7-нэ Iыхьэ
… Умар иужьу къыщыпсэлъам, си жагъуэ зэрищIам хуабжьу сригъауэ, паркым сист си закъуэ. Си ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэ Iэминэрэ и щIалэ Азэмэтрэ къысхуэзэри, сытрагъэун я гугъэу, шхапIэ гуэрым сашат.
- Сыт нэхъ фшхын? - Iэнэзехьэ щIалэр гуфIэжу къыIуолъадэ.
Мыр сыт, дымытIыс щIыкIэ, ныкъуэделэ хуэдэ, къыIуолъадэри, и дзэлыфэр тIауэ. НыбжькIэ илъэс тIощIрэ тхум итынщ. ЛъагъугъуафIэ дыдэт езыр, ауэ псынщIэ-псынщIэу IукIыжащэрэт мы щхьэпсыр, жысIэрт.
- Уэлэхьи, си къуэш, фи менюм зэ дыIуплъатэмэ, бжетIэфыну къыщIэкIынтэм дызыхуейр, - щодыхьэшх абы Азэмэт.
- Къысхуэвгъэгъу, си щыпэщ мы лэжьыгъэр. ИджыпступцIэ! - щIалэр къыпогуфIыкIри, мэбзэхыж.
Дакъикъэ ныкъуэ нэхъ дэмыкIыу, къегъэзэжри, тхылъ цIыкIу зырыз къытIэщIелъхьэ.
- Упсэу! - гуапэу хуоплъэкI абы Iэминэ. Ар, дауи, Азэмэт и гуапэ хъуакъым, къапщIэу уэсым хуэдэ и нэгу хужьыр къызэщIэплъат, и нэ нагъуэхэми фIыцIафэ къатеуауэ къысщыхъуащ, ауэ зишыIащ.
- Мы щIалэ абрагъуэми мыфIэкI лэжьыгъэ имыгъуэтауэ ара? - зэрысфIэгущыкIыгъуэр наIуэу, си нэщхъыр зэхэукIауэ кIэлъызодз щIалэр здыIукIыжым. Ар абы зэхихри, къызэплъэкIыжат, ауэ зы псалъэ жиIакъым. Си гъусэхэм я фIэфI хъуакъым ар, итIани къызагъэщIакъым. Къысщысхьат, арыншами нобэ си Iуэху зэрымыщIагъуэм щхьэкIэ.
Шхынхэр къытхутригъэува нэужь, Iэнэзехьэм зы розэ плъыжь закъуэ къысхутрелъхьэ:
- Мыбы нэхъ нэжэгужэ уищIмэ, си гуапэт, Тамарэ!
- Упсэу! - къысфIэмыIуэхущэу, сыкъыхудоплъейри, си напIэр изохьэхыж.
И нэIэ къыттригъэту, набдзэгубдзаплъэу къытщхьэщытащ Iэнэзехьэр. Сэ сахуэмыпсалъэу, Iэминэрэ Азэмэтрэ зыгуэрхэр жаIэу, дыщIэсащ шхапIэм. Сынэжэгужэнуи сыпсэлъэнуи сыхуеижтэкъым. Дунейр къыстеункIыфIауэ, сынасыпыншэрэ, хэкIыпIи симыIэу къысщыхъурт.
- Къытхуэбжыт, къуэш, - гупсысэхэм сакъыхишыжу, къэIуащ Азэмэт и макъыр ину.
Iэнэзехьэр къыIухьэри, Iэдэб дыдэу жиIащ:
- Зыри къыфIысхынукъым. Ди гуапэу фыдгъэхьэщIащи, фи хьэлэлщ! Ауэ… Тамарэ, мыбы уи Iэр къысхущIэбдзатэмэ, уи фэеплъу зесхьэнт, - тхылъ гуэр къысхуеший. «Астрономия» жери тетщ. Вагъуэхэр зыдж Iэнэзехьэ щIалэ абрагъуэшхуэт сымылъэгъужар!
- Сэ си IэщIэдзыр зыгуэрым зэрихьэн хуэдэу, сыцIэрыIуэу зызбжыжкъым, - си напIэр къэзмыIэту жызоIэ.
- Сэ сфIэфIу уи уэрэдхэм содаIуэ, си дежкIэ уцIэрыIуэщ. КъомыхьэлъэкIмэ…
- ЩIалэр умыгъэлъаIуэу, хущIэдз уи Iэр, Томэ. Сэратэмэ, си дзэлыфэр зэтемыхьэжу, сыгуфIэнут, - нащхьэ къысхуищIурэ, погуфIыкI Iэминэ.
- Сыт уи цIэр? - гъущэу соупщI.
- Мурат.
Тхылъыр къызэгузох, «Мурат, узыхуейуэ хъуар Тхьэм къуигъэхъулIэ! Тамарэ» тызотхэри, изотыж, зыIуегъэх, жыхуэсIэу, сыхуемыплъэкIыххэу…
Си нэгу къыщIыхьэжащ шхапIэр, Iэнэзехьэ щIалэр, а махуэм щIэзгъэкIа нэпсхэр, Умар. Зэуэ нэщхъей сыкъэхъужащ. Си лъагъуныгъэ къызэмыхъулIар сщызыгъэгъупщэн зыри темытура мы дунейм?!
- А! УкъэсщIэжащ. Зымахуэ хьэщIэщым дыщызэIущIа къысфIощIыж. Сыноплъащ, ущыслъэгъуар къысхуэмыщIэжу. ИтIанэ… Зэгуэрым уи жагъуэ сщIа си гугъэжщ, сыхуеякъым, - сыукIытэжащ.
Хэт и гугъэнт апхуэдэурэ зызыхуэсщIа щIалэм сыхуэзэжыну?! И жагъуэ сщIауэ зыкIи зыкъызигъащIэкъым.
- ЗырикIщ, умыгузавэ, къохъу апхуэди.
- ХьэрыпыбзэкIэ упсалъэу зэхэсхащ. ФIыуэ пщIэ хъунщ, дауи. Дэнэ щызэбгъэщIа?
- СыщыцIыкIум си адэшхуэм къурIэныбзэ зэгъащIэ, жиIэурэ сригъэджат. Къысхуэсэбэпыжащ, зэрыплъэгъуащи, - къыпогуфIыкI.
- Ущылэжьэжыркъэ-тIэ а шхапIэм?
- Сэ абы сыщылажьэркъым, ар си адэм игъэлажьэу аращ. А махуэм ди Iэнэзехьэр сымаджэ хъури, къэкIуэфатэкъыми, сыщIэту арат. Лэжьыгъэ Iей щыIэкъым, жаIэ. Сигу ирихьащ. Сыувын жызоIэ, Iэнэзехьэу. КъызэхъулIэрэт? - мэдыхьэшх Мурат.
- Дауэ зэрыбжесIэнур, упщIэгъуалэтэкъым. ДемытIысэх щIыкIэ, сыт фшхыну, жыпIэу укъыIулъэда си гугъэжщ. Мы щIалэ абрагъуэр икIи Iэнэзехьэ IэнатIэ фIэкI имыгъуэтауэ, абыи хуэпэсмэтриифэу пэрыту жысIэри, нэ IейкIэ сыноплъат. СыхущIегъуэжат иужькIэ, ауэ… - си гум щIыхьэжат мыпхуэдэ щIалэфIым и жагъуэ сщIауэ зэрыщытар.
- КхъыIэ, умыгузавэ, Тамарэ.
- Сыт-тIэ узэрылажьэр? Астрономием пыщIа? - тхылъым сыхуеплъэкIыурэ, жызоIэ.
- Хьэуэ, асторономием сыдихьэхыу аращ, сфIэгъэщIэгъуэнщ вагъуэхэр, мазэр, уафэр, абы къыщыхъухэр. Хьэлэмэтщ!
- Пэжкъэ?! Сэри сфIэфIщ жэщ уафэр, уи гум зы фIы гуэрхэр къигъэкI хуэдэу, IэплIэ къуишэкIыу къыпщохъу. Жэщ уафэрщ си гъуазэр.
- УэрэдымкIи?
- АбыкIи, тхэнымкIи, гъащIэмкIи - псомкIи!
- Нэхъ удэзыхьэхыр дэра? - псэлъэгъу хъарзынэу къыщIэкIащ Мурат.
- Тхэным. Уэрэд жыIыным сыдихьэхыжыркъым апхуэдэу… Сыту куэдкIэ укъызэупщIрэ! КъызгурыIуа си гугъэщ узэрылажьэр.
- Сыт-тIэ?!
- Ужурналистщ!
- КъэпщIащ! - и дзэ хужь дахэхэр къыIуигъэпсурэ мэдыхьэшх. Насып зиIэ, сыту гухэхъуэу, дахэу дыхьэшхрэ. Гукъеуэ лъэпкъ иIэ къыщIэкIынкъым, лъагъуныгъэ Iыхьэмыгуэшми кърихуэкI хъункъым, дауи.
- Пэжу къэсщIа?
- Уей, къэпщIам, плъэгъуам хуэдэу. Сыжурналистщ. Сэри усэ сотх, ауэ прозэм зыдезгъэхьэхыркъым, апхуэдэ зэфIэкI сиIэкъым, - и Iэр и щхьэцым хегъэлъадэри, ирелъэщIэкI.
- ЗыщIыпIи требгъэдзакъэ иджыри?
- Хьэуэ, зыми езгъэлъагъукъым.
- Ар сыт щхьэкIэ? Сыт узытеукIытыхьыр, уакъыгурымыIуэнкIэ ушынэу ара хьэмэрэ зы цIыху закъуэм хуэгъэзауэ птхамэ, дунейм къытемыхьэмэ нэхъ къапщтэрэ?
- Ари хэлъ хъунщ, ауэ аракъым нэхъыщхьэр. Сэ куэдым сытотхыхь, щIэ гуэрхэм сызэрыхэIэбэнми сыхущIокъу. Ауэ, сщIэркъым, зыгуэрым езгъэлъэгъуну, езгъэджэну соукIытэ, сэ сыщысу еджэмэ, ар нэхъ Iеижщ.
- УкъызгуроIуэ. УсакIуэ хъуну куэдым загъэкIуэдыж, ахэр жаIэурэ. Тхьэм ар къыщыббгъэдилъхьакIэ, бгъэпщкIу хъунукъым. Пэжщ, зыгуэрхэри зэманымрэ ныбжьымрэ къыдэкIуэу къыплъохьэ. Ауэ ахэр зэи гувауэ е щIэхыIуэу къакIуэркъым, псоми езым и зэман иIэжщ. Ди Тхьэм и IэмыркIэ къыплъихьар щIэбгъэпщкIуни ппэIэщIэ щIэпщIыни щыIэкъым, иужькIэ ухущIегъуэжынщ, - си гум хыхьэпауэ сопсалъэ, сэ зы зэман сIэщIэкIа щыуагъэм хуэдэ умыщIэ, жыхуэсIэу.
- Уей, Тамарэ, псалъэ щхьэпэм къызжепIахэр. Зэгуэр зыгуэр зыIэщIэкIауэ, Iэбэм лъэмыIэсыж цIыхум хуэдэу уопсалъэ!
- Сэ си пэшым сыкIуэжынщ, си щхьэр къэузащ. Тхьэм уигъэпсэу, Мурат, си псэм и хъумакIуэу Тхьэм укъызитат а дакъикъэм. Узыншэу ущыт, дызэрыщIэнщ, - адэкIэ псалъэмакъым пытщэмэ, си нэпсхэр зэрысхуэмубыдынур сощIэри, псынщIэIуэу сыкъызэрыщIэкIыжыным иужь ситщ.
Си пэшым сызэрыкIуэжу, дохутырыр къыщIыхьащ, Мадинэ и гъусэу.
- Сыт, сымаджэр дауэ ущыт? - жи, си нэм къыщIэплъэурэ. Си нэр кърисыкIыу гуащIэ гуэр къыщIегъапсэ. Мадинэ дохутырым и щIыбагъым къыдэтщ.
- Хъарзынэ хуэдэщ, зыри къызэузу сщIэркъым.
- МахуитI хуэдизкIэ ущIэттхыкIыжынущ, умыгузавэ. МахуитIым зумыплъыхьу, пIэм ухэлъмэ, зэранкъым. Си нэгу зиужьакъым, жыпIэрэ уи жагъуэ хъумэ, сэ зыми ямылъэгъуауэ ди щIыпIэхэм я сурэт куэд сиIэщи, уэстынщ, - гуапэу мэгуфIэ хьэрып лIы быхъур.
Мадинэ сэрэ ди закъуэ дыкъегъанэри, дохутырыр щIокIыж.
- ЦIыхуфI дыдэхэщ мы сымаджэщым щылажьэ дохутырхэр, - жи си ныбжьэгъум.
- Солъагъу. Гуапэ дыдэхэщ.
- А щIалэри пщэдеймыщкIэ щIатхыкIыжынущ уи гъусэу.
- Хъарзынэщ, тхьэ. Ар мыхъуатэмэ, сипIытIыну хъунт а машинэм! - жызоIэ, моуи сыкIэлъогупсысэж: «Сытым щхьэкIэ сыкъригъэлат, и мыIуэху зэрихуэу!»