ЩIышылэм и 27, блыщхьэ
Нацизмэм ихьахэм я фэеплъым и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ
1941 гъэм «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
1968 гъэм Налшык Музыкэ театр къыщызэIуахащ.
1940 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Хьэгъэжей Джонсон.
1947 гъэм къалъхуащ композитор, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жырыкъ Заур.
1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Чэт Юрэ.
1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэгъун Руслан.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 3 - 4, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи жьэ куэд жиIэм и Iэ куэд ищIэркъым.