Хабзэр убзэкъым...

Адыгэ хабзэ жыпIэмэ, абы Iуэхугъуэ куэдыщэ къызэщIеубыдэ. МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр нэхъ зытриухуар абыхэм ящыщу нэхъ щхьэпэу къилъытэхэрщ. 
МафIэдз Сэрэбий и тхылъым зэкIэлъыкIуэу къыщыIуэтэжащ адыгэ унагъуэм щызекIуэу щыта хабзэхэр. Псом япэрауэ, гулъытэ нэхъ хуащIырт адыгэ хъыджэбз цIыкIухэмрэ щIалэ цIыкIухэмрэ зэрапI-зэрагъасэ щIыкIэм. А Iуэхум пасэ дыдэу (а цIыкIухэр илъэси 3-4 ныбжьым щит зэманым къыщегъэжьауэ) щIадзэрт. Хъыджэбз цIыкIухэм гулъытэ хэха лъагъэсырт. «Хъыджэбз цIыкIухэр дэбдзейуэ ядэртэкъым, абы сабийр дырийпсырий ещI жаIэрти, – етх МафIэдзым. – Хъыджэбз цIыкIухэм гъуэншэдж, бостей цIыкIу щатIагъэрт, щIалэ цIыкIухэм я ныбжьыр илъэсиплIи, нэхъыби хъухукIэ пцIанэ цIыкIуу къакIухь хъу пэтрэ. Хъыджэбз цIыкIухэр сыт щыгъуи нэхъ ягъафIэрт, емыубзэу, ауэ щытхъуу, фIыкIэ псори кърагъэщIэну хэту. Абыхэм загъэщIагъуэкIи, загъэпагэкIи ауан ящIыртэкъым. ЩIалэ цIыкIухэр тIэкIу къуейщIейми, зэранми, псынщIэми ядэрт. Ауэ апхуэдэ хуитыныгъэр илъэситху-хы хъуа нэужькIэ зэриухынур щагъэгъупщэртэкъым». 
Апхуэдэу, бгъэщIагъуэкIэ пхуэмыухын хуэдизу, гупсысэрэ акъылрэ хэлъу гъэпсат адыгэ сабийр зэрагъасэ щIыкIэр, и ныбжь елъытакIэ абы зэрыхущыт, кIэлъызэрахьэ хабзэхэр. Еджагъэшхуэм гупсэхуу къытхуеIуатэ адыгэ щIалэ цIыкIухэмрэ хъыджэбз цIыкIухэмрэ зэрапI-зэрагъасэ Iэмалхэм зэщхьэщыкIыныгъэу яIэр къызыхэкI щхьэусыгъуэхэр, IупщIу, нэIурыту ди пащхьэ кърегъэувэ адыгэ гъэсэкIэ системэр зэрызэхэт-зэрызэхэлъ пкъыгъуэхэр.
 Ущыуэну къыщIэкIынкъым, цIыхухъур зыхуэдэр, хэбгъэзыхьмэ, абы цIыхугъэу хэлъыр здынэсыр наIуэ къыщыхъур цIыхубзым хуиIэ гулъытэмрэ хуищI нэмысымкIэщ къызэрыпщIэнур жыпIэмэ. Абы и лъэныкъуэкIи ди япэ ита Iущыжьхэр узыдэплъеин хуэдэт. ЩIалэм хъыджэбзым и щIыхьыр ихъумэу, цIыхухъур цIыхубзым къыщхьэщыжу – апхуэдэт адыгэ хабзэр. Ауэ езы хъыджэбзхэми (цIыхубзхэми) я къалэн яIэжт. «…хъыджэбз цIыкIухэри хуагъэIущырт икIи хуаущийрт гуакIуэу, гуапэу, гу щабэу, Iэ щабэу къэтэджыным, я адэ, я дэлъху, дэтхэнэ зы цIыхухъуми пщIэ хуащIу, нэмыс кIэлъызэрахьэу…».
 Адыгэ хабзэм, нэгъуэщI лъэпкъ гъэсэкIэ лIэужьыгъуэхэм къащхьэщыкIыу, мыпхуэдэ нэщэнэ дахэ хэлъщ: ар – адыгэ щIалэм (цIыхухъум) хъыджэбзым (цIыхубзым) – адыгэ фащэр и уардагъэкIэ адрей лъэпкъ фащэхэм къазэрыхэлыдыкIым ебгъэщхьыну - хэIэтыкIауэ пщIэрэ щIыхьрэ, гулъытэрэ кIухьэнрэ зэрыхуищIырт. ИкIи МафIэдз-къэхутакIуэм и тхылъым къыщыдогъуэт абы и щыхьэт куэдыкIей. 
Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ укъыщеплъми, захуагъэм тету гъэпса адыгэ хабзэм и нэщэнэ нэхъ гурыхь дыдэу къыщIэкIынущ абы зыгуэрым лейуэ зыдимыгъэшу, адрейр хуэмыфащэу имыгъэикIэу, псори зэхуигъадэу зэрыщытар. Абы ауэ къызэрымыкIуэу лъагэу иIэтырт а кодексым и Iулыджыр. Ар псоми ткIийуэ, ауэ щыхъукIи захуэу яхущытт. «Пщым я закъуэтэкъым, - дыкъыщоджэ МафIэдзым и тхылъым, - зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэ зы уэркъми, зы лъхукъуэлIми, зы адыгэми гъэщIэгъуэныщэу, щыцIыкIум и деж къыщыщIэдзауэ, зэхигъэкIырт езым и щхьэм хуэфащэмрэ хуэмыфащэмрэ. Ар зымылъытэм, ар къызыфIэмыIуэхум, зи щхьэ пщIэ хуэзымыщIыжым адыгэхэм хуагъэгъуртэкъым икIи жагъуэу зрагъэцIыхужырт». 
Апхуэдэ Iуэху зегъэкIуэкIэм утету, абы уемыбакъуэу упсэууэ щытмэ - ухэтми - лей къыптехьэнутэкъым. Е, псалъэм папщIэ, социальнэ щхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу гъащIэм къыщыплъыса увыпIэр (е тIысыпIэр) икъусыкъужкIэ лъагэми, уи ищхъэрэкIэ къыщытым (е къыщысым) лей епхыну Iэмал къуитыртэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, адыгэ хабзэр, пэж дыдэу, захуагъэм хуэлажьэ, дэтхэнэ зы цIыхуми цIыхуу зыщибжыж, зыщилъытэж дуней къыхузэIузых кодекст, конституцэт. 
«Мы дунейм цивилизацэ зэрыщыIэрэ адыгэ хабзэм хуэдэу конституцэ тэмэм нэгъуэщIыпIэ къыщагупсысауи нэгъуэщI зы лъэпкъ гуэрым къыдекIуэкIауи къыщIэкIынукъым. Апхуэдэ гупсысэм ухуокIуэ МафIэдз Сэрэбий и тхылъым ущыщIэджыкIкIэ», - жиIащ усакIуэ Къэжэр Хьэмид.
 

 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:

Читать также: