ЩIэныгъэлIхэм мардэ пыухыкIахэр яIэщ бзэм и щытыкIэр щыуагъэншэу къагъэлъагъуэу. Апхуэдэхэм язщ абы и «узыншагъэр зыIутыр» («шкала валидности») зыфIаща зэхэдзыкIэр. Бзэ узыншэхэм хагъэхьапхъэр къызэращIэр абы ирипсалъэ цIыху бжыгъэм и закъуэкъым. Мыхьэнэшхуэ ират ар нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зэрызэIэпахми.
РАН-м и гуэшыкIэмкIэ, урысыбзэм укъыфIэкIмэ, къэралым нэхъ щылъэрызехьэ бзэхэр 6 мэхъу: башкирыбзэр, шэшэныбзэр, тува бзэр, якутыбзэр, ингушыбзэр, тэтэрыбзэр. Къэралыбзэ зыфIащауэ республикэ щхьэхуэхэм политикэ Iуэхухэр зэрыщызэрахьэхэр зи Iуэху мыIейхэм, 3Б жыхуаIэ гупым хагъэхьэ. Ауэ ахэр нэхъыбэу щызекIуэр къуажэхэрщ. Нэхъ къаруушхуэ зыбгъэдэлъыр 4Б-м хиубыдэ урысыбзэм и закъуэщ.
Дэ щIэх-щIэхыурэ къыдогъэщхьэпэ цIыхур зыхэпсэукI псори къызэщIэзыубыдэ «инфраструктура» псалъэр, нэхъыбэу ухуэныгъэ Iуэхухэм ятеухуауэ. «Бзэм и инфраструктурэм» къегъэлъагъуэ ар къыщыщхьэпэ лъэныкъуэхэр: дэфтэрхэр ирыратх, къалэми къуажэми щолажьэ, нэхъыжьри нэхъыщIэри иропсалъэ, щIэныгъэбзэу къагъэщхьэпэ.
УФ-м щызекIуэ къэралыбзэхэр нэгъуэщI зы мардэкIи гупищу ягуэш: къэрал зэхуакухэм щызекIуэ, лъэпкъыбзэ, щIыналъэбзэ. Иужьрейм хиубыдэхэр: адыгэбзэ, алтаибзэ, шэшэныбзэ, тэтэрыбзэ, къалмыкъыбзэ. Абы къикIыр мыхэр щIэныгъэм, IэщIагъэлI лэжьыгъэхэм, СМИ-м, къэрал кIуэцIым щылажьэ тетыгъуэм къыдигъэкI дэфтэрхэм къыщагъэсэбэпу аращ. Гу зылъытапхъэ: адыгэбзэр зэратхар «адыгеибзэущ». Абы и щхьэусыгъуэнкIи хъунур «къэбэрдей», «шэрджэс», «адыгэ», «адыгей» фIэщыгъэхэр зы бзэм зэрехьэлIар гурыIуэгъуэми, политикэ е щэнхабзэ тхылъхэм ахэр иджыри зэтехуэу зэримытырщ.
Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэу, УФ-м и Президент Путин Владимир Къэрал Думэм унафэ хуищIащ накъыгъэм и 1-м и пэ къихуэу, «Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» хабзэм и проектыр ягъэхьэзырыну. Абы щыубзыхуауэ щытын хуейщ къэралым щызекIуэ лъэпкъыбзэхэм ящыщу дэтхэнэ зыми и щытыкIэр.
Хабзэм и проектыр зыгъэхьэзырынухэм якIэлъыплъынущ премьер-министр Мишустин Михаил, Президентым и чэнджэщэгъухэу Ярин Андрейрэ Ямпольская Еленэрэ. Президентым и унафэм кърикIуар 2025 гъэм накъыгъэм и 1-м фIэмыкIыу къагъэнэIуэн хуейщ. Абы къикIращи, Урысейм щызекIуэ бзэхэр зэрахъумэну хабзэщIэ ягъэхьэзырынущ мазитхум и кIуэцIкIэ. Нэхъапэу РАН-м къриIуауэ щытащ «къэралым къару зиIэу щызекIуэ бзи 155-р».
Бзэхэр хъумэнымкIэ программэр 2034 гъэ пщIондэ укъуэдияуэ лэжьэнущ, абы и фIыгъэкIэ, илъэси 10 - 12-м къриубыдэу, Урысейм щызекIуэ бзэхэм къаруущIэ къыхагъэхьэжыну я мурадщ. 2025 - 2026 гъэхэм а псори къызэщIэзыубыдэ къэрал IуэхущIапIэ зэрагъэпэщынущ. Абы и къалэну щытынущ дэтхэнэ бзэми и щытыкIэм кIэлъыплъыну, абыхэм епха политикэ Iуэхухэр къыдихыну, гу зылъытапхъэхэр къыхагъэщхьэхукIыну. 2027 - 2034 гъэхэм анэдэлъхубзэ зэмылIэужьыгъуэхэм елэжь центрхэр нэхъыбэж ящIынущ.
УзыщыгуфIыкIыпхъэ Iуэхушхуэщ интернетым дяпэкIэ щылэжьэну «Яндекс-зэдзэкIакIуэ» Iэмэпсымэм адыгэбзэм и къэбэрдей-шэрджэсыбзэ къудамэмрэ балъкъэрыбзэмрэ изэгъэным елэжьа IэщIагъэлIхэмрэ абыхэм ядэIэпыкъуа егъэджакIуэ 80-мрэ яхузэфIэкIар. «Мы проект телъыджэр хиубыдащ ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм 2022 гъэм игъэIуа лъэпкъыбзэхэм я илъэсипщIым. Лъэпкъ куэд зэрыс ди къэралым дежкIэ апхуэдэ IуэхуфIхэм я уасэр къэлъытэгъуейщ», - щыжиIауэ щытащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек егъэджакIуэхэмрэ проектым и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ щаIущIа зэхуэсым.
Нэхъыбэу зи цIэ къыхэщри фIыщIэ зыхуэфащэри «Черкесский ренессанс» («Адыгэ къэщIэрэщIэжыгъуэ») жылагъуэ зэгухьэныгъэр зыгъэлажьэ Жылэгъащтэ Хьэчим, абы и IT унэтIыныгъэм и унафэщI Сэрахъэ Алан, Налшык дэт школ №4-м и еджакIуэ Мамхэгъ Алим сымэщ.
«Советская молодежь» газетым и корреспондент Урыс Гульнарэ ирита интервьюм 11-нэ классым щIэс Мамхэгъ Алим щыжиIащ зэрыцIыкIурэ компьютерым дихьэхыу зэрыщытар, анэдэлъхубзэми лъагъуныгъэ куу зэрыхуиIэр. «Иджыпсту щIалэгъуалэми нэхъыжьыIуэхэми зыгуэр къащIэну щыхуейм деж, къалъыхъуэр тхылъкъым. ЗанщIэу телефоным мэIэбэ. Сэ фIы дыдэу солъагъу си анэдэлъхубзэр. Ар нэхъыфIу ящIэным щIэхъуэпсхэр зэрыкуэдри сощIэ, абыхэм садэIэпыкъуну сыхуейуэ арат. Илъэс блэкIам телеграм-бот-зэдзэкIакIуэ къызэзгъэпэщат, псалъэхэр ди бзэмкIэ зэридзэкIыу. Ар хьэзыр хъуа нэужь, «Черкесский ренессанс»-м срагъэблагъэри, акъыл IэрыщIыр къэбгъэщхьэпэу, адыгэхэм я щэнхабзэри тхыдэри интернетым адыгэбзэкIэ ибгъэзагъэ зэрыхъунум дытепсэлъыхьауэ щытащ». ЩIалэхэм я гупыжыр лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ министр КIурашын Анзор щыбгъэдалъхьэм, апхуэдэ жэрдэмхэмкIэ грант щызыIэрагъэхьэфыну зэхьэзэхуэм хэтыну иригъэблагъэри, я Iуэхур ипэкIэ зэрагъэкIуэтэну мылъку къаIэрыхьащ щIалэхэм. АдэкIэ лэжьыгъэр къадиIыгъащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Езауэ Анзор икIи адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ гупыр дэIэпыкъуэгъу къахуищIащ.
Зэрытлъагъущи, уи бзэр фIыуэ зэрыплъагъур къызэрыпхуэгъэлъэгъуэну Iэмалхэр гъунэжщ. Апхуэдэ жэрдэм зи куэд щIалэгъуалэм къулыкъущIэхэм зыкъыщIагъакъуэмэ, яхузэфIэмыкIын щыIэкъым.