Студентхэр хагъэгъуазэ

Ди щIыналъэм исхэр зэрыгушхуэ, дуней псом щыцIэрыIуэ художникхэу Пащты зэадэзэкъуэм - Германрэ Алимрэ - КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и студентхэм литографие техникэмкIэ мастер-классхэр иратащ.
УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск ксилографиемкIэ щыIэ студием и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI Пащты Герман зэIущIэм и пэ къихуэу япэ курсым и студентхэм яхутепсэлъыхьащ пхъэ гравюрэм и тхыдэр жыжьэ къызэрыщежьэм. Гъуазджэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ дэтхэнэ зы сурэтыщIми иIэщ зыхилъхьэ щымыIэу илъагъу зы унэтIыныгъэ. Пащты Герман и дежкIэ ар пхъэм тхыпхъэхэр, сурэтхэр хэщIыхьынырщ (ксилографие). Китайращ ар къыщыунэхуар. Красноярск крайр илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу «Ксилографы Красноярска» альбомыр Герман къызэрыдигъэкIами куэд къыбжеIэ абы и зэфIэкIым теухуауэ.
Пащты Герман и цIэр ди къэралми нэгъуэщI щIыналъэхэми щыцIэрыIуэщ. Музей куэдым абы и лэжьыгъэхэр щахъумэ. Урыс усакIуэ цIэрыIуэхэм я тхыгъэхэм гравюрэхэр яхуищIащ, дэтхэнэ зыми и псэм щыщ Iыхьэ хилъхьэу. Псалъэм папщIэ, Лермонтов Михаил и «Кавказ поэмэхэм» художникыр илъэситхукIэ елэжьащ, гравюрэ 40-м нэблагъэ триухуащ а тхыгъэхэм. Пушкиным и «Тхыгъэ къыхэхахэм» - илъэсипщIкIэ. Иужьрей илъэс тIощIым дунейм къытехьащ Герман игъэщIэрэщIа тхылъ плIыщIым нэблагъэ. Дуней псом щекIуэкIа тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ, зэпеуэ куэдым я лауреат хъуащ сурэтыщIыр. Ди хэкуэгъу художникым и лэжьыгъэхэр Уралым щыщIэдзауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм нэс, Улан-Удэ щегъэжьауэ Якутск щиухыу, дуней псом и щIыналъэ куэдым щигъэлъэгъуащ, щIыхь тхылъ, щIыхьыцIэ куэди къыхуагъэфэщащ. Езым и лэжьыгъэхэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэ щхьэхуэхэр щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щокIуэкI, урысейпсо, дунейпсо зэхыхьэхэм хэтщ. 
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащты Алим литографием хуэIэпщIэлъапщIэщ. Литографие техникэм щыщ и графикэ сериехэр дуней псом и музей нэхъ цIэрыIуэхэм щIэлъщ. Алим и Iэдакъэ къыщIэкIащ дуней псом и фарвор вазэ нэхъ ин дыдэр. Ар щагъэлъагъуэ Лойхтенберг (Германием) ФарфорымкIэ и музейм. Абы и лъагагъыр метрий, и бгъуагъыр зы метррэ ныкъуэрэ мэхъу. Вазэ телъыджэр къыхищIыкIащ дэтхэнэ зыри килограммиплI хъу фарфор 360-м. Фарфорхэр сыхьэт 12-кIэ къыщигъэплъащ градус 1380-рэ зыIыгъ хьэкум. Алим сурэтхэр абы трищIыхьыжащ. АбыкIэ скульпторым къигъэлъэгъуащ фарфорым къыхэпщIыкIыфыну хьэпшыпыр зыхуэдэр. Лэжьыгъэм илъэсипщIым щIигъукIэ Алим пэрытащ. Акварель, ксилографие, литографие, линогравюрэ, феррографие, сурэт жыпIэми Алим гъуазджэм и лIэужьыгъуэ куэдым хуэIэзэщ. А Iэмалхэм теухуат Алим студентхэр зыщIигъэдэIуа дерсыр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъБКъУ-мрэ Пащты художникхэмрэ зэдэлэжьэн щIадзащ 2018 гъэм и мазаем, Пащты Герман и цIэр зезыхьэ лъэщапIэр КъБКъУ-м къызэрыщызэIуахрэ. 
Мы тхьэмахуэми Пащты зэадэзэкъуэм КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и студентхэм дерс иратынущ. Ар линогравюрэ Iэмалым – тхылъхэмрэ журналхэмрэ сурэтхэмкIэ зэрагъэщIэращIэм траухуэнущ. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: