Бзэр мылажьэмэ - псэр лэжьэнукъым

Шэрджэсыбзэр бджа нэужь, дунейм нэхъыбэу къыщагъэсэбэп адрей бзэхэр тынш дыдэу къыпщыхъуну къалъытэ. АрщхьэкIэ анэдэлъхубзэр сабийм Iурылъын щIыхуейм и мыхьэнэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди зэманым адэ-анэ куэдым къагурыIуэркъым. Хэти къелъытэ абы урипсэлъэф къудеймэ ирикъуну. Адыгэбзэм и зыужьыкIэм тегузэвыхьу, уеблэмэ тхакIуэ-усакIуэхэри тотхыхь: «Насып иIэжкъым лъэпкъым бзэр фIэкIуэдмэ», - жеIэ Къагъырмэс Борис, «КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, хэкIынущ си адыгэпсэр» - зэхелъхьэ Мыкъуэжь Анатолэ. 
Ди лъэпкъыбзэр гулъытэншэ зэрыхъум и щапхъэу къэпхь хъуну къыщIэкIынщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэм щыхурагъаджэ къудамэм нэхъапэIуэхэм цIыху 20 - 25-рэ щIэтIысхьэу щытамэ, иджы мащIэ дыдэ фIэкIа зэрымыкIуэр. Ди бзэр къедгъэлыну дыхуеймэ, псом япэу школ учебникхэмрэ программэхэмрэ сабийм дежкIэ гурыIуэгъуэу, щIэщыгъуэу зэхэгъэувэн хуейщ. Зи гугъу тщIым теухуауэ Iуэху еплъыкIэ гъэщIэгъуэн иIэщ усакIуэ, композитор ХьэIупэ ДжэбрэIили. Абы жеIэ: «Бзэ щIэныгъэм хэсщIыкIыу жысIэнкъым, ауэ сэ адыгэбзэм сропсэлъэф, ар къысхуогъэсэбэп - аращ нэхъыщхьэр. ЩIэныгъэри гъэсэныгъэри къыщыщIидзэр егъэджакIуэм дежщ. СощIэж школым сыщыщIэсым щIыбым дыщIашырти, «мыр гулъщ, мыр къакъийщ, мыр кхъужьей тхьэмпэщ», - жаIэурэ, псори зэхэхауэ дагъэцIыхурт. ИтIанэ, жыг памэ дашэрт. Фэ фщIэрэ, гъэм и зэман зэхуэмыдэхэм жыгхэм я мэр зэрызэщхьэщыкIыр?! Бжьыхьэм жыгым и мэр зыщ, гъэмахуэм нэгъуэщIщ. Абдежщ бзэр къыщыщIидзэр. А бзэр зыхэпщIэным и къару мымащIэ хелъхьэ егъэджакIуэм. Уегупсысмэ, тхылъ къыдэзыгъэкIын хуейр езыгъаджэрщ, сабийм нэхъ пэгъунэгъущи, абыхэм я гупсысэкIэм техуэфынущ. Бзэр мылажьэмэ - псэр лэжьэнукъым, псэр мылажьэмэ - бзэр лэжьэнукъым. А тIум яку лъагъуныгъэ дэлъын хуейщ. Мы зэманым школхэм адыгэбзэр зэрыщрагъэджыр мащIэIуэщ. Леишхуэ къытохьэ ди бзэм. Лъэпкъым ди гупсысэр абыкIэ зэтехуамэ, дехъулIат. 
Псалъэм и хьэтыркIэ, Германием бзэм зегъэужьынымкIэ, егъэфIэкIуэнымкIэ комиссэу тIу - къэрал комиссэрэ цIыхубэ комиссэрэ - иIэщ. Тыркуми 1928 гъэ лъандэрэ щыIэщ бзэм елэжь комиссэ. Апхуэдэу Iуэхум бгъэдыхьапхъэщ.
Дызэрыгушхуэнщи, щIалэгъуалэми яхэтщ анэдэлъхубзэр зи гущIэм къиIукIхэри. Абы и щапхъэу Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу, журналист ГъукIэкъул Иринэ адыгэбзэм хуиуса зы усэ къэтхьыну тфIэкъабылщ.
Си бзэр си псэм и макъамэщ,
Сигу мызагъэм къолъэтыкI.
Дыщэм нэхърэ ар нэхъ лъапIэщ,
Си бзэр Дыгъэм къыдоудж.

Гъыбзэ жыпIэм, пхужыIэнкъэ
Нэгъэсауэ уигу илъ псор?!
Гум илъ гуащIэр къиIуэтэнкъэ
Си бзэу сызыгъэпсэум?!

Хъуэхъу жыпIэну ухуежьамэ,
Ар шэрыуэ къыпхуэхъунщ!
Хъуэхъур си бзэкIэ жыпIамэ,
Тхьэшхуэм дежи нэхъ нэсынщ.

Уи гухэлъхэр, лъагъуныгъэр
Зыхуэфащэм хуэпIуэтэнщ.
Уи гум илъыр жозыгъэIэр
Ди лъым хэт ди щIасэ бзэрщ.

Ди къуршыпсхэм уэ едаIуи,
Си бзэр я бзэу зэхэпхынщ.
Ди мэзыжьхэм уэ епсалъи,
Нартхэм я бзэр къэIужынщ.

АдыгэбзэкIэ упсалъэу
Уэ упсэумэ, уи насыпщ.
Нып удзыфэри уи плъапIэу
Уэ упсэумэ, уцIыхуфIщ.

АдыгэбзэкIэ ди Тхьэшхуэм
Зыхуэгъазэ махуэ къэс.
Ущымысхьу фIыщIэ гуапэм
Уафэ щхъуантIэм уэ нэгъэс!

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: