ЕджапщIэр хуагъэмащIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэм ящыщу дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ СВО-м щыIэхэм я бынхэмрэ, зэгурыIуэныгъэкIэ ахъшэ щIату абы щеджэхэм, я еджапIэщIэхэм хуэдитIкIэ хукIэрагъэхунущ.

«Дызыхыхьа илъэсым унафэ къэтщтащ ди студенту дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ СВО-м щыIэхэм я бынхэмрэ, ахъшэ щIату ди деж щеджэхэм, я еджапщIэхэм хуэдитIкIэ яхукIэрыдгъэхуну. НобэкIэ ахэр курыт щIэныгъэ е щIэныгъэ ищхьэ зрагъэгъуэтхэмрэ зыхуеджэ IэщIагъэхэмрэ ятещIыхьауэ, цIыхуи 124-рэ мэхъу. Университетым и лэжьакIуэхэм къагуроIуэ, ди къэралыр хъумэным хэлъхьэныгъэ инхэр хуэзыщIхэмрэ абыхэм я бынхэмрэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтын папщIэ защIэгъэкъуэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр», - жиIащ КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрэ.

Университетым къыщыхагъэщащ дзэ Iуэху хэхам щыщIидза япэ илъэсым СВО-м щыIэхэм я зэреджэм папщIэ ят пщIэр зэрыхуатар, 2024 гъэм а уасэм хуэдитIкIэ зэрыхукIэрагъэхуар.

Апхуэдэуи, КъБКъУ-м псапащIэ Iуэхуу ди зауэлIхэм зэпымыууэ хьэпшыпхэр, ерыскъыхэкIхэр яхурегъашэ. Псалъэм къыдэкIуэу, радиостанцхэр, квадрокоптерхэр, тепловизорхэр, генераторхэр, ерыскъыхэкIхэр, хущхъуэхэр, зэрызагъэкъабзэхэр, тепIэн-щIэлъын хуэдэхэр, н.къ. къыхуащэху. Дзэ Iуэху хэхам хэт ди студентхэмрэ ди лъахэгъухэмрэ здэщыIэ дзэ частхэр зыхуэныкъуэу ахэр нэхъыбэу къызыщIэупщIэхэм ящыщщ ахэр», - къыхигъэщащ Алътуд Юрэ.

Абы нэмыщI, КъБКъУ-м иужьрей илъэситIым ахъшэу сом мелуан I5-м нэблагъэ СВО-м щыIэхэм я сабийхэм ядэIэпыкъуным хухихащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи, пщIэ щIату университетым щеджэ студенти 167-м, зи адэ-анэхэр дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, я еджапщIэхэм хукIэрагъэхуащ.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: