Тхурщ къахэжаныкIыфар![]() Кавказ Ищхъэрэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ щIыналъэхэм я бэнакIуэ нэхъ лъэщу 400-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. Я хьэлъагъ елъытауэ ахэр гупипщIу гуэшауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм бэнакIуэ 70 хэтати, абыхэм ящыщу 5-м медаль зэхуэмыдэхэр къахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Къашыргъэ Идаррэ (кг 64-рэ) Емызэш Ибрэхьимрэ (кг 80). Дыжьын медалыр къихьащ Мер Марат. Ар щыбэнар килограмм 51-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ. Бэрбэч Ахьмэдрэ (кг 51-рэ) Джэдмышх Дамиррэ (кг 71-рэ) домбеякъ медалхэр къахьащ. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ и командэ къыхэхам хагъэхьащ. Ди командэр зэIущIэм хуагъэхьэзыращ Хьэтанэ Хьэсэн, Iэпщэ Анзор, Iэщын Мурадин, Жолдащ Зэчыр, Хъубий Мурат сымэ.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





