Гупсысэр - псалъэкIэ

КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, актер цIэрыIуэ Хьэмырзэ Ахьмэд театрымрэ киномрэ щиIэ зэфIэкIхэм, абы и цIэм Кавказ псом и гъуазджэ дунейм щиубыд увыпIэ лъагэм журналистхэр дытепсэлъыхьынуи дытетхыхьынуи тфIэфIщ, ар зэи емызэш цIыху зэчиифIэщи, щIэщыгъуэ куэд утыкум кърихьэ зэпыту адыгэ лъэпкъым хуолажьэри. Ауэ мызыгъуэгукIэ «хьэщIэщ уэршэркIэ» узэджэ хъуну мы зэпсэлъэныгъэр зытедухуар нобэрей гъащIэмрэ адыгэ Iуэхумрэ я къекIуэкIыкIэрщ. ЦIыхушхуэ гуэрым и тхылъ напэкIуэцIхэр къызэбгъэдзэкIыурэ щIэбджыкIыу фIэкIа къыпщымыхъуу пхузэпкърех Ахьмэд а Iуэхугъуэхэр. Сыхуейщ сигу зэрыгъу Iуэхуу къыхэслъхьахэм Ахьмэд хуиIэ еплъыкIэмкIэ сывдэгуэшэну.

Театрымрэ цIыхубэмрэ

А тIум я зэхущытыкIэм зихъуэжурэ къокIуэкI, зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэм елъытауэ. Илъэс зыбжанэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, пасэу билет къамыщэхумэ, ямыгъуэтыжу къекIуалэу щытащ цIыхухэр адыгэ театрым. Ауэ пандемиер къежьэри, театрым и мызакъуэу, цIыхур зэкIэлъымыкIуэж ищIащ.

Мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ ди гъащIэм къыхыхьами, абы къикIыркъым театрыр лэжьэн хуэмейуэ е абы щылажьэхэм я къалэныр игъэмэщIауэ. ГъащIэм лъэныкъуэ гуэркIэ зэрызигъэзам и зэран къокIауэ щыщыткIэ, абы упэлъэщын папщIэ, уи зэфIэкIым хэбгъэхъуэн, къалэнхэр нэхъыбэ пщIын хуейщ. Сыт абы къикIыр? Театрым щылажьэхэм, артистхэм ди пщэрылъыр нэхъри бэгъуащ, къищынэмыщIауэ, зэхъуэкIыныгъэхэр тхыдэм къызэрыхэнэм хуэдэу, ар театр утыкум щыгъэлъэгъуа хъун папщIэ, драматургие дыхуейщ. Лъэпкъ драматургие дыхуэныкъуэщ, абы и лъэныкъуэкIэ ди Iуэхур хэплъэгъуэщ.

Сыт хуэдэ Iуэхури къохъулIэн папщIэ, мылъкукIэ щIэгъэбыдауэ щытыпхъэщ. Сигу къеуэр пщIэрэ? Мелардийм щIигъу щыпсэу дунеишхуэм псоми ялъэIэс зэхъуэкIыныгъэ къыщыщыхъум деж, дэ тхуэдэ лъэпкъ мащIэхэр иреудэкI. Апхуэдэ щIэщхъу къызыщыщIа лъэпкъым зыкъиужьыжын щхьэкIэ, дэ дыхуейщ щэнхабзэм зыщIэзыгъакъуэ цIыху щхьэхуэхэм, фондхэм.  Ди жагъуэ зэрыхъущи, ар диIэкъым. Апхуэдиз хъугъуэфIыгъуэ къызэзынэкIа, сыт и лъэныкъуэкIи пэрыту къекIуэкIа ди лъэпкъым и щIэблэр зыщIипIыкIыну къыхуэна фIыгъуэ мащIэм зедгъэужьын, тхъумэн щхьэкIэ, мылъку хэдмылъхьэу хъунукъым. Мыр егъэлеяуэ дызыхуэныкъуэ Iуэхугъуэщ. Апхуэдэ лъэпощхьэпохэр зэфIэхыныр зи Iэ илъхэм я гупсысэ, я унафэ халъхьэн хуейщ мы Iуэхум.

А зым и закъуэкъым театрымрэ цIыхумрэ зэпэIэщIэ зыщIар. АтIэ нэхъапэм хьэблэм дэс зы унагъуэм телевизор яIэрэ абы сабийхэр дыщызэхуэсу деплъу щытамэ, нобэ дэтхэнэ зыми телефон IэщIэлъщ, зыхуей псоми еплъыфу, еджэфу. Ауэ Интернетым къуитыфыну гупсысэмрэ дунеягъэм узыщрихьэлIэмрэ зэтехуэркъым. Театр, уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ансамбль хъарзынэхэр диIэщ, абыхэм цIыхум гукIэ зыхрагъэщIэфыр куэдкIэ нэхъыбэщ Интернетым къаритым нэхърэ. Мис ахэр утыкум икI хъунукъым, Iэпэдэгъэлэл тщIынкIи Iэмал иIэкъым, цIыхумрэ гъуазджэмрэ гъунэгъу зэхуэзыщIыр, цIыхупсэр зыгъэбейр ахэращи.

ХьэгъуэлIыгъуэхэмрэ джэгуакIуэхэмрэ

Иджырей хьэгъуэлIыгъуэм дыщытепсэлъыхькIэ, абы нэхъыщхьэ дыдэу хэлъыр «къалэн» псалъэмкIэ къэзгъэлъэгъуэнт. ХьэгъуэлIыгъуэ ущыкIуэм деж къалэн пыухыкIа уи пщэм къыдохуэ. ХьэщIэм хьэщIагъэ епхын, благъэр зэбгъэцIыхун, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэд, хабзэм къызэрезэгъыу, чэзууэ щызэфIэпхын хуейщ. Нэгу зегъэужьыпIэкъым ар, иджыпсту куэдым зэрагугъэм хуэдэу, атIэ къалэн гъэзэщIапIэщ.

Нэхъыжь гуэрхэм щыжаIэ щыIэщ: «Дэ псори дыIуэхутхьэбзащIэу аращ, Iуэхур зэфIэкIмэ, дыбзэхыжынущ, псэунур фэращ». Хьэуэ. Дыбзэхыжын хуейкъым. Нэчыхь щатхым деж уэчыл щIагъэувыр сыт? Уэчыл къалэныр зи пщэ далъхьэр щауэм е нысащIэм щапхъэ зытрихын, зыдэплъеин, чэнджэщэгъу, ущиякIуэ хуэхъун хуэдэ цIыху Iущщ. ЩIалэгъуалэр псэуныгъэм къригъэкIуэт, гъащIэм и гугъуехьхэм къыхигъащIэ хъумэ, унагъуэр мылъэлъэжын щхьэкIэ, лъэпкъитIым къабгъэдэкIыу уэчылу щытаитIращ япэу дэIэпыкъуэгъу хъун хуейр.

Нобэрей хьэгъуэлIыгъуэр сигу ирихьрэ? Хьэуэ! Нобэрей хьэгъуэлIыгъуэхэм сигу ирихьын щыслъагъурэ? НтIэ! Дунеижьыр къызэригъэщIрэ апхуэдэу щытщ: хужьрэ фIыцIэу, фIырэ Iейуэ, жэщрэ махуэу гуэшауэ. Тхьэм и шыкуркIэ, фIыр нэхъыфIурэ дыкъокIуэкI. Ар хьэгъуэлIыгъуэми ехьэлIащ.

ДжэгуакIуэхэм я гугъу пщIымэ, ахъшэ къалэжьыну утыку ихьэн ипэ зэгупсысыжын хуейщ, а Iуэхум хуэфащэрэ хуэмыфащэрэ, игъэзэщIэну къалэным икIэм нэс хищIыкIрэ химыщIыкIрэ. ДжэгуакIуэр джэгуакIуэу къалъхуркъым, атIэ хъууэ аращ. А цIэр пхуэфащэу щытын папщIэ гъуэгуфI къызэпыпчын хуейщ. ХьэгъуэлIыгъуэр зэрекIуэкIын хуейм теухуауэ зэбгъэщIам нэмыщIкIэ, гъащIэ плъэгъуауэ, абы къыхэпхауэ, бгъэунэхужауэ щытыпхъэ хабзэм епха щхьэхуэныгъэхэр.

 А хабзэр зэманым дебгъэкIуу къэбгъэсэбэпын хуейщ. Нобэ лъэпкъыр гупитI зэрищIыкIауэ хабзэм топсэлъыхь, хэти апхуэдэу япэм щытакъым жеIэ, хэти япэрейр иджырей зэманым къезэгъыжкъым жеIэ. Апхуэдэм деж егупсысыну сыхуейщ ди цIыхубзхэм гуэгуэн яIыгъыу псыхьэ зэрымыкIуэжми, ди цIыхухъухэр шым зэрымышэсыжми. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, хьэгъуэлIыгъуэр пщIантIэм дахыу шхапIэм зэрахьам куэд иризодауэ. ХьэщIэщыр игъащIэми адыгэм къыдогъуэгурыкIуэ, нобэ цIыхур куэду дызэкIэлъыкIуэну зэрытфIэфIыр, унэшхуэ зимыIэ къызэрытхэтыр абы хэплъхьэжмэ, сыт шхапIэм и лажьэр? Зыри. ХьэщIэщ пэлъытэу хьэгъуэлIыгъуэр шахпIэм зэрыщащIыр къуэншагъэкъым, абы щекIуэкI гуфIэгъуэ дауэдапщэр екIурэ-ещхьу щызетхьэмэ. 

Унагъуэмрэ гъэсэныгъэмрэ

Сытми и къежьапIэр унагъуэращ, шэч хэмылъу.  Си щхьэкIэ, сыт и лъэныкъуэкIи, щапхъэ схуэхъуар си адэращ. Си адэр артисткъым, къуажэдэс, шофер щIалэжьу щытауэ аращ. ИтIани, и IэщIагъэм пэжу зэрыбгъэдэтам хуэдэу, сэри сыбгъэдэтын хуейуэ апхуэдэ хьэл къысхилъхьащ. Си адэм и лэжьэгъухэм яхуищIа пщIэм хуэдэ сэри си лэжьэгъухэм яхуэсщIын зэрыхуейм сыхуиущиящ.

Сызыпэрыт IэщIагъэм хуэфащэ щIэныгъэ зэзгъэгъуэтын, абы и щэху псори къэсщIэн папщIэ, къуэ балигъым и къалэн куэд сщхьэщахащ си адэ-анэм. Нобэ щытхъу къысхуагъэфащэмэ, ар зейр си адэращ, си анэращ. АдэкIэ еджапIэм сыщезыгъэджахэм, институтым сыкъэкIуа нэужь щIэныгъэ къызбгъэдэзылъхьахэм, япэу зи утыку сихьа адыгэ театрым, абы ита нэхъыжьыфIхэм я фIыгъэщ. Дыстуденту театрым япэ дыдэ Шыбзыхъуэ Басир дыщишам, сощIэж ТIыхъужь Алий, ДыщэкI КIунэ, Къаздэхъу СулътIан, Токъуий Хъусен, Болэ Мурат, Сибэч Быхуэ хуэдэ цIыхушхуэхэр щыджэгуа сценэм, абыхэм къагъэна лъэужьым лъэкъуампIэ пэлъытэу сызэриувэм иIэ мыхьэнэр зы меданым си щхьэм зэрыщызэблэкIауэ щытар. Мис а псори гъуазэ схуэхъуащ. КъищынэмыщIауэ, нэхъыжьыфI куэдым сагъэныбжьэгъуащ сыщIалэу – IутIыж Борис, Къамбий Джэфар, Къэжэр Борис, Фырэ Руслан хуэдэхэм. Абыхэм я лэжьыгъэм и щэху гуэрхэр сыщIагъэдэIуми, я гупсысэкIэр зэзгъэзахуэми, куэд къысхалъхьауэ схужыIэнущ.

Унагъуэр псом я щхьэщ. Унагъуэм илъ зэхущытыкIэр, си адэм хэлъа хабзэр, хьэлыфIхэр псори зэрызыхэслъхьэным иужь ситащ. КIэух зимыIэ лъагъуныгъэкIэ къэзыухъуреихь псори илъагъурт си адэм. ЦIыхум хуиIэ лъагъуныгъэр имыухыу зи гъащIэ Iыхьэр зыуха си адэм фIэкIа щыIэу сщIэркъым. 

Мыбдежым къыхэзгъэщыну сыхуейщ гъэсэныгъэм лъэныкъуитI зэриIэр. Адэ-анэм быныр зэрагъасэм хуэдэ дыдэу, бынми адэ-анэм зыгуэр халъхьэ. ЦIыхур дунейм къыщытехьэм, бын къыщыпщIэхъуэм и деж гъащIэм нэгъуэщI нэкIэ урегъэплъ, зы щIэщыгъуэ гуэр уи гъащIэм къыхелъхьэ, нэхъыбэм урегъэгупсыс.

НэщIэпыджэ Замирэ.

 

Поделиться:

Читать также: