ШахматхэмкIэ зэпоуэУрысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ дзэ къулыкъущIэхэмрэ щIыналъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ шахматхэмкIэ я зэпеуэ.
Зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ ведомствэм щIэмыт хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэхэм я командэм, етIуанэ увыпIэр ялъысащ щIыналъэ управленэм и дзэ къулыкъущIэхэм, «Вершина» ОМОН-м и гупыр ещанэщ.
Щхьэзакъуэ зэпеуэм щытекIуащ Управленэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэу Налшык къалэм щыIэм и лэжьакIуэ, полицэм и прапорщик нэхъыжь Къардэн Азэмэт, щIыналъэ управленэм дзэ къулыкъур щезыхьэкI подполковник Зезаев Рашид етIуанэ увыпIэр лъысащ, жэзыр къихьащ ведомствэм щIэмыт хъумакIуэ IэнатIэм и сержант нэхъыжь Щоджэн Мурат.
Шахматхэм зрагъэужь гупсысэмрэ гулъытэмрэ, узыкIэлъыплъыжыным икIи тегушхуэныгъэ пхэлъыным ухуаунэтI. Ахэр Урысей гврадием и лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ я къалэнхэр щагъэзащIэкIэ зыхуей фIагъхэщ, - жиIащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэм къулыкъу зыщIэхэр физическэу псыхьынымрэ спортымкIэ и унафэщI, капитан Нэгъуей Аскэр.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 15:00 →
Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
18.02.2025 - 15:00 →
Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ
18.02.2025 - 14:00 →
Монголиер къахохьэ
17.02.2025 - 18:56 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
17.02.2025 - 17:08 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
|