Сочэ зыхуагъэхьэзырКавказ Ищхъэрэм зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ (ММА) пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ къызэрыхах зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм я зэуакIуи 160-рэ, я ныбжькIэ илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ 15-м нэсыху хъууэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен 15 зэпеуэм хэтащ икIи абыхэм ящыщу Гелоев Эмирхъан, Абей Алимхъан, Iэшэ Ахьмэд сымэ япэ увыпIэхэр зыхэта гупхэм къыщахьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ абыхэм Iэмал ягъуэтащ КИФЩI-м и командэ къыхэхам хэту къэралым пашэныгъэр щыубыдыным хуэунэтIауэ мы гъэм Сочэ къалэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну.
Поделиться:
Читать также:
10.08.2026 - 12:00 →
УащIыдэплъеин ябгъэдэлъщ
28.07.2026 - 11:18 →
Бибрэс и цIэр тхыдэм къыхэнэнущ
27.07.2026 - 20:41 →
ЩыIащ Адыгейм апхуэдэ жылэ
19.07.2026 - 12:26 →
Домбеякъыр и Iэрылъхьэщ Сэлим
16.07.2026 - 17:30 →
Псыгуэнсу щыщщ Жьанэ Мурат
| ||




