ЩIэныгъэ гъэлъэгъуапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкIэ и ми­нис­терст­вэм и нэIэ зытет, Налшык къалэ дэт ГъуазджэмкIэ сабийхэм я уардэунэм ныбжьыщIэхэм лъэныкъуэ зэ­хуэ­мыдэхэм нэхъ тегъэщIауэ пэщIэдзэ, курыт щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI, я зэ­фIэкIыр щагъэлъагъуэ гупжьей щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщ, зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр щызэхашэ. 

Апхуэдэхэм ящыщ зыт а еджапIэ-гъэсапIэм и зи чэзу зэ­хыхьэу иджыблагъэ щекIуэкIа, «КъБР-м и Iущхэмрэ Iущы­цэ­хэмрэ» зи фIэщыгъэ гуманитар-литературэ зэхьэзэхуэр. Ар щIи­мыдзэ ипэ, дэ зыхуэдгъэзащ уардэунэм и унафэщIым егъэ­джэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ ПщыукI Анютэ. 

- Нобэ пыдощэ еджакIуэхэм гуманитар щIэныгъэхэмкIэ я зэпеуэ-олимпиадэм и 11-нэ зэхэшэгъуэм, - къыджеIэ абы. - Ар 2014 гъэ лъандэрэ уардэунэм щрагъэкIуэкI. АбыкIэ унафэ къэзыщтауэ щытар а зэманым республикэм и Iэтащхьэу диIа КIуэкIуэ Юрэщ. Гуманитарием хухэхауэ «КъБР-м и Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» зыфIаща зэхьэзэхуэхэр щрагъэкIуэкIа илъэсхэм къриубыдэу, ди деж щедгъэджа ди гъэсэнхэм ящыщу Москва къалэ щыIэ Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ къэрал институтым (МГИМО) экзаменыншэу щIэтIысхьащ Уэлджыр Даянэ, Мусуков Ахъмэт, Кучуков Марат сымэ. Емкъуж Назир экзамен щита пэтми, абыи хузэфIэкIащ гугъу демыхьу а еджапIэм щIэтIысхьэн.
- Анютэ, «КъБР-м и Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» зэхьэзэхуэхэр къы­щефхьэжьэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуэвгъэувыжар сы­тыт? - сыщIоупщIэ.
- Зи гугъу тщIы зэпеуэхэр дэ идогъэкIуэкI гуманитар щIэны­гъэм­кIэ зэфIэкI нэхъ зиIэ ныбжьыщIэхэр къэтхутэн папщIэ. Дипломат, журналист IэщIагъэхэм нэхъ хэзагъэхэри ахэращ, - дыхегъэгъуазэ ПщыукIым. 
- Зэпеуэхэр Iыхьэ-Iыхьэурэ вгуэшащ. Ахэр зэрызэхэвгъэ­кIым и гугъу къытхуэщIыт. 
- «КъБР-м и Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» зэпеуэр (абы и иужьрей Iыхьэхэм телевиденэри къыхыдошэ) олимпиадэм хуокIуэж. Езы зэхьэзэхуэхэр IыхьиплIу гуэшащ. Япэ Iыхьэр гъэ блэкIам и щэкIуэгъуэ мазэм едгъэкIуэкIащи, мыбдежым щыфлъагъу цIыкIухэр абы щытекIуахэращ. КъыкIэлъыкIуэ Iыхьэрщ нобэ едгъэкIуэкIыр. Гъатхэпэм ещанэ зэхэшэгъуи диIэнущ. Накъыгъэм кIэух Iыхьэр едгъэкIуэкIынущ.
ПщыукI Анютэ депсэлъэху, уардэунэм и пэшышхуэу зэпеуэр щызэхаублэм школакIуэхэр сатыр-сатыру щитIысыкIащ. Гъэ­щIэгъуэнт абыхэм жыжьэу уаIуплъэнри: зы напIэ дэ­хьеигъуэ­­кIэ зыхэпщIэрт сабийхэм я нэгу зэлъыIуха цIыкIухэм губзыгъа­гъэу къищыр зыхуэдизри, езыхэр зэщIэкъуарэ Iэслъэс защIэу, зыхэт Iуэхум къекIу щыгъын къабзэхэмкIэ зэрыхуэпари.  
ХеящIэ (ареопаг) къалэныр зыгъэзащIэ балигъхэр лъэны­къуэ­кIэ къыщысрэ утыкум ис цIыкIухэри тегъэхуауэ къедаIуэу, ПщыукI Анютэ зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэр жиIащ.
Сатыр-сатыру зэпэщыс ныбжьыщIэхэм ящыщу, япэ дыдэу къы­дишаищыр «лъагъуэ» зэмыфэгъуищым тригъэуващ. Пэ­щIэдзэ упщIэхэм я нэхъыбэр урыс тхакIуэшхуэ Бунин Иван и IэдакъэщIэкIхэм къыщигъэлъэгъуа и Iэзагъэм теухуат. Къратыж жэуапхэм елъытат къыкIэлъыкIуэну упщIэхэри... 
ЕтIуанэ-ещанэ къыдэшыгъуэхэри апхуэдэущ зэрекIуэкIар, лъагъуэ зэмыфэгъухэм трагъэувэхэм упщIэу иратхэм жэуап кърамытыжыфмэ, сатыру зэпэщыс адрейхэми зыхуагъазэрэ нэхъ къахэжаныкIхэм медаль пщIыхалъхьэу. 
Ауэрэ щIэупщIэхэри жэуап езытыжхэри тхыбзэм и зы гуэдзэн орфографиеми нэсащ, ижь-ижьыжкIэ псэуа философхэм къызэранэкIа я тхыгъэхэми лъэIэсащ. Псалъэм папщIэ, лъабжьэ куу зиIэу дэ къэтлъытащ Пасэрей Урымым (Римым) щып­сэуа философ, усакIуэ икIи къэрал лэжьакIуэ Сенекэ Луций «Хэкур фIыуэ щIалъагъур зэрыиныр аракъым, атIэ ууейуэ зэрыщытырщ» и псалъэхэм сабийхэр зэреплъыр (щхьэж и къэухь къызэрихькIэ) а зэхыхьэм къызэрыщаIуэтар. 
КъризэщIэткъуэжу къыхэдгъэщынщи, дызыкIэлъыплъа ­едзыгъуищыр телъыджэлажьэу екIуэкIащ, къыкIэлъыкIуэнухэри нэхъ дахэжу къызэрыщIэкIынум шэч къытедмыхьэжу дыкъыхэкIыжащ ди гур хэзыгъэхъуа, гукъыдэж ин къыдэзыта зэпеуэм.
Къалэхэм я мызакъуэу, адыгэ, балъкъэр, урыс къуажэхэми къикIа ныбжьыщIэхэр зыхэта иджырей зэхьэзэхуэм и екIуэ­кIыкIэр зэпалъытащ ГъуазджэмкIэ сабийхэм я уардэунэм и IэщIагъэлIхэу УФ-ми КъБР-ми егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэ­жьакIуэ, методист нэхъыжь Касьяновэ Татьянэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, методист нэхъыжь Насып Артур, УФ-м псоми зэдай егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, уардэунэм и къудамэм и унафэщI Хъыдзэ Валентинэ, зэпеуэ­хэр зэхуэзышэс, къекIуалIэхэр зыхуей хуэзыгъазэ методист Бай­султановэ Маринэ, уардэунэм и егъэджакIуэ-къызэгъэпэщакIуэ Мырзэ Алинэ сымэ. 
Къызэрыщыхэдгъэщащи, «КъБР-м и Iущхэмрэ Iущы­цэ­хэмрэ» зэпеуэм и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэр гъатхэпэм екIуэкIынущ.

Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
Поделиться: