Зэман зэтемыхуэхэм я зауэлIхэр

Нальшык дэт модельнэ библиотекэ №10-м кърагъэблэгъащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Абросимов Кузьмарэ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэт Шевчук Германрэ. Мы Iуэхум хэтащ Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Атмурзаевэ Земфирэ, библиотекэм и лэжьакIуэхэр, къалэдэс ныбжьыщIэхэр. 
Хэку зауэшхуэр зи нэгу щIэкIа нэхъыжьыр щIэблэм яхутепсэлъыхьащ зауэ гъуэгур зэрылIыгъэщIапIэм, Хэкур зыхъумэр къикIуэт зэрымыхъум, хэкупсэу ущытыным и мыхьэнэм. ШколакIуэхэр куэдым иригъэгупсысащ хуахуагъэрэ гуауэрэ къызыхэщ хъыбархэм, ахэр къазэрыщыхъуамкIи я хьэщIэ лъапIэм дэгуэшахэщ.
Ди зэманри лIыгъэ щагъэунэхущ. Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам лIыгъэ щызэрахьэу, ныбжьэгъугъэр ягъэпэжу, Хэкум къыщхьэщыжу щыIэщ ди щIалэхэр. Абыхэм ящыщщ Шевчук Герман. ЗауэлIыр тепсэлъыхьащ и нэгу щIэкIахэм. Къэралым къылъыкъуэкIа Iуэхум я бгыр щIэкъузауэ хыхьэн папщIэ, Хэку зауэшхуэр зи натIэ хъуа зауэлIхэм я хахуагъэр щапхъэ зэрахуэхъур къыхигъэщащ. 
НыбжьыщIэхэр зауэлI нэхъыжьымрэ сэлэт щIалэщIэмрэ папщIэ Хэкум, лIыгъэм, зауэм теухуа усэхэм къеджащ. 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: