ЩIалэхэми – лъэщ защIэщ Урысей Федерацэм ММА-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Выборг къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Май щIыналъэм и спортсмен ныбжьыщIэхэр икIи ехъулIэныгъэхэр яIэу къагъэзэжащ.Чемпионым и бгырыпхымрэ УФ-м спортымкIэ и мастерым и кандидат цIэмрэ абы щызыIэригъэхьащ зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщызыхьа ХьэтIэхъу Астемыр. Апхуэдэуи дыщэ медаль къихьащ Нэгъуей Азэмэт. ЕтIуанэ хъуащ Щокъул Инал, ещанэхэр Хьэпэ Къантемыр, Бжэмбахъуэ Алихъан, Борийхэ Замиррэ Альбертрэ сымэщ.
Ди щIалэхэм я ныбжьхэр илъэси 7 - 11 хъууэ аращ.
Дзэ Iуэху хэхам хэтар ятокIуэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ. Абы хэтащ Краснодар крайм, Мэзкуу, Волгоград областхэм, Кавказ Ищхъэрэм, нэгъуэщIхэми я спортсмену 70-м щIигъу.Зэхьэзэхуэхэм хэтащ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэри, СВО-м и ветеранхэри. Псалъэм папщIэ, дахэ-дахэу зымылъагъухэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ дзэ Iуэху хэхам хэта Мэзло Заурбэч. Абы щыгъуэми, и нэр къыщIэмыщу щIэхъумауэ.
ЦIыхубзхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Къардэн Тамарэ. Мы спортсменкэми и Iэпкълъэпкъыр тэмэму къыдэбзыркъым.
Зэхьэзэхуэм апхуэдэуи къыщыхэжаныкIащ Балъкъэр Дисанэ, Кулюшинэ Наталье, Хортиев Инал, ДыщэкI Батыр, Мусукаевэ Даянэ сымэ.
Поделиться:
Читать также:
04.09.2026 - 15:32 →
ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр зэхуешэс
28.08.2026 - 13:30 →
Къасболэт екIуу утыку къокIыж
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
18.08.2026 - 13:43 →
Узыншагъэ быдэм и шэсыпIэ
16.08.2026 - 10:04 →
«Тэрчымрэ» «Логоваз»-мрэ зэдобакъуэ
| ||





Урысей Федерацэм ММА-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Выборг къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Май щIыналъэм и спортсмен ныбжьыщIэхэр икIи ехъулIэныгъэхэр яIэу къагъэзэжащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ. Абы хэтащ Краснодар крайм, Мэзкуу, Волгоград областхэм, Кавказ Ищхъэрэм, нэгъуэщIхэми я спортсмену 70-м щIигъу.