ЩIыналъэхэм щыхъыбархэр

Иджырей курыт еджапIэ

Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Жэмтхьэлэ къуажэм и курыт еджапIэ №2-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Мы гъэм зыхуей хуагъэзэну школхэм ящыщу мыр районым щыеплIанэщ. Къэщкъэтау, Зэрэгъыж, Бабугент жылэхэм я курыт еджапIэхэм илъэситI хъуауэ апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI. Аушыджэр къуажэм и курыт еджапIэр нэгъабэ зыхуей хуагъэзащ.

Жэмтхьэлэ дэт курыт еджапIэр 2002 гъэм яухуащ, тIысыпIэу 360-рэ иIэщ. Кърахьэжьа лэжьыгъэхэр мы гъэм шыщхьэуIум и 20-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIын мурадхэр щыIэщ. Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу школым иджырей теплъэ игъуэтынущ икIи и пэш кIуэцIхэр, спорт залри хэту, къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъэзэнущ.

Унащхьэм телъ къэнжалыжьхэр иджыпсту зэрахъуэкI, унэ блынхэр къагъэкъабзэ, иужькIэ бжэ-щхьэгъубжэхэр, пэшхэр къызэрагъэхуабэ системэр, псы къабзэр, къагъэсэбэпар зэрырикIуэ бжьамийхэр, ток кIапсэхэр, жьы зэпрыхупIэхэр зэрахъуэкIынущ. Пэш блынджабэхэр дращIеинущ мафIэм имыс чырбышхэмкIэ.

Псори зэхэту лэжьыгъэхэм текIуэдэнущ сом мелуан 79-рэ, уналъащIэхэмрэ обрудованэхэмрэ – сом мелуани 9-м нэблагъэ.

ЩIыналъэр ягъэдахэ

Иужьрей илъэсхэм Май щIыналъэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэ зыбжанэ зэIузэпэщ ящIащ. Ар яхузэфIэкIащ УФ-м и Президентым къыхилъхьа «Къалэхэм ущыпсэуныр тынш щIын» къэрал пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ.

Псалъэм къыдэкIуэу, 2022 гъэм Май къалэм сабийхэр щыджэгу и щIыпIэр къагъэщIэрэщIэжащ, Горькэм и цIэр зезыхьэ уэрамым жыг хадэ цIыкIу щащIащ. Абы ещхь жыг хадэ цIыкIу Александровскэ жылэми щагъэтIысащ.

Абыхэм нэмыщI, къалэдэсхэм я жэрдэмкIэ «Урысей» ЩэнхабзэмкIэ унэм и бжэIупэр мы гъэм зыхуей хуагъэзэнущ. И теплъэр ирагъэфIэкIуэнущ цIыхухэр куэду щызэхуэс мы щIыпIэм: къэкIыгъэ щхъуантIэхэр кърагъэтIысэкIынущ, лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр иралъхьэнущ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыхухэм папщIэ идзапIэхэмрэ щагъэувынущ, иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэнэхуэнущ, интернетым пщIэншэу зэрызыпыбдзэ хъу Iэмалхэри хуащIынущ.

Апхуэдэ лэжьыгъэхэр мы гъэм щрагъэкIуэкIынущ Октябрьскэ къуажэми.

НАУРЫЗ Ислъам.
Поделиться: