ПщыукI Латмир и усэхэр гъащIэм щыщ дакъикъэ нэхъ телъыджэ дыдэхэм къыхипхъуэтам хуэдэщ. Усэ къэс гурыщIэ е зыхэщIэ гуэрым и лъагапIэщ. Латмир иIэкъым «унафэ зыщI» усэхэр, чэнджэщ зытырейхэр, зыгуэрым щIэнакIэхэр, «зыгъэгусэрейхэр», убэхэр, далъэхэр. УсакIуэм «и псэ лъагъуэм» кърикIуа сатырхэрщ тхылъымпIэм ихьыр. Усэхэм дыкъоджэри зыхыдощIэ гуапагъэ, псэ хуабагъэ. Сабиигъуи, щIалэгъуи, жьыхъугъуи зыхуэгъафIэ усэхэм гъащIэр, цIыхухэм я зэхущытыкIэр, дунейм и къэхъукъащIэхэр къыбгурыIуэнымкIэ гъуазэ щыхъу щыIэщ.
Латмир и усыгъэр гукъэкIыж лъахэщ, гухэлъ дунейщ, гупсысэ щIэншэщ. И усыгъэ щIагъыбзэр пIаскIуэркъым. УсакIуэм и сатырхэр куэдрэ мэхъуцацэ. АтIэ къэхъуркъэ хъуцацэ макъыр псом нэхърэ нэхъ IупщIу щызэхэпх! Апхуэдэ сатырхэм куэдрэ къыщыбогъуэт гуныкъуэгъуэ къозыт упщIэ гуэрхэм я жэуап IупщI.
ПщыукIым и усэхэм яхэтщ лIы Iущ гуэрым къыбжиIэ псалъэ пэж хуэдэу зыхэпщIэхэр. Девгъэплъ «Лъапсэ» усэм хэт сатырхэм.
Уи хьэжьыр къыщыппежьэ пщIантIэм
Уи гурыфIыгъуэр къыдэбнащ,
Хьэл мыгъуэу пхэлъыр зыхэбнащ,
Гъуэгу кIыхьым уи гур къытебнащ.
ЗэпхьэлIэжынур хэт уи натIэр?
Усэ лIыхъужьым и псалъэхэр апхуэдизу зэпIэзэрыту ухуащи, сатырхэм хэт псалъэхэм задыбогъэщхъ, лъапсэм, адэжь щIыналъэм, бзэм я деж щыпхь жэуапым уегупсысу.
УсакIуэм и сатырхэм щIыуэпсыр хэтщ. Тхыгъэм и купщIэр абыкIэ куэдрэ къызэпкърех, уеблэмэ. Дыгъэри, акъужьри, хыри, жэщ–махуэри, щыблэри, мазэри, вагъуэхэри, жыгри, удзри, уэсэпсри – псори къыхешэ и сатырхэм. «Ухэплъэмэ плъэгъунуIакъым» усэмкIэ хы Хуэмым дыIуешэ. Дегъэлъагъу и лъэщагъи, и зэфIэкIи. Хым и «хьэлыр» къызэпкърих хуэдэурэ, лирическэ лIыхъужьым и гурыгъузхэр еIуатэ.
Хы Хуэмым щхьэщыхьэ щыблэм
Тыншыгъуэ къыпхуригъэблкъым.
Си фIыгъуэр щызгъэкIуа хьэблэм
Гукъеуэр щоупщIыIу – щохуабэ.
Хы Хуэмым и толъкъун Iэлым
Теплъаджэу зыкъысфIехуапэ.
Гухэлъыр щысIуэта хадэр
ПщIыхь чэнжхэм я жэщ тIысыпIэщ.
Хы Хуэмым и толъкъун уардэр,
КъоIэбэри, къытлъоIэсыпэ.
Насыпыр щаухуэнщI щхьэлыжьым
ЩызэхуащIыжыркъым IэплIэ…
Гъэм и зэманым и дуней къэхъукъащIэ гуэрхэм цIыхум и ныбжьыр кърепх усакIуэм.
Уэсыр къесмэ, щIэщыгъуэ щыIэж?
Мы щIымахуэм къихьа вокализыр
СыткIэ уи гум къеIа апхуэдизу?
УеIэбыхмэ – нэхъ щIыIэжщ, - щыжеIэ «Уэс» усэм. ЩIэджыкIакIуэр хуегъэхьэзыр мыбы и лIыхъужьым и ныбжь хъарзыни зэриIэм, ауэ иджыри егъэзыхыгъуэ зэрымыхъуам. АдэкIэ дыщегъэгъуазэ и ади, и ани, и дэлъхуи зэрыпсэум, и быным я Iуэху зытетым.
Уи тепIэныр хуэбапIэ - къабзалъэщ,
УздэщыIэр фIы дыдэу уощIэж. «Уи Iуэху хъарзынэщ, уи гупсысэр бзыгъэщ», - жиIэ хуэдэщ. Куэдрэ зыпэплъа, зытепсэлъыхьа гуэр игу къигъэкIыжым хуэдэу «Уэсыр къесу, уи гур зэгъа?» - жиIэу жэуап хуэмыныкъуэ упщIэри егъэбыдэж. ИтIанэ, зы сатыр закъуэкIэ къэхъуа псом и купщIэр къыджеIэж:
Уэсыр къесри, уи щхьэцыр тхъуащ!
ЩIыуэпсыр, зэманыр, дуней къэхъукъащIэхэр Латмир и усэхэм зэрыхиухуанэм и щапхъэу усэ зыбжанэ къэдгъэлъэгъуэнщ:
Уэнжакъым ищтыхьырти Iугъуэр,
Зэманыр къэувыIэу си гугъэт.
(«Сонет кIасэ»)
Си жэщ жейхуэлIэм и макъыр жыжьэ ноIус,
Си жэщ жейхуэлIэм псынэ жэбзар егъэутхъуэ.
ЩIыр къэушакъым, вагъуэхэр ирекIэзыз,
Пщэдджыжь къэблагъэм трагъэлъалъэу я сытхъур.
(«ЖейхуэлIэ жэщ»)
КъысхуэщIэркъым уи псэм къеузыр,
Жэщыбгым къелъыхъуэ и гъусэр,
Жэщыбгыр - ар бзагуэщ, ар дэгущ.
(«Нэхущым къыщIыхьэ си нэгу»).
Латмир и сатырхэм къыщеIуатэ усэр гум къызэрыщежьэр, абы къикI лъагъуэр зэрымытынш дыдэр. Усэм и гъуэгур псэм и гъуэгум хуегъадэ.
Щэхуэгъуу хэти щыдиIэн
Псэ гъуэгур зэтшэлIэну щIыщIэм?
Усэр зи пэжым и гум щыщIэр
Гъуэгу зэхэкIыпIэм щыжаIэнщ.
… Си гъусэу гъуэгу унытехьэн? («Си гъусэу гъуэгу унытехьэн?»)
Латмир и усэм хэт лIыхъужьым щытепсэлъыхькIэ, усэбзэкIэ ищIа сурэтым хыдолъагъукI ар зыхуэдэр, абы и гум щыщIэр, зыгъэгуфIэр, зыгъэнэщхъейр, имыгьэгъур.
ЛIыхъужьыр мэгуфIэ, икIи нэщхъейщ:
ГуфIэу ныппежьэми -
Си гур иджыри сымаджэщ,
Гъуэгуу къыхихым
И зэхуэдитIыр къуэладжэщ.
Нэ езэшахэм
КъащIэукIуриикIыр къурш псынэщ,
ПщIантIэр спхъэнкIыжми,
Уэс щIыIэ жагъуэр къесынущ.
Си нэбжьыц псыIэхэр
Уэрэд нэщхъейхэм я кхъуакIэщ...
УсакIуэм жиIэ псори нэхъри щыщIигъэбыдэжыр адэкIэщ. Псори гурыIуэгъуэ мэхъуж:
АдкIэ къэхъунури?
АдкIэ къэхъунур къэхъуакIэщ!
Латмир и лъагьуныгьэ макъамэр... Ар сыту жыжьэ къиIукIрэ, сытуи гъунэгъуIуэ къэхъурэ?! Деплъынти, «Узыхуей дыдэм сыхэбжэ» усэм:
Узыхуей дыдэм сыхэбжэ...
Вагъуэ мин бжыгъэр и пэбжщи,
Уафэр мэхущхьэ - мэщатэ.
Сэ сызыщыщыр уэ пщIатэмэ,
Сыкъэплъэгъунтэкъым жагъуэу,
Уафэр еубыдри пшагъуэм, -
Щэху къиутIыпщ тIэкIур мэгъуащэ.
«Узыхуей дыдэм сыхэбжэ» - жи. Сыт къысхуигугъэнуми ухуитщ, жыхуиIэщ. Ауэ итIани зыгуэрым дригъэхьэхыу зыхуригъэплъэкIыну, гу зылъригъэтэну хэтщ: «Сэ сызыщыщыр уэ пщIатэмэ, сыкъэплъэгъунтэкъым жагъуэу». А псор зраIуэкIым, дауикI, а къепсэлъылIэр «зыщыщыр» къиулъэпхъэщу щIидзэнут... Ауэ... УсакIуэм и щIагьыбзэм ди щхьэр теткъутэнут, абы адэкIэ къыпищэ псалъэхэр мыхъуамэ:
Сэ сызыщыщыр уи гьащIэрщ,
Уи псэр къызэрыщ гъуджэрщ!
КъысщыгуфIыкIыурэ IукIыр
Уэрауэ къызумыгъащIэ...
Апхуэдэ гупсысэ къыхощ «Нэхущым къыщIыхьэ си нэгу» усэм:
Уи нитIыр гъуэгуанэм тезашэм -
Нэхущым къыщIыхьи си нэгу -
Абы къыщылъыхъуэ уи жьэгу.
ГъащIэм псори тынш дыдэу къыщохъулIэтэмэ, ар гъащIэ хъужрэт?! ПщыукIым и лIыхъужьым и гурыщIэр, ар зыхуэгъэзам и деж нэсыным сыту зэман куэд ихьрэ. ГъащIэ псо токIуадэ.
ГъащIэр иухыу, щIымахуэ уайер къэсыху,
КъыбгурыIуакъым фIыуэ узэрыслъагъур.
Пэжу, лIыхъужьым гухэлъ зыхуищIам щызэхимыхкIэ, щызыхимыщIэкIэ, ар гугъу йохь:
IэфIу уозэгъэжри, уожей,
Сэ уэздыгъэ нэфыр дызошей...
ПщыукI Латмир и усэ сатырхэр сыт щыгъуи щIэщыгъуэщ. ГъащIэм и купщIэм гу лъыуагъатэ сатыр щабэхэм, уи гур ягъэпсэху, гугъэ къуат, балигъ уащI. Художественнэ Iэмалхэр екIуу сатырхэм зэрыхиухуанэм усэхэр нэхъри гурыхь ящI. Сатырхэр уи гум ибоубыдэ, куэдри къыбоIущэщыж. И «жэщыр жейхуэлIэщ», «бзагуэщ, дэгущ», и «вагъуэхэр мэкIэзыз», «уэнжакъым Iугъуэр йощтыхь», щIыфэм «уз гъэундэращхъуэ» щахуэ, «уэсыр къесмэ, щхьэцыр мэтхъу», «толъкъун Iэлым теплъаджэу зехуапэ». Укъеджэ къудей мыхъуу, псори IупщIу болъагъ, зыхыбощIэ.