1588 гъэм урыс пащтыхь Фёдор Иван и къуэм Кремлым щригъэблэгъат Черкасскэхэ Темрыкъуэ и къуэ Мамсрыкъуэрэ Къамболэт и къуэ Къудэнэтрэ. 1921 гъэм Бгырыс АССР-р къэунэхуащ. 1932 гъэм къалъхуащ Ветеранхэм я республикэ советым щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщIу лэжьа, УФ-м и Журналистхэмрэ ТхакIуэхэмрэ я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Пщыбий СулътIан. 1936 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НапщIэкъуий Заур. 1939 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Елмэс Албий. 1959 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор КъуэщIысокъуэ Роберт. 1975 гъэм къалъхуащ дуней псом самбэ бэнэкIэмкIэ тIэунейрэ и чемпион Алъхъо Сыхьэтбий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 3, жэщым щIыIэр градуси 2 щыхъунущ.