Варшавэ хуит къызэращIыжар1945 гъэм щIышылэм и 17-м Япэ Белорус фронтым и зауэлIхэм хуит къащIыжащ Варшавэ. Мы Iуэхур советыдзэм лIыгъэрэ Iэзагъ инрэ хэлъу зэфIигъэкIауэ къалъытащ. Мы Iуэхум нэгъуэщIи хэлът. Инджылызым къыщыдэкI «Daily Exspress» газетым итхащ "Гитлер зауэм щиубыда къалащхьэ псоми ящыщу япэу Варшавэ япэу хуит къызэращIыжар ехъул!эныгъэ иным и !эужьу зэрыщытыр". КъухьэпIэм къыщыдэкI нэгъуэщI газетхэм къагъэлъагъуащ «советыдзэм фашист зауэлIхэр псынщIэу зэрыхигъэщIам егъэщIылIа Iэмалхэр инджылыз, американ, франджы генералхэм яджын хуейуэ».
Абы къегъэлъагъуэ яхузэфIэкIам и мыхьэнэр: Вислэрэ Одеррэ я зэхуакум псынщIэ дыдэу щрагъэкIуэкIа зэребгъэрыкIуэ Iуэхур дзэ Iэзагъым и щапхъэу къалъытащ. АрщхьэкIэ мыпхуэдэ упщIи къыкъуэкIащ: Дзэ Плъыжьыр псынщIэу икIи тыншу щебгъэрыкIуэфакIэ, щхьэ ар апхуэдизкIэ ягъэгува? 1944 гъэм и гъэмахуэм а Япэ Белорус фронт дыдэм и зауэлIхэри Варшавэ гъунэгъу дыдэу екIуэлIэфат.
ИкIи ар ауэ сытми къыкъуэкIа упщIэтэкъым. Ар зыгъэувыр СССР-м езым Польшэр иубыдыну хущIэкъуа хуэдэу къыщIезыгъэдзыну зи мурадхэрт. Зэ еплъыгъуэкIэ, советыдзэхэм Варшавэ хуит къащIыжыфынут 1944 гъэм и гъэмахуэми. АбыкIэ къелъэIурт Варшавэ лъэщу зыкъыщызыIэта полякхэри. АрщхьэкIэ Советхэм загъэхъеякъым зыкъэзыIэта полякхэр фашистхэм гущIэгъуншэу зэрызэтраукIэм еплъу щысащ. ЗыкъэзыIэтахэм я къарур щIэкIа иужь абыхэм мурад ящIащ Варшавэ яубыду Польшэм и щIыналъэм «хабзэщIэ» щагъэувыну… Арат жа!эр.
Апхуэдэ пцIым дихьэха куэдым къафIэIуэхуххэртэкъым а зэманым щыIа щытыкIэр зыхуэдар. НаIуэу зэрыщытщи, Варшавэ восстанэм щыщIидзащ 1944 гъэм шыщхьэуIум и 1-м. Абы щыгъуэми, Япэ Белорус фронтым унафэр щыIэрыхьар шыщхьэуIум и 29-рщ. А зэман псоми «урысхэр плъэуэ щысауэ» жыпIэныр къемызэгъ дыдэщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Польшэр хуит къыщащIыжым ди зауэлI мин 600-м нэс хэкIуэдащ. Абыхэм я процент 20-р къыщыхагъэщIари Варшавэ къащтэн папщIэ екIуэкIа зэхэуэхэрщ. Иджы къалъытэжыну хуейкъым 1944 гъэм и гъэмахуэм зи гугъу тщIы фронтыр ебгъэрыкIуэным хуэхьэзыру зэрыщымытар. ЕтIуанэрауэ, хэт ядэIэпыкъуну къэлъэIуар? Ахэр полякхэркъым, атIэ Инджылызым щыIэ польшэ правительствэм и лIыкIуэ Коморовский Тадеушщ: арат восстанэм унафэ хуэзыщIар. Ещанэрауэ, абы занщIэу урысхэм закъыхуигъэзакъым. Мис Коморовскэм Лондон хуиIуэхуар: «Варшавэ зыкъыщыщытIэтакIэ дэ къыдогъэув икIэщIыпIэкIэ къебгъэрыкIуэу СССР-р къыддэIэпыкъуну». Ауэ ари пцIыщ советыдзэр «икIэщIыпIэкIэ» ебгъэрыкIуащ нэхъ пасэжу - I944 гъэм бадзэуэгъуэм и 3I-м. А махуэм Дзэ Плъыжьым и 2-нэ танк армэр Варшавэ и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Прагэ хьэблэм нэсат. АдэкIэ къэхъуам теухуауэ Совет Союзым и Маршал Рокоссовский Константин итхыжащ: «ШыщхьэуIум и 2-м зэхэуэ гуащIэхэм щIидзащ. Апхуэдэ щытыкIэм Варшавэ зыкъыщызыIэтахэм Iэмал ярит хуэдэт Вислэ телъ лъэмыжхэр яубыду тыл лъэныкъуэмкIэ бийм удын къыщрадзыну. АрдыдэмкIэ 2-нэ танк армэм къадэIэпыкъунут. ИтIанэ Iуэхухэр нэгъуэщIу къыщIидзынкIэ хъунут…»
АрщхьэкIэ зыкъэзыIэтахэм я унафэщIхэм я мурадхэр нэгъуэщIт. Восстанэм щIидзэным зы илъэс иIэжу а Коморовский дыдэм полякхэм зыкъаIэтынкIэ зэрыхъунум теухуауэ жиIэгъащ: «Дэ восстанэ къэтIэт хъунукъым Германием КъуэкIыпIэ фронтыр щиIыгъ икIи абы и лъэныкъуэкIэ дыщихъумэ зэманым. Мыбдеж ди сэбэп щыхэлъкъым Германиер нэхъ лъэрымыхь хъуным».
КъыбгурыIуэ зэрыхъунумкIэ, КъуэкIыпIэ фронтыр зэтезыIыгъэ Германием ихъумэр Лондон дэс эмигрант правительствэрт. Ар абы дэс къудейтэкъым, атIэ икIи хуейт властыр зыIэригъэхьэжыну. Апхуэдэ мурадкIэт восстанэр къыщIаIэтари. Абы щыгъуэми, хущIэкъун хуейт нэмыцэхэм хэщIыныгъэшхуэ ирамытыным. Щыхьэту къэтхь хъунущ УФ-м ЗыхъумэжынымкIэ и министерствэм хэIущIыIу ищIыжа дэфтэр щэхухэр. Мис псалъэм и хьэтыркIэ, Крайовэ армэм – Польшэм и рабочэ партым и къару нэхъыщхьэм - и поручик Моравскэ Ганкэ къиIуэтэжар: «Дэ къытхуагъэува къалэн нэхъыщхьэр IуэхущIапIэхэм я унэхэр дубыдынырт. Зы вокзали, зы гъущI гъуэгуи къагъэуакъым, абы и фIыгъэкIэ нэмыцэхэм ахэр зэрыхуейуэ къагъэсэбэпащ восстанэр екIуэкIыхукIэ… Жолибож, уеблэмэ, къыщыхъуащ дэ къытпэгъунэгъу дыдэ нэмыцэхэм деуэну хуит дыщамыщIа. Псори зыхуэгъэзар Дзэ Плъыжьымрэ абы гуэт поляк зауэлIхэмрэ япэу Варшавэ дамыгъэхьэнырт. Апхуэдэу хъуамэ, эмигрант правительствэр Iуэхуншэу къэнэнут». КIэщIу жыпIэмэ, восстанэр зыхуэгъэзауэ щытар къэралыр хыфIэзыдзэу щIэпхъуэжахэм властыр иратыжынырт. Абыхэм я IуэхущIафэ псори зыхуэгъэзар Варшавэ, абы и гъусэу Польшэр хуит къащIыжыныртэкъым. Дауи, гурыIуэгъуэщ, поляк къызэрыгуэкIхэм я сэбэп зыхэлъхэри, ахэр зыщIэбэнхэри къафIэIуэхуу зэрыщымытар.
ЖытIэнщи, 1944 гъэм и гъэмахуэм лъэпкъкIэ езыри поляк Рокоссовский Константин куэдкIэ нэхъ къищтэнт и адэжь щIыналъэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу фашистхэм къыIэщIагъэкIыжыну. АрщхьэкIэ а зэманым Дзэ Плъыжьым апхуэдэ къару иджыри бгъэдэлътэкъым. Нэхъыщхьэращи, мыдэкIэ къыдэIэпыкъун щыхуеяхэм зыхуагъэувыжа къалэнхэр нэгъуэщIу къыщIэкIащ…
Иджы зэрыгурыIуэгъуэщи, Польшэм и унафэщIхэр хущIокъу къэхъуа псомкIи СССР-р ягъэкъуэншэну. АрщхьэкIэ пцIым лъакъуэ щIэткъым икIи абыхэм пэжыр зэрахьэкIыфынукъым.
Поделиться:
Читать также:
02.09.2026 - 12:04 →
Зым адрейм хуиIуэтэжу
31.08.2026 - 14:26 →
КъежьапIэмрэ Iыхьлыхэмрэ
31.08.2026 - 14:24 →
Тхыдэм зи цIэр къыхэнахэр
25.08.2026 - 12:52 →
Щыхьэтхэр нэхъыбэ мэхъу
24.08.2026 - 12:00 →
Лъэпкъым дежкIэ иIэ мыхьэнэр
| ||




