ЛIыхъужьым хуащI гулъытэр

 «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед иджыблагъэ тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ зяхузэфIэкIамрэ 2025 гъэм я мурадхэмрэ.

Илъэсрэ ныкъуэм къриубыдэу, щIыналъэ фондым зэрызыхуагъазэ тхыгъэу мин 17-м щIигъу къыIэрыхьати, ахэр зытеухуа Iуэхухэм я процент 95-р зэфIахащ. Мы зэманым Iуэхугъуэ 600-м щIигъу яIэщ хэплъэн хуейуэ. Зэрызыхуагъэзахэм я нэхъыбэр зэпхар дзэ Iуэху хэхам зэрыхэтым папщIэ ят ахъшэмрэ медицинэ, психологие, юридическэ дэIэпыкъуныгъэхэр къазэрыIэрыхьэну щIыкIэмрэщ. Куэдрэ къохъу дзэ Iуэху хэхам и ветераным и тхылъыр къыдэхынымкIэ, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ щIэгъэкъуэн ахэр хуэныкъуэу.

         Иджыпсту «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым цIыху 38-рэ щолажьэ. Республикэм и районхэм ахэр тегуэшауэ ядолажьэ. Дадэ МуIэед къызэрыхигъэщамкIэ, IэщIагъэлIхэр псори Iуэхум хагъэгъуэзащ. Иджыблагъэ фондым дзэ-социальнэ центр къызэрыщызэIуахам и гугъу щищIым, Дадэм жиIащ  абы епха IэщIагъэлIхэр СВО-м мы зэманым щыIэхэм къалъыкъуэкI гугъуехьхэм зэрелэжьыр.

         МуIэед къыхегъэщ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я хъыбар зэман кIыхькIэ я Iыхьлыхэм къащыIэрымыхьэкIэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым зыкъызэрыхуагъазэр. «Я Iыхьлым и хъыбар мазэкIэ къаIэрымыхьэмэ,  зыкъытхуагъазэ хъунущ», - къыхигъэщащ Дадэм.

Абы дыщIигъуащ СВО-м и ветеранхэр жылагъуэ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм зэрырагъэблагъэр, щIалэгъуалэм зэрыIуагъащIэр. Ныкъуэдыкъуагъ зыгъуэта лIыхъужьыр нэхъ тыншу зэрыпсэуным тещIыхьауэ и пэшыр хуаузэд. 2024 гъэм къыщыщIэдзауэ СВО-м и ветеранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зыгъэпсэхупIэ зэрагъакIуэр зэтраублащ. Мы зэманым ирихьэлIэу зыгъэпсэхупIэхэм цIыхуи I00-м щIигъум я узыншагъэр щрагъэгъэфIэкIуащ. Мы гъэм а дэIэпыкъуныгъэм текIуэдэнур Социальнэ фондым и ахъшэкIэ къызэрагъэпэщыну Iэмал ягъуэтащи, апхуэдэ гулъытэ хуэныкъуэу цIыху 200-м зыщIагъэкъуэфынущ.   

Дадэ МуIэед тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ветеранхэр «ЛIыхъужьхэм я зэман» теленэтынхэм зэрыхэтми.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

Читать также: