Зи Iуэху дэкIхэр

        ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм Латин Америкэм и къэрал зыбжанэм властыр куэдрэ щытрадзащ щэхуу зэгурыIуа гупхэм, щхьэтечу жыпIэмэ, къулыкъушхуэ зыIыгъ зауэлIхэм. Сыт щыгъуи фIэгъэнапIэ ящIырт цIыхухэр я псэукIэмкIэ зэрымыарэзыр, экономикэр зэрехуэхар. АрщхьэкIэ хьэлэмэтыращи, властыр зэраIэрыхьэу,  мис а «щIэгузэва» цIыхубэр ящыгъущэжырти, демократиер нэхъри хаутэрт, зи Iуэху зэрахуэри  мылъкушхуэ зыбгъэдэлъхэрт. Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжщ.

 Америкэ Ипщэм и цIыхухэр сыт щыгъуи дихьэхыу щытащ дзэ къулыкъум. Ар езыхьэкIхэм я фащэхэр дахэт, лIыхъужьыфэ ятетт, я гъащIэр адрейхэм къащхьэщыкIырт. 1876 гъэм Перум къыщалъхуа Бенавидес Оскари абыхэм ящыщт. Лейтенант цIэр къыфIащауэ Лимэ дзэ училищэр къыщиуха иужь артиллерием хыхьащ. Къулыкъум къыщыхэжаныкIыу къыщIэкIынти, Франджым ягъэкIуащ еджэным щыпищэну икIи илъэситIкIэ Европэм щIэныгъэфI щызригъэгъуэтащ. ЩIалэ набдзэгубдзаплъэм илъагъурт мыбы пшэ фIыцIэхэр къызэрыщхьэщыхьэр икIи  къыздикIами апхуэдэ  къызэрыпэплъэр.

 Ар щыуакъым: къызэригъэзэжу къыхэхуатщ Колумбием иращIэкIа зауэм. А къэралымрэ Перумрэ илъэс зыкъом хъуауэ зэныкъуэкъурт яку дэлъ гъунапкъэхэм егъэщIылIауэ. Испанием и бжьым къыщIэкIа а тIур зэпымыууэ зэпэщIэувэрт гъунапкъэхэм  папщIэ. 1911 гъэрщ Перум и сэбэп хэлъу зауэр щыувыIар.

 Офицер акъылыфIэ Бенавидес гу къылъатащ икIи ар ягъэуващ IэщэкIэ зэщIузэда къарухэм я штабым и Iэтащхьэу. Оскар зыкъомрэ политикэ Iуэхухэм хэIэбакъым. АрщхьэкIэ гуащIэрыпсэухэр я щIэгъэкъуэну 1913 гъэм  президенту хаха Биллингхерст Гильермо езым къыпэщIэува парламентыр зэбгрихуну мурад щищIым депутатхэр къелъэIуащ ядэIэпыкъуну. Полковник Бенавидес ахэр игъэщIэхъуакъым абы  и унафэм щIэт дзэхэм 1914 гъэм мазаем и 4-м Биллингхерст традзащ, ар Чилим ягъакIуэри абы  щылIащ.

Штабым и Iэтащхьэм и кIэлъыплъыныгъэм щIэуващ правительствэ советыр. I9I4 гъэм и мазаем Конгрессым Оскар пIалъэкIэ президент къулыкъум игъэуващ икIи мазэ  18-кIэ къэралым хабзэр щызэфIигъэувэжащ. Властыр иубыдын хузэфIэкIынут, ауэ абы и пIэкIэ 1915 гъэм Прадо Хосе          щытекIуа     хэхыныгъэхэр зэхиублащ.

ГурыIуэгъуэщ апхуэдиз лъэкIыныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхур и гъунэгъуу щытыну президентыщIэр зэрыхуэмеяр. Арати, Бенавидес Париж ягъэкIуащ Япэ дунейпсо зауэр зэрекIуэкIым  кIэлъыплъыну. Ар щIыхь зыпылъ къалэнт ауэ, дауи, политикэм пэжыжьэт. 1917 гъэм Перум и посолу Италием щыIэм и къулыкъур къратащ. А зэманым Апеннинхэм  фашизмэм и щхьэр къыщиIэтырт. Оскар Iэмал игъуэтащ Муссолини Бенитэ  иухуэну и мурад къэралыр зыхуэдэр зригъэщIэну.  Ар  лIыкIуэм игу ирихьырт.

АрщхьэкIэ 1919 гъэм Перум Прадо Хосе щытрадзри, абы и пIэм Легия Аугусто щиуващ.

Iэтащхьэ хъуам занщIэу лъэныкъуэ иригъэзащ дзыхь зыхуимыщIхэр: абы унафэ ищIащ и хэкум къэзыгъэзэжа къудей Бенавидес политик 25-рэ игъусэу ягъэтIысыну. Ахэр «Паита» кхъухьым ирагъэтIысхьэри, АвстралиемкIэ яутIыпщащ.

Гъуэгум здытетым Оскар бунт къиIэтри, матросхэр ирихулIащ Костэ-Рикэ екIуэлIэну. Абы икIри, гупыр япэ  Панамэм  иужькIэ Эквадорым къыщыхутащ. А щIыналъэм Легия и бийуэ къэувхэм зыщыпащIэри, пIалъэ кIыхькIэ екIуэкIа бэнэныгъэм щIидзащ. Ар иухащ зыри къимыкIауэ. Апхуэдэу щыхъум, и щхьэр ирихьэжьэри, 1927 гъэм Бенавидес Франджым Iэпхъуащ.

АрщхьэкIэ 1930 гъэм псоми зихъуэжащ: полковник Серро и унафэм щIэт зауэлIхэм Легия традзащ. Бенавидес Испаниемрэ Инджылызымрэ посолу щыIа иужь, илъэситI дэкIри, Колумбием и бий  зи чэзу зауэм щыщIидзэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ лъэпкъ советым и унафэщI нэхъыщхьэ ящIащ. Аргуэру зы илъэс дэкIыу Серро щаукIам цIыхухэм зыкъаIэтыным щышына парламентым ар къэралым и президенту хихащ. Абдеж щежьэри, илъэси 6-кIэ Перум властыр дзэмрэ полицэмрэ щаIыгъащ.

Бенавидес и зэманым и гугъу щащIкIэ цIыхухэм жаIэрт абы демократиер зыгъэпсэхуакIуэ игъэкIуауэ. Сытыт атIэ, ипэжыпIэкIэ, генералымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ зыгуэрхэр къапэзыубыд зэбакъуэ мыхъу хабзэхэр  зэребгъэщIынур? Уи щхьэм ухуэпсэужмэ, нэхъыфIкъэ?

Оскар властыр щыIэрыхьам Перур экономикэ щытыкIэ гугъу дыдэм итт: лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм хэхъуэрт, лъэпкъ ахъшэм къыщIэкIыр нэхъ мащIэ хъурт.

Ар ямыдэу цIыхухэр уэру уэрамхэм къыдыхьэрт. Абыхэм зыкъаIэтынкIэ шынагъуэт. Ар илъагъурти, Оскар Италием къришащ мыарэзыхэр еудыхыным щIыпIэ  гвардиер хуэзыгъэсэну полицейхэр. Ирагъэсащ, арщхьэкIэ зыкъэзыIэтхэр нэхъ мащIэ хъуакъым. Правительствэр икIуэтащ: абы игъэзэщIэн хуей хъуащ уэрамхэм къыдыхьэхэм  къагъэувхэр. Бенавидес нэхъри щIиIуэнтIащ:абы коммунистхэмрэ сэмэгу зэщIэхъееныгъэм хэтхэмрэ  ящхьэщихащ хэхыныгъэхэм хэтынымкIэ яIэ хуитыныгъэр.

ЕтIуанэу президент къулыкъум зыщыхригъэхыжам генералым зэриухуар къулеищэхэм я сэбэп зыхэлъхэм я закъуэщ. Дауи, езыри Iыхьэншэ ящIыртэкъым. ИтIани, ар традзыну зыкъаIэту хуежьащ.

 Бенавидес къыгурыIуащ ямыукI щIыкIэ и къулыкъум текIмэ, зэрынэхъыфIыр. И къулыкъум зэрытекIам ар къригъэлащ. Абы 1939 гъэм къызэригъэпэща хэхыныгъэхэм щытекIуащ Прадо-и- Угартече Мануэль. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэм   папщIэ президентыщIэv Бенавидес къыфIищащ Маршалышхуэм и цIэр икIи посолу Испанием игъэкIуащ. 1945 гъэм  дунейм ехыжащ. 

ЦIыхубэр-щэ? Абы и сэбэп зыми зэрихуакъым: ар ягу къыщыкIыжыр властыр щызыIэрагъэхьакIэщ. ХэтхъыкIри къулейхэрщ.

                                 Махъшокъуэ Мухьэмэд.

                 

Поделиться:

Читать также: