Газетым и мыхьэнэр«Адыгэ псалъэ» газетым бзэ, щэнхабзэ, щIэблэ гъэсэныгъэ мыхьэнэ зэриIэм теухуауэ болэтейдэс нэхъыжьыфIхэм я гупсысэхэр акъыл зыхэлъщ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Болэтей къуажэм щиIэ и къудамэм и тхьэмадэ Наурзокъуэ Толэ, илъэс 45-кIэ къуажэ курыт еджапIэм егъэджакIуэу щылэжьа нэхъыжьыфI Балъкъэр СулътIан, «Ленин гъуэгуу» щыщыта зэман лъандэрэ адыгэ газетыр зыщIыгъу, курыт еджапIэм и хъумакIуэ Къэбарт Къэралбий сымэ адыгэ газетым и ныбжьэгъу пэжщ. Наурзокъуэ Толэ: - «Адыгэ псалъэ» газетыр зи унагъуэм илъхэм я бжыгъэм зэрыкIэрыхур дигу къоуэ. Хэти къыгуроIуэ лъэпкъым и къэкIуэнур ди бзэм зэрелъытар, хэти абы мыхьэнэ иритыркъым. Зи унэм адыгэбзэкIэ тхылъхэр, газетхэр, журналхэр щIэлъым и щIэблэми еджэным гу хуищIынущ, лъэпкъ гудзакъэ иIэу къыдэкIуэтеинущ. Сэ куэд щIауэ си нэгум щIэтщ адэ нэхъ пасэу къыдагъэкIауэ щыта «Нартхэр» тхылъышхуэм Нэсрэн ЖьакIэрэ Пэкъуэрэ зытет и жинтыр. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ щызэхуэхьэса а тхылъыр къыдэгъэкIыжыни хуейт. Сыту хъуэпсэгъуэт МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр адыгэ унагъуэхэм илъыну! Нэхъ пасэхэм тхылъыфIыр зэпэубыдат. Иджы тхылъ куэду къыщыдагъэкI зэманщ, ауэ егъэлеяуэ лъапIэщи, дэтхэнэми зыIэригъэхьэфыну Iэмал щыIэкъым. Си унагъуэм хабзэфI щыхъуащ «Адыгэ псалъэ» газетым Iэ теддзэныр, щIэдджыкIыныр. Къыхэзгъэщыну сыхуейт Табыщ Мурат «IуэрыIуатэ - дыщэ пхъуантэ» и фIэщыгъэу игъэхьэзыр тхыгъэхэр. Абы балигъри дехьэх, сабийр зыхуэбгъэсэн куэди хэлъщ. Къумахуэ Аслъэн щIыуэпсым, вагъуэхэм ятеухуа гупсысэхэр анэдэлъхубзэм екIуу кърегъэтIасэ. Абы сыт къигъэлъагъуэр жыпIэмэ, адыгэбзэм куэд зэрыхузэфIэкIырщ. Зи бзэр фIыуэ зыгъэшэрыуэм нэгъуэщI бзэхэри нэхъ тыншу зэрегъэщIэф. Ар щIэныгъэлIхэми жаIэ. ЦIыху Iэпкълъэпкъым спортым зэрызригъэужьым хуэдэу, бзэми зеужь бгъэлажьэмэ, урипсалъэмэ. Анэдэлъхубзэм теухуауэ гукъеуэ куэд щыIэщ. Абы и пщIэр егъэгъуэтыжынымкIэ, щIэблэм яIурылъынымкIэ хэкIыпIэрэ Iэмалу щыIэр щызэпэплъыткIэ, къулыкъущIэхэм я дежкIэ уеплъэкIын хуей мэхъу. Абыхэм щапхъэ ягъэлъагъуэтэмэ, куэдым зэдапхъуэтэнут бзэр къегъэлын Iуэхур. Къэралыбзэуи щытщ адыгэбзэр, Iуэху ебгъэкIуэкIмэ, урипсэлъэну ухуиту. Ауэ зэIущIэ хъуакъэ – урысыбзэм тохьэ цIыхухэр. Псоми жыдоIэф адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыжын зэрыхуейр. Ауэ дыгъуасэм абы теухуауэ дызыхунэмысу къэнаIами, ар дгъэзэкIуэжыным нобэ-пщэдей дыхуеужьэрэкIыжын хуейщ. Бзэ щIэныгъэлI хъарзынэхэр диIэщ. Гъут Iэдэм, Къардэн Мусэдин, ХьэцIыкIу Рае сымэ, нэгъуэщIхэми бзэм теухуауэ жаIэхэр гурыхьщ. Мис апхуэдэхэм гу лъатэу, я гуащIэри къагъэщхьэпэтэмэ, бзэр гъуэгу дахэ теувэжынут. Республикэм адыгэу щопсэу мин 500-м щIигъу. «Адыгэ псалъэ» газетыр тезыдзэр минитIым нэсыркъым. Гъунэгъу республикэхэмкIэ соплъэри, Къэрэшей-Шэрджэсми Адыгейми я адыгэ газетхэм я тиражыр нэхъыбэщ. Мыр ди фIэщу Iуэху тщIамэ, кIуэтэну хъунт, Iэмал къэлъыхъуэн хуейщ. Къуажэдэсхэм газетыр кърагъэхьыну къыхуеджэныр Iуэху тщIыри, зыгуэрхэми къыддаIыгъащ. Къуажэм и тхьэмадэ Хъаний Заурбэч и сомкIэ унагъуэ зыбжанэм яхутридзауэ щытащ газетыр. Сабий садым екIуалIэ сабий зыбжанэми яхурегъэхь «Нур» журналыр. Балъкъэр СулътIан: - НэхъыщIэхэр адыгэбзэкIэ газет, тхылъ еджэну дегъэхьэхыныр нэхъыжьхэм ди дежщ къыщыщIидзэр. Дэ тIыгъыу, дыкъеджэу ялъагъун хуейщ. УнагъуэкIэ тыдодзэ, дыкъоджэ, зэхудохьэс. Илъэс зыбжанэ лъандэрэ «Адыгэ псалъэм» и къыдэкIыгъуэхэр зэуIу сощI. Ар сэбэп мэхъу тхыгъэ гуэрым къытебгъэзэжу укъеджэнуми. Е уезыгъэджа, е зи хъыбаркIэ пцIыху тету урихьэлIами, ахэр зытетхэр зепхьэну ухуейщ. Газетым дыкъызыщеджа тхыгъэ гуэрым дытепсэлъыхьамэ е, сэ сщIэрэ, зы Iуэхугъуэ гуэрым и гугъу тщIарэ абы теухуа тхыгъэ тетауэ дигу къэкIыжамэ, къыдэкIыгъуэ зэтелъхэм къахызогъуэтэжри, щIэупщIам Iэрызогъэхьэ. ПщыхьэщхьэкIэрэ хуэму щIаджыкIыну жаIэурэ, къыдэкIыгъуэ зэрыIыгъхэр щыстаи къэхъуащ. ЗэIэпытхыу дыкъоджэ, жыхуэсIэщ. Сэ газет сыщеджэкIэ икIэмкIэ къыщыщIызодзэ нэхъыбэм. Нэхъ щIэщыгъуэхэр, нэхъ гъэщIэгъуэнхэр иужь напэкIуэцIхэм тетщ. ХъыбарыщIэхэмрэ республикэ, къэрал Iуэхухэмрэ деджэн хуэмейуэ аракъым. Ауэ ахэр дэни къыщагъэлъагъуэ, куэду щыIэщ. Сэ сыдехьэх тхыдэм теухуа тхыгъэхэм. Апхуэдэхэр нэхъыбэу етх Табыщ Мурат. НэщIэпыджэ Замирэ, ЩхьэщэмыщI Изэ сымэ къытрадзэхэри сфIэгъэщIэгъуэнщ. Фымыбэлэрыгъ тхэхэр, цIыхухэм щIэщыгъуэ ящыхъун Iуэхугъуэхэм фытетхыхь, хэвгъахъуэ. АдыгэбзэкIэ къыдэкI газет закъуэр щымыIэу хъунукъым! Къэбарт Къэралбий: - «Адыгэ псалъэ» газетыр унагъуэкIэ тыдодзэ, ар «Ленин гъуэгуу» щыщыта зэман лъандэрэ. ДыщыцIыкIум, щIэпыр пхыр ящIурэ, пщыIэ хуэдэу зэраупсейрт. «ЩIэпкъуз» жаIэрт абы щхьэкIэ. Абы щыгъуэм дэри губгъуэм дыздашэрт. Зэгуэр гъуэмылэ кIуэцIылъу абы нахьа газет кIапэм тет зы тхыгъэм си нэр техуэри, седжат. Абы щегъэжьауэ газет еджэныр хьэлу зыхэслъхьащ. Армэм сыкIуа нэужь, си шыпхъухэм сакъыщыхуэтхэкIэ, яжесIэрт: «Адыгэ псалъэр» къыдэкIрэ, къевгъэхьрэ, феджэрэ, сытхэр ятхрэ? - жысIэурэ. КъахуэсIуэхурт газет нысхурагъэхьыну. Къулыкъу къыздэзыщIэхэм яхэт адыгэ щIалэхэм сакъыхуеджэрт абы. Мис апхуэдэу пасэу «Адыгэ псалъэр» ныбжьэгъу схуэхъуащ. АдыгэбзэкIэ къыдэкI газетыр тезыдзэхэм я бжыгъэр зэрымащIэр дигу къоуэ. Ар традзэным дэ дызылъэIэс цIыхухэр тыдогъэгушхуэ. «Адыгэ псалъэр» фи унэхэм щIэвгъэлъ. ЗыгуэркIэ фи цIыкIухэр дихьэхыу щIаджыкI хъунуми фщIэркъым», - яжызоIэ сэ сцIыхухэм. Къуажэм дэт курыт еджапIэм и хъумакIуэу солажьэри, газетым Iэ тедзэным теухуауэ егъэджакIуэхэми си гупсысэ язохьэлIэ. Ди ныбжьэгъу нэхъыжь Наурзокъуэ Толэ адыгэ газетыр игъэлъагъуэу, унагъуэ-унагъуэкIэ къикIухьурэ Iэ щытригъэдза къэхъуащ. Газетыр сфIэфIу зэрыщIэзджыкIыр бжесIащ. Мыбыи гу лъыстащи, бжызоIэ: фи журналистхэм я нэхъыбэр бзылъхугъэщ. АтIэ си гуапэ мэхъу бзылъхугъэ цIыкIухэм фи гупсысэр зэрыбзыгъэр, фызытепсэлъыхьхэр куууэ къызэрыфтIэщIыр. Фызытетхыхьым и мыхьэнэр къызэрывгурыIуэр нэрылъагъущ, жыхуэсIэщ. Абы теухуауэ щапхъэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ Чэрим Марианнэ. И газет тхыгъэхэр хьэлэмэтщ, «Iуащхьэмахуэ» журналым Iыхьэ-Iыхьэурэ къытехуа и романри сыдихьэхыу щIэзджыкIащ. Сабийхэм папщIэ щхьэпэ дыдэу къызолъытэ газетым абыхэм щахухэфха «ЦIыкIураш» Iыхьэр. Сыту жыпIэмэ, цIыкIуу ебгъажьэу ар зыщIупIыкI Iущыгъэм игъащIэкIэ ифI къекIыжынущ.
Поделиться:
Читать также:
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
12.08.2026 - 13:27 →
Лъэхъэнэ куэдым я лIыхъужь
12.08.2026 - 12:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 12:00 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




