пшынауэ Iэзэт. Пырхъуэм тесу пшынэр щигъэбзэрабзэкIэ, я гъунэгъухэм жаIэрт: «Къарэшаш я пщIантIэ дэту пшынэ ­щеуэкIэ, губгъуэм итхэр абы къыдофэ». Къарэшаш Iэ­мэлъчыхэ япхъут, зэшыпхъуих ­хъурти, плIыр пшынауэт. Хьэ­гъуэлIыгъуэ зиIэм зэшыпхъухэр щрагъэблагъэм деж хьэщIэ ­къэ­кIуахэр гуфIэрт: «Iэмэлъчы зэ­шыпхъухэм джэгур ирагъэ­кIуэкI», - жаIэу. 
Уэсмэн и пхъурылъху цIыкIуми пшынэ еуэкIэ зригъэсэну зэры­щIэхъуэпсыр илъагъурт. Сабийм пшынэ макъ щызэхихкIэ, абы зыIэпишэрт, и нэхэр тедият, и пIэм ижыхьауэ едаIуэрт. А псори зэхуигъэкIуэжри, Уэсмэн, анэ­шхуэм и фэеплъу, Риммэ пшынэ цIыкIу къыхуищэхуащ. 
И адэшхуэм тригъэгушхуэрт: «Уэ цIыкIур ин ухъумэ, сэ пшынэ плъыжьышхуэ къыпхуэсщэхунущ. Уи щхьэц плъыжьым екIуу уи Iэбжьанэхэр плъыжьу лауэ, хьэгъуэлIыгъуэхэм ущеуэу ус­лъагъуну сыхуейщ», - жиIэрти, и Iэр и щхьэм дилъэрт, сабийм ­зэфIэкI зэрыбгъэдэлъыр и гум щигъафIэу. Риммэ и анэ Маруси лъэкI къигъэнакъым и адэм и ­уэсятыр хъыджэбз цIыкIум хипщэну. 
Етхуанэ классым щIэс къудейуэ арат Риммэ еджапIэм ягъэ­хьэзыр пшыхьхэм пшынэ щеуэу, уэрэд цIыкIухэр щигъэ­защIэу щыщIидзам. Езы цIыкIуми «хьэуэ» жимыIэу кIуэрт, гуфIэ­гъуэ щекIуэкI унагъуэхэм ирагъэблагъэмэ.
И анэм къыгурыIуэрт и пхъур пшынэ нэхъ ин, нэхъыфI зэры­хуейри, пшынэщIыжым (къызы­хэкIа лъэпкъкIэ нэмыцэт) пшы­нэшхуэ ищIыну елъэIуащ. Зэ­анэзэпхъур пшынэр къахьыжы­-ну щыкIуам, Риммэ и фIэщ мыхъуу мо пшынэ зэщIэцIыуэ­жым и нэр триубыдауэ еп­лъырт - зыщIэхъуэпсу щыта Iэмэпсы­мэр и пащхьэ итт. 
Нэмыцэ лIыжьым: «Пшынэр къащти, и макъым еплъ, уигу ирихь­рэ-иримыхьрэ», - щыжи­Iэм, зыкъищIэжауэ аращ. Пшы­нэр и куэщI иригъэувэри, и Iэпэ цIыкIухэр зэтещэщу и анэшхуэр зэуа къафэхэм щыщ къищыпу щIидзащ. 
ПшынэщIыжым зыкъигъазэ­-ри, и анэм къыжриIащ: «Уи хъы­джэбзыр зэчиифIэщ, пшы­науэ Iэзэ къыхэкIынущ». Риммэ пшы­нэщIэм тегушхуауэ макъамэхэр, къафэхэр къригъэкIырт, ауэ и анэшхуэ Къарэшаш зэуэу щыта къафэхэм ящыщ зригъэ­щIэну щIэхъуэпсырт.
Риммэ илъэс 13-м иту, Марусэ и анэ шыпхъум деж хьэщIапIэ ишауэ елъэIуащ: «Чэбланэ, кхъыIэ, мы си пхъум, жьэкIэ ­мыхъуми, Шаш и къафэр къе­гъащIэ», - жиIэри. Чэбланэ жьэ­кIэ жиIэм, Риммэ IэпэкIэ къи­пхъуатэурэ, хъыджэбз цIыкIум ­къафэр и гум ириубыдащ. Абы лъандэрэ, а къафэр анэшхуэм и фэеплъу Риммэ къыдогъуэгу­рыкIуэ. 
Зы хьэгъуэлIыгъуэ гуэрым Хьэ­Iупэ ДжэбрэIил къа­фэр щы­зэ­хихым, къыжриIащ: «Риммэ, мы къафэр бгъэкIуэд хъунукъым!» Абы тригъэгуш­хуэщ, и анэ­шхуэм фIыуэ илъэ­гъуа къа­фэр къигъэсэбэпри, и тхыпхьэхэр хэту ­Риммэ уэрэд ­дахэ итхащ, икIи ­«Къарэшаш и къафэ» фIищащ.
1976 гъэм Дэвид Риммэ курыт еджапIэр къиухащ, бухгалтер IэщIагъэм хуеджэри, Налшык дэт электровакуум заводым, иужь­кIэ Нарткъалэ дэт 13-нэ СУ-м щылэжьащ. Ауэ пшынэр зэи IэщIыб ищIакъым. Хьэгъуэ­лIыгъуэ здрагъэ­блэгъахэм я гуфIэгъуэр ин ищIу, пшынэмкIэ пасэрей къа­фэхэр ­игъэзащIэу, уэрэд иусахэр цIыху­хэм я пащхьэ ирилъхьэу, гукъы­дэж цIыху­бэм яриту къогъуэгурыкIуэ. Дэвид Риммэ и япэ уэрэдитIыр радиомкIэ 1990 гъэм къатащ: «Насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ», Гъу­б­жокъуэ Риммэ игъэ­защIэу, «Мы си гум усхуимыгъэху», Сындыку Марие жиIэу, ауэ зытхар нэтыным къыхэща­тэкъым. Уэ­рэдыр зэуэ цIыхубэм дзапэ уэрэду ирахьэжьащ, уеб­лэмэ «цIыху­бэ уэрэд» фIащы­жауэ. УэрэдитIри Дэвидым зэ­ритхар цIыхухэм къыщащIар «Да­хэнагъуэ» нэтыным уэрэд­усыр ирагъэблэгъэу радиофондым и тхыгъэхэр халъхьа ­нэужьщ.
Риммэ и пшынэ макъым, и уэрэд дахэхэм цIыхухэр егъэгуфIэ, егъэгушхуэ. Усэм хуэIэзэу етхри, абы макъамэ щIе­гъэувэж. Уэрэдищэм нэс иIэщ. Уэрэд тхы­ныр курыт еджапIэм щIэсу къы­щIидзащ. Абыхэм я нэхъыбэр укъызыдэфэ уэрэдхэщ, ахэр хуэгъэзащ гуфIэгъуэм, хабзэм, хэкум, адыгэ лъэпкъым, лъа­гъу­ны­гъэм, анэм, псэм къигъэуш да­хагъэхэм. 
УэрэджыIакIуэ Шал Хъусен и цIэр жаIэмэ, Дэвид Риммэ итха уэрэдхэр ди нэгу къыщIохьэ: «Узимазэщ, узидыгъэщ», «Си ­дахэкIей», «Мис апхуэдэщ лъа­гъуныгъэр». Гурыхьу, цIэры­Iуэ ­хъуауэ, цIыхубэм фIыуэ ­ялъагъухэм ящыщщ: «Лъагъу­ныгъэр си гум щощIэращIэ», «Гур щIэусэр уэ зыращ», «Ар си анэращ», нэгъуэщIхэри. 1999 гъэм итха «Ар лъагъуныгъэращ» уэрэдым «Илъэсым и уэрэд» («Песня года») зэпеуэм, диплом къыщихьауэ щытащ. «Къуэгъулъ­къуей» уэрэдыр езы Риммэ къыщыхъуа къуажэм ­хуиусауэ аращ, уэрэдитIри Аслъэн Iэсият егъэзащIэ. «ЕфIа­кIуэ, Къэбэрдей!» уэрэдми Мейкъуапэ Гран-при къыщыхуагъэ­фэщащ, ар ягъэзащIэ «Шэджэм псыкъелъэ» гупым. 
Риммэ адыгэбзэкIи урысы­бзэкIи мэусэ. ЩIалэгъуалэхэм    я репертуархэм Риммэ и уэрэдхэр куэду хэтщ, Урысейм и къалащхьэм щекIуэкI зэпеуэхэм хагъэхьэ: Теунэ Джамал игъэзащIэ «Островок» уэрэдым Санкт-Петербург щекIуэкIа «Северное сияние» зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ, «Къарэшаш» уэрэ­дыр щимыгъэзэщIа утыку щыIэкъым. «Амикс» гупым игъэзащIэ «Моя Республика», «Адыгэ щауэм къишащ» уэрэдхэр зэпеуэ куэдым къыщыIуащ; Насып Ас­темыр игъэзащIэ «Кабардинкэ» уэрэдым Абхъазым щекIуэкIа «Бо-на-ми» зэпеуэм етIуанэ увы­пIэр къыщихьащ. Мы уэрэдхэри Налшык щекIуэкI «Илъэсым и уэрэдым» и лауреат хъуащ: «Ар лъагъуныгъэращ», «Дисэ, Диса­нэ», «Нарт Уэзырмэс», «Нальчик - сердце Кавказа», «Псэм и уэрэд», нэгъуэщIхэри. 
Риммэ и уэрэдхэр яфIэфIу ягъэзащIэ ди уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм: Аслъэн Iэсият, Даур Иринэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, ЦокIыл Азэмэт, Хъусин Анзор, Насып Астемыр, Шагъыр Ас­те­мыр, Мамхэгъ Анжелэ сымэ, нэгъуэщI­хэми. 
Дэвид Риммэ Хьэбас и пхъум диплом куэд къыхуагъэфэщащ и уэрэдхэм папщIэ. И сурэтыр ­хагъэхьащ ди республикэм къы­щыдэкIа «Лица Кабардино-Балкарии» тхылъым. 

 

ЗэрамыщIэ Заретэ и тхыгъэр тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪАНКЪУЛ Зазийщ.
Поделиться:

Читать также: