НОБЭ

Мазаем и 12, бэрэжьей

ЩIэныгъэмрэ гуманизмэмрэ я дунейпсо махуэщ

♦​1929 гъэм Налшык щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ курорт хъуащ.

♦​1957 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу Налшык телевиденэм лэжьэн щыщIидзащ.

♦​1884 гъэм къалъхуащ Тыркум щыпсэуа адыгэ тхакIуэ, дунейпсо литератруэм и классикыу къалъытэ Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин).

♦​1944 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэшэж Иннэ.

♦​1948 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист Мэремыкъуэ Хъусен.

♦​1958 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м профессиональнэ щIэныгъэмкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТекIуий Мадинэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 0 - 1, жэщым щIыIэр градуси 7 - 4 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Жыжьэу маплъэ, благъэу мэтIыс.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.03.2025 - 07:25 НОБЭ
17.03.2025 - 11:59 НОБЭ
14.03.2025 - 14:08 НОБЭ
13.03.2025 - 09:00 НОБЭ
12.03.2025 - 10:22 НОБЭ